ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил
Адыгэпщ ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил Лермонтовым и «Исмэхьил-бей» поэмэм къызэрыхэщымрэ тхыдэм къызэрыхэнамрэ
И сабиигъуэ насыпыфIэр
Адыгэм и гум щыщIеупскIэ,
И нэпсхэр имубыдыжыфу,
ПлъапIэ иIахэм щегупсыскIэ.
ГубампIэр пIалъэкIэ мэункIыфI,
ГурыщIэ хьэлъэу Iуимыхуф
ФIэщIахэр хуэмурэ щхьэщокI,
И нэгум нэхур щызэблокI.
И гур хегъахъуэ, къыфIилъэту,
Зэрыадыгэм, мыр и Хэкуу.
Лермонтов, «Исмэхьил-бей»
Шэчышхуэ къыхэмыхуэжу, дызэрыт зэманым тхыдэтххэмрэ литераторхэмрэ зэакъылэгъущ урыс усакIуэшхуэ Лермонтов Михаил и «Исмэхьил-бей» поэмэр ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил, Темрыкъуэ и къуэм зэрытеухуамкIэ. ИтIани илъэс пщыкIуий фIэкIа мыхъу усакIуэ щIалэм зи щхьэ трича кIадэм и лъащIэм нобэми дынэсакъым. А лъэныкъуэмкIэ литературэр нэхъ жыжьэ кIуэтащ тхыдэм нэхърэ, сыту жыпIэмэ, тхыдэ щIэныгъэм ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил теухуауэ къиIуатэм иджыри еплъыкIэ зэтемыхуэхэри жэуап зымыгъуэт упщIэхэри щыкуэдщ. Ауэ зи щIэщыгъуэр имыкI поэмэмрэ ар зытеухуа цIыху къызэрымыкIуэмрэ щызэплъыткIэ, гу зылъытапхъэ тхыдэ напэкIуэцI гъэщIэгъуэнхэр къызэIуокI. Лермонтов и Исмэхьил-бейрэ Исмэхьил дыдэмрэ зыгуэркIэ зэрызэщхьэщыкIыр плъагъуми, абыи хуэхьэзыру къалэмыр къэзыщта усакIуэр и плъапIэм темыIэбауэ пхужыIэнукъым:
Зэм гуащIэ, зэм нэщхъей а хъыбарыжьыр
Си Хэку щысIуэтэжыну сщIащ гупыжи,
Зыгуэрхэм къащыхъунуми мыпэж,
Сэ къызэрысщэхуауэ фызощэж.
ЦIыхухэм Iущыгъэ гуэр абы хахыну
Сыхуейкъым щэхуу мащэм здесхьэхыну.
ХьэтIохъущокъуэм и лIыгъэм Лермонтовым хуэдэ усакIуэ къызэрилэжьам хуэдэ къабзэу, урыс усакIуэм и къалэмми хуэфащэт Исмэхьил хуэдэ цIыхушхуэм и сурэт къызэринэкIыну. ТелъыджитI щызэуIуа дунейм, ар усыгъэмрэ тхыдэмрэ къыздагъэщIа дунейуи дощIри, апхуэдизыфI зэрыщызекIуэр щынэрылъагъукIэ, «къэбэрдейхэр» жезыгъэIэфа ХьэтIохъущокъуэпщхэм я лъэхъэнэр дауэ зыщыдгъэгъупщэн, дыдэмыплъеижыфми, дыхуемыхъуэпсэкIыжу?!
Европей щэнхабзэми хэзагъэу, зытетми тетыжу
Къэфкъаз зауэм теухуа лэжьыгъэхэм я нэхъыбэм лей зезыхьэ урыс къулыкъущIэхэмрэ абыхэм къарукIэ япэщIэта щIалэ хахуэхэмрэ уащрохьэлIэ. Зы лъэныкъуэкIэ лъэпкъым и ней зыщыхуахэу, бийм жыIэщIэ хуэхъуа епцIыжакIуэхэр къыщытщ; адреймкIэ – зэрыпхъуакIуэм пэмылъэщами, захуагъэм тету хейуэ зи псэ зыта хэкулI цIэрыIуэхэм я сатыр мыухыжыр ирокIуэ. Абыхэм уащытепсэлъыхькIэ фIыр - Iейм, хужьыр – фIыцIэм хэгъуащэкъым. Нобэ дызытепсэлъыхьыну ди мурад ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил и шыфэлIыфэр а лъэныкъуитIым худиIэ бгъэдыхьэкIэмкIэ къыпхуэгъэлъагъуэкъым. Сыту жыпIэмэ, абы и гъащIэр а сатыритIым и къэтхъыхьым ибгъэувэу, абыкIэ пхузэфIэхыу гурыIуэгъуэ къэпщIыфыным пэжыжьэу, нэхъ куууэ, нэхъ зегъэубгъуауэ, нэхъ узыхуэмызэрейуэ щытщ. Ар езыр зи цIэ урыс пащтыхьхэм я деж нэIус къулыкъущIэу урысыдзэм хэтт, Екатеринэ ЕтIуанэми, Александр Езанэми яцIыхуу. Ауэ и адэжьхэм я фIэщхъуныгъэм епцIыжу хамэм яхэшыпсыхьыжахэми, къызыхэкIам езэуэжу лъэпкъыр зэзыгъэбгахэми ящыщакъым. И цIыху щIыкIэкIэ ар хамэр и лъэпкъым къезыгъэхъуапсэхэм яхуэдэт. Урысхэм абы пщIэ лей къыщIыхуащI щхьэусыгъуэхэм язт ар езыхэр зыщIэхъуэпс европей щэнхабзэми хэзагъэу, зытетми тетыжу къызэрынэфыр. Лермонтовым IэщIэкIынкIэ Iэмал зимыIа а хьэлым пщым и псэм къещэу Къэфкъазым къэкIуа бийм нэгъунэ гу лърегъатэ:
Уэ уощIэ урыс къулыкъущIэу
Зэрыщытар Исмэхьилыпщыр;
Еджарэ пэт, дэ къытхэтыху
Къэхъуакъым хэкур и гум щиху,
Уеплъам зэрыадыгэр IупщIу.
Лъыгъажи джэгуи щыуэлийт,
КъахэлыдыкIыу…
«Исмэхьил-бей, адыгэ лъэпкъхэм я нэхъыфIым къыхэкIащ, зи щIыхьыр ин уи император унафэм подполковник къулыкъур зэрихьэу щIэтщ, хахуэрэ псэемыблэжу Очаков деж щызэуащ; иджы шведхэм япэщIэтуи и лIыгъэр къигъэлъэгъуэну щIохъуэпсри нызогъакIуэ мывэ лъапIэкIэ гъэщIэрэщIа медаль тыгъэ къыхуэпщIыну зызгъэлъахъшэу сынолъэIуу», - зыхуегъазэ мин щибл ищIрэ бгъу гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм, пащтыхь гуащэм и къуэдзэ нэхъыщхьэу щыта джыназ Потёмкин Григорий, Швед-Урыс зауэ къэхъеям кIуэну щIэлъэIу ХьэтIохъущокъуэр Бытырбыху щиунэтIым. Исмэхьил и цIэр къыщыхощ мин щибл ищIрэ и – мин щибл бгъущIрэ зы гъэхэм екIуэкIа Урыс-Тырку зауэми. Урыс дзэзешэ цIэрыIуэ Суворов Александр, «Измаил» тырку быдапIэр къызэращта ехъулIэныгъэм теухуауэ зи гугъу тщIа Потёмкиным хуригъэхь тхыгъэм щыжеIэ: «Бийм сэмэгумкIэ зритати, подполковник пщы Исмэхьил-бейрэ абы и гъуса Преображенскэ полкым и поручик Гедеоновымрэ псэемыблэжу зауэхэурэ ахэр зытета лъагапIэр яубыдащ». Ар зыIэрыхьа джыназышхуэм дамыгъэ зратынухэр пащтыхь гуащэм щыхуигъэлъагъуэм, Исмэхьил теухауэ хутретхэ: «…ауэ муслъымэнщи, унафэ зэрыпщIщ».
Къэзакъхэ Аслъэн, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, журналист:
Мин щибл ищIрэ блы - мин щибл бгъущIрэ зы гъэхэм екIуэкIащ Урыс-Тырку зауэ. Тыркум Урысейм Кърымыр къыIэщигъэкIыжын папщIэ кърищIылIа мы зауэм Урысейм и лъэныкъуэкIэ зи бжыгъэр мин зыбжанэм нэблагъэ къэбэрдеидзэ ягъэкIуат, Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъстэнеймрэ щыщ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ яхэту, генерал Горич я унафэщIу. Дзэм къыщагъэлъэгъуа хахуагъэм ипкъ иткIэ адыгэ лъэпкъ хэIэтыкIахэм щыщ куэд поручикым щегъэжьауэ подполковникым нэс яIэту офицер ящIахэт. А зауэ дыдэращ урыс импер къэралыгъуэм Аущ-Джэрджий и вагъуэр япэ дыдэу муслъымэным - ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэ и къуэ Исмэхьил - щыхуигъэфэщар. Буг къэзакъыдзэм хэт подполковникым (иужькIэ полковник ящIащ) ар мин щибл бгъущIрэ зы гъэм гъатхэпэм и тIощIрэ тхум къыхуагъэфэщащ мин щибл бгъущI гъэм урысыдзэм «Измаил» тырку быдапIэр къыщищтэм зэрихьа лIыгъэм ипкъ иткIэ.
Къэзакъхэ я щIалэм зи гугъу ищI дамыгъэм теухуа хъыбарырщ Лермонтов и «Исмэхьил-беймрэ» ХьэхъупащIэ Iэмырхъан къиIуэтэжа «Щэджащэ» уэрэдыжьым къыхэщ ХьэтIохъущокъуэ Исмел-псыгъуэрэ зы нэрыбгэу хуэбгъэфэщэным утезыгъэгушхуэр. Уэрэдыжьым и адыгэбзэ IукIэр зыщIыпIи зэрыщыдмыгъуэтыжым къыхэкIыу, и мыхьэнэр литературэдж Андреев-Кривич Сергей и «Лермонтов и «Исмэхьил-бей» поэмэм теухуауэ» тхыгъэм зэритым хуэдэу къыдогъэсэбэп. КъэумысакIуэм зэрыжиIэмкIэ, абы уэрэдыр къыхицIыхукIынымкIэ Шортэн Аскэрбий къыдэIэпыкъуащ, уэрэдым и псалъэхэр мин щибгъу плIыщIрэ тхуы гъэм дыгъэгъазэм и тIощIрэ бгъум Теунэ Хьэчим, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Елбэд Хьэсэн сымэ урысыбзэкIэ хузэрадзэкIащ:
Хэт и уэркъхэм шыфIхэр езыту
итам щIэмыфыгъужыр?
ХьэтIохъущокъуэ Исмел – псыгъуэрщ!
МахуэкIэ ар дунейгъэдахэт,
жэщкIэрэ бийр зыгъэгулэзт…
Уэращ Къэбэрдейм япэу къыщхьэщыжар…
ХьэтIохъущокъуэм хуэзэну къызыхуихуа урыс къулыкъущIэхэри щыхьэт тохъуэ ар «дунейгъэдахэу», нэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыху лъагъугъуафIэу зэрыщытам. Мин щий бгъуы гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыIа Стегман Л. Р. дохутырым и гъуэгурыкIуэ тхыгъэхэм щыжеIэ: «Къэбэрдеипщ Исмэхьил-бей щызэзгъэцIыхуащ Мэздэгу. Ар урысыдзэм полковникыу хэтщ, Георгий и орденым и кавалерщ, улахуи кърат. И хэкум зэман кIыхькIэ пэIэщIэу щытами, ар абы зыкIи нэхъ гущIыIэ хуэмыхъуауэ лъэIэс зэпытщ. И щхьэгъусэмрэ и къуэмрэ абы щопсэу, щIалэ цIыкIур къэбэрдей уэркъ гуэрым и нэIэ щIэтщ. Пщыр урысыбзэкIи франджыбзэкIи мэпсалъэ, лъагэщ, бжьыфIэщ, щIэныгъэ зиIэ цIыху гъэсам и щэн дыболъагъу».
Лермонтовми Исмэхьил-бей япэу ущыIуигъаплъэкIэ Стегман екIуу зэщIилъхьа теплъэмрэ купщIэмрэ щызэзэгъ шыфэлIыфэ гурыхь нэгум къыщIегъэувэ:
Хэт хъуну-тIэ мы гъуэгурыкIуэр?
Урыс? Хьэуэ! Цей къызэрыкIуэ,
Къэптал, хъур пыIэ, щхьэрыхъуэн;
И кIэрахъуалъэм, сампIэ щIыкIэм
«Куэд текIуэдакъым»,- хужыпIэнщ.
Бгырыпх щIэпхащ иджыри щауэм,
И сэшхуэр мащIэу мэбыркъауэ.
УпщIэ фочылъэм илъу Iэщэр
Хужьыфэу и плIэм къыщотIей;
Уанэгум ис бгырыс шууейр
Къэзакъым сыту езмыгъэщхьрэт?!
Пэжщ, сыщыуакъым – ар адыгэщ!
Ауэ щытами къамылыфэу,
Нэхъ сырыхуфэ къытеуащ;
Хэтыху ищхъэрэ хьэуа псыIэм
Ипщэрэ дыгъэр хэкIыжащ.
ИтIани IупщIщ зэрыадыгэр!
И набдзэр Iувщи, къашыргъэнэщ,
Нэбжьыцхэр фIыцIэщ икIи кIырщ,
ПсынщIэу мэIэбэ, и гур илъщ;
ХамэщI щыхабзэр зимыщэным
И пащIэ-жьакIэр имыупс;
Тенджыз тхъурымбэуэ къыIупс
Дзэ сатыритIри хужьыпсщ.
Европей щIэныгъэмрэ урыс къулыкъумрэ къызыхэкIар ящызмыгъэгъупщэжыфа щIалэм хузэгуэпу, мин щийрэ и гъэм генерал Дельпоццо Иван, ХьэтIохъущокъуэм теухуауэ и унафэщIхэм хъыбар яхурегъэхь:
«Пщы ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил дзэм хэтащ, иужькIэ Екатеринослав ирагъэкIри илъэс бжыгъэкIэ щыпсэуащ, итIанэ Бытырбыху зэманкIэ дэсащ. Георгий лъапIэм и жорым и еплIанэ нагъыщэмрэ налкъутналмэскIэ гъэщIэрэщIа медалрэ зэрехьэ. УрысыбзэкIи франджыбзэкIи мэпсалъэ икIи матхэ, улахуэу сом минищ къехь. Апхуэдиз фIыгъуэ зылъысам теухуауэ сытыт узэгупсысын хуейр? Пэжщ, ар Гумкъалэ щопсэу, ауэ адрей псомкIи ар узэрыщымыгугъын защIэщ: и щхьэгъусэр Къэбэрдейм щиIыгъщ, илъэсипщI зи ныбжь и къуэр уэркъ щIалэ акъылыншэ гуэрым иригъэгъэсэну иритащ. Къэбэрдейм щыкIуэкIэ жорри, медалри, лентIри зыпщIэхехри и жыпым ирелъхьэ».
ХьэтIохъущокъуэм жорыр и жыпым зэрырилъхьэр Лермонтов Iэзэу къыщигъэсэбэпащ и поэмэм и кIэухым. ЗэрытщIэжщи, Исмэхьил-бей яукIа нэужь, ар щIалъхьэжыну ежа къомым чыристан дамыгъэр къызэралъагъуу, «джаур хъуар щIым щIэлъыну хуэфащэкъым» жаIэри хыфIадзэж, тхылъеджэм Iуэхур зытетыр къыгурымыIуащэу. Къэхъуар нэхъ IупщI ещI ХьэхъупащIэ Iэмырхъан уэрэдыжьым дэщIыгъуу къихь хъыбарым:
«Ар кIуэ пэтми нэхъ куууэ пащтыхьыдзэм хэкIуатэурэ зауэрт, езым къыкъуэтхэр и щIыбкIэ къызэринэкIауэ. И Iэ сэмэгур зэрауIам щхьэкIэ къэмынэу, ар махуэ псокIэ мыувыIэу зэуащ, и Iэпкълъэпкъым шэхэр хэз хъуа пэт, къимыкIуэту. ИкIэм ар шым къехуэхащ… ХьэтIохъущокъуэ Мусэ-кIыхь Исмел бгъэдэхьэу и къэпталыр щитIатэм, и бгъэм жор телъу къилъэгъуащ. «Си къуэшыр джаур хъуащ, и пщэм жор илъщ», - жиIэщ абы гущыкI хэлъуи, и къуэшым и щIыб хуигъэзащ. АрщхьэкIэ адрейхэр арэзы хъуахэкъым. «Ар пащтыхьым и тыгъэу аращ», - жаIащ абыхэм. Исмел къаIэтыжри жорыр зэрыпщIэхэлъым хуэдэу Псыныбэ деж щыщIалъхьэжри фэеплъ сыни трагъэувэжащ».
Уэрэдыжьым щызэхуэмыхъу гуэрхэр, псалъэм папщIэ, ХьэтIохъущокъуэр дунейм ехыжа нэужь, «жор» зыфIаща Аущ-Джэрджий и вагъуэр Бытырбыху зэрырагъэхьыжар, Псыныбэр зэры-Псынабэр зэригъэзэхуэжурэ, Андреев-Кривич итIанэми шэч къытрихьэркъым Исмел-псыгъуэр зэры-ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьилым. Абы тегъэщIапIэ ищI уэрэдыжьыр адыгэбзэкIэ утыку щIимылъым и щхьэусыгъуэр тщIэркъым, ауэ совет лъэхъэнэм и гугъу умыщIыххи, Лермонтов и тхыгъэр пащтыхь зэманми пхыкIыгъуафIэу щытакъым, нобэми ар зэрызекIуэр плъырхэм хагъэкIа Iыхьэ гуэрхэр чэмущ.
ИтIани ХьэтIохъущокъуэр Урысей къэралым и дзэпщ зызымыгъэцIыкIухэм зыщIагъэщIагъуэ зауэлI лъэрызехьэу щытами, апхуэдэ дыдэу Лермонтов и поэмэм хахуэу къыхэщми, ар мин щийрэ плIы гъэм хэкум къэкIуэжа нэужь, урысхэм езэуауэ жызыIэ тхыдэ дэфтэр зэкIэ къытIэрыхьэркъым, къызэринэкIа тхыгъэ мащIэми апхуэдэ гукъыдэж иIэххауэ къыхэщкъым.
Ди лъэпкъыр зэкъуэткъым, псори зэзыгъэдэIуэн тхьэмадэ диIэжкъым
Тхыдэ щIэныгъэлIхэр иджыри мэчэнджащэ пщыр дунейм къыщытехьами Урысейм щыкIуа зэманми теухуауэ. Нэхъ куууэ Iуэхум хэплъахэм ящыщ тхыдэтххэу Косвен Марки, Тыгъуэн Рашади тегъэщIапIэу къащтэ Исмэхьил мин щийрэ тхуы гъэм къэбэрдей хасэм и пащхьэ къыщихьэм «илъэс тIощIым нэблъэгъэнщ сэ хэкур зэрызыбгынэрэ» жиIауэ зэрыщытамрэ Лермонтов и поэмэм ар илъэс пщыкIуплIым хэкум икIауэ къызэрыхэщымрэ:
Пщы Рослъэмбэч зэгуэрым къуэш иIат
Ягу имыхужу гуп ахъырзэманхэм.
Ар адэм Урысейм иригъэшат,
IэщIагъэкIат я плъапIэр урыс къану.
Илъэс пщыкIуплIым ибгынакIэт щIалэм
И сабиигъуэр щигъэкIуа щIыналъэр,
Хамэ хэгъуэгу и хабзэр зыхилъхьапхъэу!
УсакIуэм жиIэмрэ езы Исмэхьил и жьэ къыжьэдэкIамрэ ипкъ иткIэ, Косвен ХьэтIохъущокъуэр мин щибл блыщIрэ зы гъэм къалъхуауэ хуегъэфащэ, Тыгъуэным – мин щибл тхущI гъэм, абы Дзэмыхь Къасболэти и акъылэгъущ. IупщIкъым Исмэхьил Урысейм щыкIуа гъэри.
Мин щий хыщI гъэм Исмэхьил и адэ Темрыкъуэ хьэж ищIауэ къыщыкIуэжым, Кърымым илъэс зыбжанэкIэ къэнат, абы и адэшыпхъу Жан (урысхэм къагуэхьа нэужь, Дондуков-Корсаков унэцIэр къызытекIа унагъуэр) къалмыкъ хъаным и щхьэгъусэт. А лъэхъэнэм КъуэхьэпIэ адыгэхэр Тыркум и жьауэм щIэту, Къэбэрдейми Урысейм и нэIэ къытету екIуэкIт, ауэ Темрыкъуэ Тыркум иджыри имутIыпща Кърымым и гукъыдэжхэм нэхъ егъэщIылIауэ, абы нэхъ ядищтэу щытауэ хуагъэфащэ. Хьэжым къикIыжа нэужь, абы Псыжь пэгъунэгъуу Хьэжы-къалэ щиухуауэ щытащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, Темрыкъуэ и мурадт Къэбэрдейм экономикэм зыщиужьын хуэдэу, щэн-къэщэхун Iуэхухэм зригъэубгъуну, Кърымым къыщикIыжым Iэщэ къыздиша хуэдэуи хъыбархэм къыхощ. Гу лъытапхъэщ Темрыкъуэ а зэманым хьэж зэрищIар Iуэху цIыкIуу зэрыщымытам. Абы и щыхьэтщ а хъыбарыр Нэгумэ Шорэ и тхылъ цIэрыIуэм зэрихуар. «ЦIыхубэм и зы Iыхьэм ХьэтIохъущокъуэхэ къащта муслъымэн диныр зэрахьэт, - щетх Нэгумэ Шорэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм». - Мы унагъуэм щыщ зы, Темрыкъуэ, Мэчэм хьэжыщI щыIат. Тэтэрыбзэ зыщIэ абы и къуэш Адэлджэрий цIыхухэм муслъымэн диныр къаригъэщтэн щIидзэщ, мэжджытхэр иухуэри, молэхэри игъэувауэ щытащ».
КъэумысакIуэхэм иджыри хуагъэфащэ а лъэхъэнэм ТыркумкIэ нэхъ гъэзауэ щыта къэбэрдеипщхэм я унафэкIэ Темрыкъуэ илъэс зыбжанэ а къэралым щрихьэкIауэ. Исмэхьил абы щыдыщIыгъуауэ плъытэмэ, щIалэм хьэрыпыбзэрэ тыркубзэрэ зэрищIэм и щхьэусыгъуэри наIуэ мэхъу, - щыжеIэ Дзэмыхь Къасболэт «Адыгэхэр: тхыдэм и Iыхьэ щхьэхуэхэр» тхылъым. ЩIэныгъэлIым а хуэгъэфэщэныгъэр щIегъэбыдэ генерал-майор Савельев И. Д. и псалъэхэмкIэ: «Пщыхэм яз ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэ-хьэжы иджы полковник ящIа и къуэ Исмэхьил и гъусэу зауэм ипэ Кърымым кIуэри Кафэ (Феодосие) къалэр къащтэху щыIащ». «Абы ипкъ иткIэ, – етх Дзэмыхьым, - ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэ и къуэ Исмэхьил и гъусэу мин щибл хыщIрэ и – мин щибл блыщIрэ зы гъэхэм Кърымым щыIауэ плъытэ хъунущ».
ТхыдэкIэ тегъэщIапIэ зыхуэдмыгъуэтхэм я зы щапхъэщ Лермонтов ар анэ зыщхьэщымытыж сабийуэ, лъыщIэжэгъум ирихужьа и адэм и гъусэу къэхъуауэ зэрыжиIэр:
Телъакъым данэу къэжэр алэрыбгъуи,
Ежьу Iущащэ щIэмыжеикIа,
Къыщхьэщытари жэщ кIыфI гужьеигъуэрщ,
Борэн фий макъырщ Исмэхьил зыпIар!
Дунейр и нитIым гуфIэу къыщалъагъум,
ХуэгуфIэжар псом япэ уафэгъуагъуэрщ!
ЗыщигъэпщкIуауэ щэхуу бгъуэнщIагъ кIыфIым,
Къуэш бзаджэнаджэм, Бейболэт лъыифым
Ирихужьа и адэр зыщIэсам,
Хэхэс хъуагъэххэу гъащIэр къылъысат!
ЦIыху лей нэхъей, дунейм ар къыщытехьэм
ЩыгуфIыкIыну зы псэ щымыIа;
Гуэныхь темылъми, гъащIэр къыщIидзат
Нэхъыбэм зэраухым ещхьу, IейкIэ.
Анэм и IэфIыр къылъэIэсыххакъым:
ЩIакIуэм и хуабэрщ япэу зыхищIар,
И сабиигъуэр игъэкIуащ щхьэзакъуэу;
И гущэр жьыбгъэрщ хущIэзыупскIар,
Мазэгъуэрщ дэджэгуэгъуу игъуэтар!
«Ди адэм и унафэм седаIуэри, си гум къыщIитхъыу сикIауэ щытащ сэ ди хэкум. Урысейм сыкIуащ, сфIэмыфIми. Я хабзэри сигу техуэтэкъым сащыхыхьагъащIэм. Гугъу сыдехьурэ зэзгъэщIащ я бзэр, ар зэзгъэщIа нэужьщ я хьэл-щэнкIэ нэхъ щысцIыхуар. Дэ тхэмылъ куэд ядэслъэгъуащ абыхэм, ядэслъэгъуащ дэ зэдмыгъэкIу куэди», - щыжеIэ ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил мин щийрэ тхуы гъэм Къэбэрдей хасэм и пащхьэм.
«Мин щибл блыщIрэ блы гъэм ХьэтIохъущокъуэхэ, Мысостхэ, Жамботхэ урысхэм амэнэтхэр иратри яхуэпэжыну тхьэ яIуащ», - дыщрохьэлIэ дэфтэр гуэрым. Нэхъ пасэу дызытепсэлъыхьа а лъэхъэнэр Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ ткIийуэ щызэпэщIэува зэмант. Къэбэрдеипщхэр икIуэтыху «амэнэт» зыфIаща щIалэ цIыкIухэр – нэхъыбэу пщы-уэркъхэм я бынхэр - Урысейм яшэт, къызыхэхьэжыну лъэпкъыр Урысейм жыIэщIэ хурагъэщIыныр къыхуамураду. А щапхъэм тетами темытами, дызытепсэлъыхь ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьили, абы и къуэш нэхъыщIэ Адэлджэрии, и адэкъуэшым и къуэ Мысост Рослъэмбэчи Урысейм щеджауэ, урысыдзэм къулыкъу щызэрахьауэ хэкум къэкIуэжахэт. Тхыдэтххэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар зрихьэлIар Потёмкин Григорий дунейм щехыжа лъэхъэнэрщ. Дэфтэр куэдым къыхощ Потёмкин-Таврическэр къэралым и Iуэхузехьэ нэхъыщхьэу щытыху, ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил абы и Iэгъуэблагъэм итауэ, абы и фIыгъэкIэ Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ я зэхущытыкIэри нэхъ къаугъэншэу екIуэкIауэ. Ауэ езы урыс къулыкъущIэхэм зэралъытэмкIэ, я лъэпкъым хачу Урысейм щрагъэджахэр хамэм ягу щыкIыпауэ къекIуэлIэжхэрт. А гурыщIэ дыдэр Лермонтов пкърелъхьэ къэкIуэжагъащIэ Исмэхьил-бей. Хэкум зэрихьэжу, абы кIуэрыкIуэм тету лажьэ зимыIэ къэзакъ щIалэр IэщIоукIэ:
И шыр бгъэдехуэри захуабзэу,
ЩIоупщIэ урысыбзэ къабзэу:
«ЖыIэт, къэзакъ, мы Iэгъуэблагъэр
Куэд щIауэ нэщI мы зэрытлъагъуу?»
«Уи лъэпкъ мышынэу къигъэщIам
Урысхэм щышынэн щыщIидзэм,
ХамэщIхэм зыщытIфIигъэпщкIуащ;
Илъэс етхуанэр нобэ къидзэ».
Къэзакъыр щымщ; арщхьэкIэ уэ
Адыгэм, сэшхуэ Iэпщэр пкъузу,
КъыпщыщIыр зэрыгъэщIэгъуэн!
Сыт-тIэ пыгуфIыкIам урысыр?!
Еууей! Хуэфащэр къыщыщIащ:
Лъыр щIож; псэр хэкIри диижащ
Къэзакъыу гушыIэн зыфIэфIыр…
«Амэнэтхэм я нэхъыбэр а зэманым щыIа урыс тетыгъуэм и бий кIэуфIыцIу я хэкум къекIуэлIэжхэти зэрахузэфIэкIкIэ я губжьыр урысхэм тракъутэт. Апхуэдэ леймыгъэгъухэм я зы щапхъэщ амэнэту щыта Исмэхьил-бей, а цIэр зезыхьэ Лермонтов и поэмэм и лIыхъужьыр», - жеIэ япэу ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил и цIэр Лермонтов и поэмэм езыпхауэ хуагъэфащэ Пожидаев В. П. АрщхьэкIэ Косвен Марк абы и акъылэгъукъым. «ХьэтIохъущокъуэр амэнэту зэи щытакъым, - жеIэ щIэныгъэлIым. - Лермонтов и Исмэхьил-бейр тхыдэм хэта ХьэтIохъущокъуэм къызэрытращIыкIар зыукъуэдияр Андреев-Кривичщ. А къэумысакIуэм и фIыгъэщ зэи утыку имылъа ХьэтIохъущокъуэм теухуа архив дэфтэрхэр утыку къызэрырихьар, и гъащIэ гъуэгур нэхъ IупщIу уигъэлъагъуу. Арами, Исмэхьил Андреев-Кривич къызэригъэлъагъуэм хуэдэу щытауэ тхыдэр щыхьэт техъуэкъым». Косвен тригъэчыныхьу жеIэ: «Кавказ къулыкъущIэхэм я тхьэусыхафэхэм тхылъеджэр игъэбэлырыгъын хуейкъым ХьэтIохъущокъуэм и политикэ плъапIэхэм я IуэхукIи Къэбэрдейм абы щрихьэкIа гъащIэм теухуауи».
Косвен жиIэм щыхьэт тохъуэ ищхьэкIэ къыщытхьа, «Къэбэрдей Лъэпкъ Хасэм и пащхьэм мин щийрэ тхуы, мин щийрэ хы гъэхэм ХьэтIохъущокъуэ Исмел щыжиIа псалъэуэ» Къэрмокъуэ Хьэмид и фIыгъэкIэ адыгэбзэкIэ къэдгъэсэбэпыну Iэмал зыхуэдгъуэтыр:
«Къэрал лъэщым дыщригъунэгъукIэ, ар къызэрытхуэщхьэпэным иужь дитын хуейщ дэ, ди щхьэр тхъумэжын папщIэ. Фи фIэщ фщIы, си лъэпкъэгъу лъапIэхэ, ди акъыл дитыжмэ, ди гъунэгъу къарууфIэм и ней зыщыдгъахуэ зэрымыхъунур. Ди гум зэи имыху ди адэжь Iущхэм я уэсятщ а къэралышхуэм и жьауэм дыщIэтын хуейуэ. Фэри зэрыфщIэщи, динкIэ ди благъэ Тырку къэралыр къарууншэ дыдэ хъуащ… Къэжэрхэр муслъымэнми, зытетыр дэ дымыгъэкъабыл дин зехьэкIэщ (зи гугъу ищIыр зэрыщиитхэращ), я лIыщхьэхэр зэгурыIуэкъым, зы унафэ яIэкъыми, зыр зым щыхьэжауэ зэрошх. Дэри дызыпэмылъэщынум дыпэуври, ди щхьэр хэтлъхьащ, ди пщIэри ехуэхащ. Акъыл зиIэмрэ и хэкур фIыуэ зылъагъумрэ къыгурыIуэнщ дыщыунэхъуну махуэр къызэрыблэгъар. Зи щIыхьыр лъагэ хасэ, дэ псоми долъагъу икIи зыхыдощIэ ди хуитыныгъэр тфIэкIуэдынкIэ шынагъуэ зэрыхъуар. Апхуэдэ насыпыншагъэр, и щхьэр течауэ жысIэнщи, зи лажьэр дэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэ, уеблэмэ зэунэкъуэщхэми, ди акъыл зэтехуэкъым. Абы къыхэкIкIэ ди лъэпкъри зэкъуэткъым, псори зэзыгъэдэIуэн тхьэмадэ диIэжкъым. Пщы щIалэхэр нэхъыжьхэм едэIуэжкъым, я нэр щIалагъэм къыщепхъуэри, гу лъатэкъым ди лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къызэрыблэгъам: щхьэзыфIэфIхэм я зэранкIэ ди лъэпкъым къытохуэ ди гъунэгъухэм я губжьыр, дяпэкIи къытехуэнущ, абы дытетынумэ».
ХьэтIохъущокъуэм жиIэм тепщIыхьмэ, абы а зэманым и мурадтэкъым икIи фIэзахуэтэкъым узыпэмылъэщыну бийм упэщIэувэу зыбгъэкIуэдыжыныр. Зи гугъу ищI къэралхэм ар езыр и щхьэкIэ щыIат, я къару здынэсыр зауэлI IэщIагъэкIэ игъэунэхуат. Ауэ ХьэтIохъущокъуэр хэкум къэзышэжу а хасэр зэхуишэсын хуей щIэхъуа щхьэусыгъуэр IупщI хъун папщIэ, абы ипэ Къэбэрдейм щекIуэкIа илъэс зыбгъупщIым дримыплъэу хъунукъым.
Мин щибл бгъущIрэ зы гъэм Яссы къалэм Урысеймрэ Тыркумрэ щызэращIылIа мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Кърымыр Урысейм хыхьэри, мин щибл блыщIрэ плIы гъэм Кайнарджи ЦIыкIу зэгурыIуэныгъэмкIэ Тыркум Къэбэрдейр Урысейм зэрыритам и Iуэхури нэгъэса хъуат. Абдеж щыщIедзэ Къэбэрдей хэкур IыхьитI изыщIыкIа бэлыхьу Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ я зэпэщIэтыныгъэм.
Ар къызэрыхъуа щIыкIэм Хьэткъуэ Самир щытопсэлъыхь «Хьэжрэт Къэбэрдей» тхыгъэм. Мин щибл бгъущIрэ зы гъэм шэрихьэт хабзэр щызэтеува Къэбэрдейм, Урысейм езым и нэIэ щIэт суд щIапIэхэр къыщызэригъэпэщыну иужь йохьэ. «ХейщIапIэхэр къызэIуахыным щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар хабзэ Iуэхухэр Урысейм и бий щхьэмыгъазэ ефэндыхэм яIэрыхьати аращ, - къехь щIэныгъэлIым Грабовский Николай и тхыгъэм щыщ пычыгъуэ. – А ефэндыхэм муслъымэн диным и хабзэхэр къагъэсэбэпурэ къагъэтIасхъэрт Урысейм Къэбэрдейм щыщIикъузэн щIидза и унафэр».
Мин щибл бгъущIрэ зы гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдейм ит урысыдзэм и бжыгъэм хохъуэ икIи а илъэс дыдэм Гум деж быдапIэщIэ щагъэув. Мин щибл бгъущIрэ тIу гъэм Къэбэрдеймрэ ПсыжьадрыщIрэ я зэхуакум Дон къэзакъыдзэм и полких ирагъэтIысхьэну «Унафэшхуэ» къыдагъэкI, арщхьэкIэ къэзакъхэм зыкъаIэтри Iэпхъуэн ядэркъым. А гъэ дыдэм и мэлыжьыхьым Екатеринэ ЕтIуанэм Кавказым ит урысыдзэм и тепщэ Гудович Иван унафэ къыхурегъэхь Къэбэрдейр Урысейм щыщ хъупэн папщIэ ищIэн хуейхэр къыхуигъэлъагъуэу. «Къару къудейкIэ мыхъуу, зэрыхъукIэ феубзэурэ, захуагъэм фытетурэщ къызэрыдэфхьэхын хуейр бгырысхэр», - иджыри зегъэгумащIэ пащтыхь гуащэм.
Мин щибл бгъущIрэ щы гъэм Къэбэрдеишхуэми Джылахъстэнейми пащтыхь гуащэм и унафэкIэ урыс «Лъэпкъ хейщIапIэхэр» къыщызэIуах, суд щIапIэ нэхъ цIыкIухэм Мэздэгу щыIэ «ХейщIапIэ Лъагэр» къащхьэщыту. Къэбэрдейхэр Урысейм и гъунапкъэм унафэншэу икIыну хуимыту ягъэув. Лъэпкъым игъащIэ лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэхэр паубыд мэхъу: хьэщIагъэкIэ цIыху ирагъэблэгъэнуи (бийхэр ягъэпщкIуну Iэмал ямыIэн хуэдэу), гузэвэгъуэ зытелъым щтапIэ иратынуи, арыххэу зэхуэсынуи къыхуамыдэу къытракъузэ.
А унафэхэр зэрышэчыгъуейм и щыхьэту, тIэкIу ипэ дилъадэми, мин щий пщIы гъэм и жэпуэгъуэм ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьилрэ Булгаков-генералымрэ зэрызэщыхьауэ щытар дигу къэдгъэкIыжынщ.
КъалэкIыхьым пэмыжыжьэу, Балъкъ Iуфэ деж цIыхухэр щызэхэтщ жаIэу хъыбар зрагъэщIа Булгаковыр абыхэм яхохьэри щIызэхуэса щхьэусыгъуэм щIоупщIэ. Булгаковым и шугъусэ Левитскэм зэриIуэтэжымкIэ, абдеж дыдэм щыт ХьэтIохъущокъуэм, «и нэр мыджылу», цIыхухэр езым и гукъыдэжкIэ зэрызэхуишэсар щыжиIэм, генералым «Си унафэ хэмылъу мыпхуэдэу цIыхухэр зэхуэпшэсыну ухуиткъым», - жриIащ. Абы фIэкIа хэмылъу, ХьэтIохъущокъуэр, «и акъылым икIыным нэса фIэкIа умыщIэну» къэуцIыплъри: «УгушыIэу ара? Къэбэрдеипщ лъэпкъыжьу сыкъызыхэкIамрэ си нэхъыжьыгъэмрэ къызат сэ хуитыныгъэ цIыхухэр сыщыхуей щIыпIэм сыхуеиху щызэхуэсшэсыну», - жиIэри къыпэпсэлъэжащ.
Урыс унафэм къэбэрдейхэм я гъащIэр хъуэжыкIафIэ зэримыщIар Лермонтов и сатырхэми къагъэлъагъуэ:
Зэгуэр, ГумцIыкIу игъафIэ Iуфэм,
Жану щыщхьэпрылъу мывэм;
Мэшыкъуэ махуэ къигъэушыр
Бещто и къуагъым щыгъуэлъыжым;
ХамэщI гъунапкъэхэм бгъурысу
Щытхъэжт я къуажэхэм бгырысхэр.
Я ныбжьэгъугъэм иригушхуэт,
Игъуэтт гъуэгу тету къыIухьам
Бысым, хьэзырт и хьэщIэнышри;
Щхьэхуитт адыгэр, ехъулIат.
ХъыбаркIэ бгыхэм щхьэдахауэ
Я пщащэ дахэхэр зэкIужт;
Тхьэмадэ зи щхьэ къетхъухахэм
ЩIалэщIэхэр зэрагъэкIужт.
Уэрэдхэр нэжэгужэ защIэт,
Къыхэмыхьат абы я гъащIэм
Иджыри дыщи, урыс Iэщи!
«ХейщIапIэ судхэм я Iуэхур» Урысейм щхьэусыгъуэ зэрищIар Къэбэрдейр и щIыпIэм иIэпхъукIыным зэрыхуэкIуа щIыкIэм гунэсу топсэлъыхь тхыдэ щIэныгъэлI Ало Тимур:
«Мин щибл бгъущIрэ щы гъэм Урысейм Къэбэрдейр и унафэм зэрыщIигъэувэн IэмалыщIэхэр къигупсысри къигъэсэбэпын щIидзащ. Иджыри къэс щIы Iыхьэхэр пачу зэрыщытам къыдэкIуэу, иджы хейщIапIэхэр къызэIуахыурэ, адыгэхэм я псэукIэ хабзэхэр зэIащIэрт. Апхуэдэ щIыкIэу зэрыпхъуакIуэм и унафэр щIыналъэм щиукъуэдийм, къэбэрдей хэкум пщIэрэ щхьэрэ зиIэу ис пщыхэр хэдэн хуей хъуащ: е хэкум къинэу хуитыныгъэр яфIэкIуэдын, е ПсыжьадрыщI деж щылъ КъэбэрдеищIым Iэпхъуэу щхьэхуиту къэнэн. Урыс империем къащхьэщигъэува хейщIапIэхэм Къэбэрдейр еныкъуэкъун щыщIидза мы лъэхъэнэращ тхыдэ щIэныгъэм «шэрихьэт зэщIэхъееныгъэ» фIэщыгъэмкIэ къыхэнэжа Iуэхугъуэу къэбэрдейхэм я «ПсыжьадрыщI IэпхъуакIуэхэм» я къежьапIэр».
А зэман дыдэращ Лермонтов и поэмэ зи гугъу тщIыми къызэщIиубыдэр:
СытынкIэ хъун езыхулIар
Я Адэжь хэкур хыфIадзэным
Хамэ хэгъуэгум Iэпхъуэжахэр
Къумым я лъапсэ щаухуэну?
Тхьэ лIыкIуэм и нэмыплъ? Блэгъуаплъэ?
Армыра мыгъуэ! Зэхахащ
Бий бзаджэ я щIым къебгъэрыкIуэу,
Хьэтыр зимыIэ хьэщхьэрыIуэ,
И уафэгъуагъуэм уэр дэгуIэу,
Къару хэмыщIкIи узэдащ.
ФIым къыщхьэщыж адыгэлI пагэр
КъэмыскIэу малIэ, и пщIэр лъагэу;
И унэ къыщIэна нысащIэм
Къыкъуэтщ и къамэ дзэ тIуащIэр.
Лейм игъэшынэу, мащэм щыщтэу
И губгъуэ хуитхэм ар икIыныр
Iэмал зимыIэт, ауэ пщылIу
Бийм дэпсэунырт лъэмыкIынур.
ИфIэфIщ адыгэм гъащIэ щэху,
Хэкужьым гум зыщегъэпсэху,
Ауэ лIы хахуэм хуитыныгъэм
ЩIитынущ хэкуи гупсэхугъуи.
«Урысхэм ящIэр дгъэемыкIуу,
Ауану ираубыд ди щIыгур;
Уи къуапэхэм, Бещто нэщхъыцэ,
Тхьэр ягъэпцIащ лъэхъу ирамыдзмэ!» -
Дэтхэнэ зыми илът ар игу.
Бещто, зыхищIэу я гупсысэр,
Иджы ней-нейуэ къеплът урысхэм,
Е пшэ Iэрамэ фIигъэтIысхьэт
Бырыбу къуршхэм я щхьэщыгу.
«Мин щибл бгъущIрэ плIы гъэм, Урысейм и хейщIапIэхэр зыхуригъэщIыжын и мураду, Къэбэрдейм зыкъиIэтащ, – етх Хьэткъуэ Самир. - ЗыкъэзыIэтахэр изыгъэкIуэта урысыдзэр щIыналъэм мазибгъукIэ итащ. Мин щибл бгъущIрэ тху гъэм Къэбэрдейм а щхьэусыгъуэ дыдэр иIэу Iэуэлъауэшхуэ къыщыхъейм, аргуэру урысыдзэр кърашэри мазитхукIэ итащ, пщы-уэркъ куэд «бгым ихьэжахэщ». ЗыкъэзыIэтахэм я пашэу щыта подполковник ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил, абы и къуэш нэхъыщIэ подполковник ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрий, подполковник Хьэмырзэ ХьэтIохъущыкъуэ сымэ ягъэтIысри Екатеринослав ирагъэшащ».
Глазенап и хъунщIэтеуэхэр
Мин щибл бгъущIрэ блы гъэм Исмэхьил пащтыхьыгъуэр зылъыса Павел Езанэм йолъэIу и щыуагъэр хуигъэгъуу дзэм хигъэхьэжыну, арщхьэкIэ хуит къищIыркъым. Мин щийрэ тIу гъэм пщым иджы Александр Езанэм зыхуегъазэ хэкум игъэкIуэжу пащтыхьыгъуэм и фейдэ хэлъу къигъэщхьэпэну. Шэч хэмылъу, пащтыхьыгъуэр а зэманым апхуэдэ фейдэ хуэныкъуэт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мин щибл бгъущIрэ бгъу гъэм Екатеринослав щаIыгъ ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрий къыщIэпхъуэжу Къэбэрдейр зэрызэщIигъэхъаерэ, зэпэщIэтыныгъэр нэхъ гуащIэ хъуат. Адэлджэрий и цIэращ икIи зэпхар япэрей къэбэрдей Iэпхъуэгъуэр.
Мин щийрэ тIу гъэм Кавказ Гъунапкъэм и унафэщI Кнорринг Карл етх: «Мин щибл бгъущIрэ бгъу гъэм Къэбэрдеипщ къаугъэшыхэм яз ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрий Новороссийск къикIуэсыкIыжу и хэкум къызэрыщIэпхъуэжрэ, цIыхубэм и гупсысэкIэр егъэутхъуэ. Илъэсищ къэс зэ ирагъэкIуэкI хеящIэ хэхыгъуэр къэсащ, арщхьэкIэ Адэлджэрий цIыхухэм ар ямыдэну къыхуреджэ, Къэбэрдейр япэм зэрыщытам хуэдэу щхьэхуит ищIыжын и мураду». Мин щийрэ тIу гъэм къэбэрдейхэм щIэрыщIэу урыс тетыгъуэм зыхуагъазэ, - иджы Мысост Рослъэмбэч я пашэу, - икIи хэхыныгъэхэр ирагъэкIуэкIын зэрамыдэм къыщымынэу, хеящIэхэр зыщIэс унэхэр зэтракъутэ.
Къэбэрдейхэр ПсыжьадрыщI Iэпхъуэурэ Тыркум и жьауэм щIэт кIахэ адыгэхэм ягухьэну Iэмалрэ щхьэусыгъуэрэ къызэрыкъуэкIым урыс тетыгъуэр игъэгузавэрт. Мин щийрэ щы гъэм къэбэрдейхэр къухьэпIэ адыгэхэм ялъэмыIэсыфын хуэдэу, «Кисловодск» зыфIаща Нартсанэ быдапIэр яухуэ. Кавказ Гъунапкъэм и унафэщI Цицианов Павел икIэщIыпIэкIэ хэхыныгъэхэм щIадзэну унафэ къащыхуищIым, къэбэрдейхэм Iэщэ къащтэну мурад зэращIар хэIущIыIу мэхъу. Абы къигъэлыба джыназым къэбэрдейхэм яхуригъэхьа тхыгъэр тхыдэм къыхэнащ:
«Си лъыр шыуаным итым хуэдэу къокъуалъэ, си Iэпкълъэпкъым и Iыхьэ къэс мэкIэзыз фэ жыIэмыдаIуэхэм фи лъыр фи щIым зыщIезгъэфыну сыхуэпабгъэу, - яхуитхт Цициановым къэбэрдейхэм. - Сэ си псалъэр лъыкIэ зэрызгъэпэжынум шэч къытевмыхьэ, ауэ иджыри вжызоIэ: фи акъыл фыкъихьэж, си унафэр къызэрыфIэрыхьэу, хеящIэхэр хабзэкIэ хэфхи фыбэяу. «Хьэуэ» жыфIэрэ, сынывэлIэлIэну фыщымыгугъ, зэгурыIуэн щIэддзэнущи… Фыпэплъэ вжызоIэ сэ си хабзэкIэ дызэрызэгурыIуэнум - мыжурэхэм, топхэм, псыежэхым хуэдэу уэру ежэхыну фи лъым я бзэкIэ; псы утхъуакъым фи хэкум ит псыежэххэм щежэхынур, фи унэрысхэм я лъым ириIа псы плъыжьыбзэщ».
ИлъэситI дэкIынурэ, Баку дэхьэпIэм деж Цициановым и щхьэ щыпаупщIар Тегеран шахым хурагъэхьынущ, абы пэIэщIэ и пкъыр къалэ дэхьэпIэм деж, - блэкIри къыблэкIыжри теувэфын хуэдэу, - щыщIатIэнурэ. Ауэ зэкIэ абы Къэфкъазым ит урысыдзэм и тепщэ Глазенап Григорий унафэ хуещI къэбэрдейхэм зыхащIэн хуэдэу гуащIэу ебгъэрыкIуэну.
Глазенап Къэбэрдейм щригъэкIуэкIа теуэ псори тхыдэджхэм Бахъсэн псыхъуэ щекIуэкIауэ жаIэ. Абыхэм я зы щапхъэщ мин щийрэ плIы гъэм, накъыгъэм и бгъум екIуэкIа зэхэуэр. Урысхэм къапэуват зи бжыгъэр минрэ щитхум нэс «Къэбэрдей афэджанэдзэр».
ЕтIуанэ зэхэуэшхуэр накъыгъэм и пщыкIуплIым хуэзащ. «Тафэ зэхуабзэм тету, Шэджэм зэпрыкIыпIэм верстих хуэдизкIэ блэкIа нэужь, ди зауэлI гупыр Шэджэм къызыдэж мэзылъэ къуэладжэхэм нэсащ, абдежым Щхьэлыкъуэпсым и къудамищрэ иджыри нэгъуэщI псыежэх цIыкIу зыбжанэрэ кърижэрт, - яIуэтэж урыс дэфтэрхэм. - Абыхэм я Iуфэм къэбэрдей къуажэ пщыкIутI Iуст, бийм зэрыпэщIэувэным хузэгъэпэщауэ: уэрамхэр датIыкIат, блэкIыпIэхэр мывэ зракIута гухэмкIэ къыIуащIат; унэ нэхъ быдэхэмрэ къуацэ-чыцэмрэ фочрэ шабзэкIэ узэда нэщанауэхэм зыщагъэпщкIуат. Лъэсрэ шуууэ къежьа къуажэдэсхэм уэркъхэр пашэу къабгъурытт, къару нэхъ лъэщхэм къуэладжэхэм я куупIэхэм зыщагъэпщкIуат. Къэбэрдейуи, шэшэнуи, къэрэшейуи, осетинуи, нэгъуэщI бгырыс лъэпкъыуи къытпэувахэр псори зэхэту мин пщыкIузым нэст». Урысхэр бжыгъэкIэ нэхъ мащIэми, генералитху зи пашэ дзэр жыжьэрыуэ топхэмкIи, фочхэмкIи зыхуей хуэзэпауэ узэдахэт... ГурыIуэгъуэт зауэ-банэм хэмыкI къэралыгъуэшхуэм зэманым декIуу зэщIиIулIа дзэр зыпэува бгырысхэм куэдрэ зэрызамыIыгъыфынур. Къэзакъхэм а хъунщIэтеуэхэм теухуауэ загъэщIагъуэу зэхалъхьэжа уэрэдми къыбгурегъаIуэ ар:
Къэбэрдейхэ, фыкъызэфIэмыщIыж!
Фи афэджанэхэр ди дежкIэ зырикIщ!
Бгыщхьэм фыкъытени нэхъыфIщ
Ди мыжурэпэхэм фыкъыфIэпIиикIыу фыфIэлъ нэхърэ…
Муслъымэнхэ, фримыгушхуэ
Фи Iэщэмрэ фишхэмрэ,
Дыщэмрэ дыжьынымрэ фигу пывгъэкIи,
ЩIым фи натIэр телъу,
Александр фыхуэтхьэджэ
ГущIэгъу къыфхуищIыну,
Фи лъэгуажьэхэр хуэвгъэщхъ
Пащтыхьхэм я нэхъ иным.
Абы фи жыIэдэIуагъым и хьэтыр илъагъунщи,
Фи махуэхэр нэху фхуищIыжынщ.
Дэ мэл пшэрхэмрэ вы гъэшхахэмрэ
Тыгъэу къытхуздэфши фыкъакIуэ...
Андреев-Кривич зэрыжиIэмкIэ, Лермонтов Iэргун деж щекIуэкIа хуэдэу поэмэм къыщигъэлъагъуэ зауэ-банэр ипэжыпIэкIэ Глазенап Бахъсэн псыхъуэм, Къызбрун пэмыжыжьэу къыщиIэта хъунщIэтеуэращ:
БлэмыкIыфыну зэрыпхъуакIуэр
Псыхъуэ дэхьэпIэр къыIуащIащ;
Мывэрэ жыгрэ зэгъэкъуауэ
Iэргуным тырагъэзэгъащ.
НэгъуэщI зы гъуэгуи кIуэкъым къуажэм,
Бгырысхэм я гур къихьэжащ:
«Хьэзырщ уи мащэр, бзаджэнаджэ!»
АрщхьэкIэ бийр къытозэрыгуэ,
Топ уафэгъуагъуэу щхьэщыукIыр
Пшагъуэбэм щыблэу къыхоблыкI…
Хъийм икIа нэмыукIытагъэ
Мис апхуэдэ щытыкIэт зэрытыр Къэбэрдейр мин щийрэ плIы гъэм, тезырыр трахыжу Бытырбыху илъэситкIэ дэса нэужь, ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил хэкум къыщыкIуэжам. Абы теухуа унафэр пащтыхьым шыщхьэIум и тIощIым къэралкIуэцI IуэхухэмкIэ министр Кочубей Виктор хурегъэхь:
«Полковник ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил-бей Кавказ Хъийм дгъэкIуэжыну мэлъаIуэри, щIыпIэр зэрицIыхум, Iуэхуми зэрыхищIыкIым ипкъ иткIэ къытхуэщхьэпэну сыщогугъ. Фэ езым фщIэжынщ ар нэхъ къызэрывгъэсэбэпыну щIыкIэр. Цицианов джыназым къулыкъу щхьэхуэ къритыху, ар фи унафэм щIэтын хуейщ».
Хэкум къагъэкIуэжын ипэ Бытырбыху щрихьэкIа зэманым итхауэ хуагъэфащэ ХьэтIохъущокъуэм «Кавказым щыпсэухэм ятеухуа Запискэхэр». Ар и утыку псалъэу мин щийрэ плIы гъэм Исмэхьил къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм къыщыпсэлъауи къыхощ Дзэмыхь Къасболэт и тхыгъэ «ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил теухуауэ къэхутэныгъэщIэхэр» зыфIищам. Къэбэрдейм щекIуэкI зэрызехьэр гъэзэкIуэжа зэрыхъун Iэмал лъыхъуэ урыс тепщэгъуэм и пащхьэм Исмэхьил хэкIыпIитху ирелъхьэ:
1. ХейщIапIэ нэхъыщхьэр Гумкъалэ щрыреIэ, Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъстэнеймрэ ит къуажэ къэс дэт хейщIапIэ нэхъ цIыкIухэр абы и унафэ щIэту. Абы щылажьэхэу, ауэ, Iуэхум зэрыхамыщIыкIым къыхэкIыу, зэраныгъэшхуэ къэзыхь къэзакъхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ IугъэкIын хуейщ.
2. ХейщIапIэхэм Iуэхур щызэхагъэкIкIэ Къэфкъазым щыпсэухэм я хуитыныгъэм, бгырысхэм игъащIэ лъандэм къадекIуэкI хабзэхэм я хьэтыр ялъагъупхъэщ. Дэтхэнэ зыми езым и мылъку, къарукIэ зыми къытримыхауэ, бгъэдэлъын хуейщ, нэгъуэщIым ейм хэмыIэбэу; абы ебакъуэр къэбэрдейм щызекIуэ хабзэхэмкIи урыс хабзэмкIи ягъэпшынэну къатохуэ.
3. Абазэхэр япщхэм я унафэ щIэгъэувэжын хуейщ.
4. Къэфкъаз Хъийр зытращIыхьа, къэзакъ къуажэхэр щаухуа Къэбэрдейхэм къытраха щIыхэр иратыжын хуейщ; апхуэдэ Iэмал щымыIэмэ, ящIу щытахэм пэрыуэ къыхэмыкIыу, хуиту икI-ихьэу щызекIуэн хуейщ, абы къикIыр - Iэщ щагъэхъунуи, гъавэ щасэнуи хуиту, апхуэдэ хуитыныгъэ къезыт хуэдэу щыт, ауэ лейуэ гугъу езыгъэхь «пропускхэр» къыIахын хуэмейуэ.
5. Къэбэрдеипщхэм я пщылI щIэпхъуэжахэу Хъийм къетIысэкIахэр зы къэмынэу зейм етыжын хуейщ.
Захуагъэм и хьэтыркIэ мы къыхэтлъхьар ди пащтыхь махуэм къабыл ищIмэ, апхуэдиз зауэлIрэ Iэщэрэ абдежым щIыщаIыгъын, апхуэдиз мылъку щIагъэкIуэдын щхьэусыгъуэ щыIэнукъым».
Бгырысхэр зэи къарукIэ пхуэгъэIэсэнукъым, я хьэтыр умылъагъуу хъунукъым, - арат Исмэхьил и гупсысэми и псалъэми къыхэщыр. Пщым Кочубей и акъылэгъу хъуа щхьэкIэ, Цициановым а къэпсэлъыгъэм «Хъийм икIа нэмыукIытагъэ» фIищащ, икIи зыри къабыл ищIакъым. Къэбэрдейхэм зыкъыщIаIэтар ахэр нэхъапэIуэкIэ Тыркум, иджы абы къыхэхьэжа Персием къызэщIагъэстри аркъудейщ, - жиIащ Цициановым.
Мин щийрэ тху гъэм гъатхэпэм и ебгъуанэ жэщым Глазенап Балъкъ деж Къэбэрдейм урысыдзэр щрешэри «къуажэ жыIэмыдаIуэ пщIей зэтрегъасхьэ». Апхуэдэ хэщIыныгъэ зыгъуэта Къэбэрдей жылэр щхьэхуимыту йокIуэт, цIыхубэм и зы Iыхьэм тхьэ ирагъаIуэри амэнэтхэр къыIах, адрейхэр я пашэхэм я гъусэу ПсыжьадрыщI мэIэпхъуэ.
Къэбэрдейм щекIуэкIа зэрызехьэм Урысейм дежкIэ мыхьэнэуэ щиIар къегъэлъагъуэ мин щийрэ тху гъэм Александр Езанэм езым и сурэтыр тету медалыщIэ - «Къэбэрдейхэм зэрезэуам папщIэ» («За битву с кабардинцами») - къызэрыдигъэкIар. Абы епха хъыбарым къеIуатэ мы медалыр мин щийрэ тху гъэм къэбэрдейхэм иращIылIа зауэм къыхэжаныкIа къэзакъыдзэм щыщу цIыхуийм зэрыхуагъэфэщар.
Къэбэрдейм зыкъызэриIэтар Урысейм щIызэхищIа щхьэусыгъуэхэм я нэхъыщхьэр пащтыхьыгъуэм Кавказым щиухуа лъэмыжыр – Куржымрэ Кавказ Хъиймрэ зэпызыщIэ гъуэгур - зэхуэщIа зэрыхъуарт. «Си гуапэ дыдэ хъуащ, - хуетх Александр Езанэм Глазенап, - къэбэрдейхэр тIэунейрэ - накъыгъэм и пщыкIуплIымрэ мэкъуауэгъуэм ипщIымрэ - зэрызэтепкъутар. Иджы сыпщогугъ зэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу Кавказ Гъунапкъэр Куржым пыпщIэжыну».
«Къэбэрдейм щхьэхуимыту КъухьэпIэ Шэрджэсейм Iэпхъуэн щыщIидзар мин щийрэ плIы-мин щийрэ тху гъэхэм Глазенап иригъэкIуэкIа зэтекъутэхэм яужькIэщ», - щетх Хьэткъуэ Самир зэхэуэхэм я гуащIагъри абыхэм цIыху бжыгъэу хэтахэри къыщигъэлъагъуэу, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа тхыгъэм. «Гу лъытапхъэщ, - жеIэ щIэныгъэлIым, - къэбэрдейхэм я Iэпхъуэныр зы адыгэ хэгъуэгуу щыту, псоми зэдаIыгъ адыгэ хабзэм тету, зы лъэпкъ – зы къэралыгъуэ зэхэтыкIэ щызекIуэу Шэрджэсей цIэр зезыхьэ щIыналъэм и гъунапкъэхэм имыкIыу зэрекIуэкIар». А Iэпхъуэ гугъум цIыхубэр фIырыфIкIэ зэрытемыгушхуар Лермонтов и едзыгъуэхэми къаIуатэ:
ФIы зэфэзэщыр хэт и махуэ,
ГуфIэгъуэ псоми иIэщ пIалъэ.
Зэгуэрым, дыгъэ къухьэжыгъуэу
Бгы лъапэм пшагъуэр тегъуэлъхьат,
Ауэ а жэщым и тыншыгъуэ
Зы къуажэдэси имыщIат.
IэубыдыпIэншэт я Iэхъушэр,
Гув шэрхъхэм хьэлъэр яхуэмышэт;
Гуащэ кIэзызхэм сабий гъуэгхэр
ЯIыгът щхьэгъусэм пэгъунэгъуу;
Шым шэсти щIакIуэр зэзыпхъуэкI
Я адэхэр теувэт гъуэгу,
Щыму фокIэщIхэр яузэду.
КIуэрыкIуэм мафIэ зэщIагъэстт:
Здамыхьыфынухэр ягъэст.
МахуэщIэр Iуащхьэм щхьэщыувэу
Бгы лъапэм нэхур щытыридзэм;
Пшагъуэбэ Iувыр шхыIэн псыфу
Жьы къэушам ящытыридзым;
Нэм къиубыдащ къуажэ нэщIыбзэ
Псэ Iуту цIыху зыдэмысыж,
Губгъуэ нэщIышхуэ, мафIэ лыгъэ,
Гу блэкIыгъащIэм и лъэужь.
Сэ згъэпудынукъым пщы напэр
Лермонтов и Исмэхьил-бейрэ ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьилрэ щызэплъыткIэ, сыт тхыдэмрэ литературэмрэ зэтехуэу зэIэпахыр жыпIэмэ, ар а лIы махуэм дэплъагъу псэ къабзагъырщ. Исмэхьил-бей и жьэр зэщIихыху, хэт епсалъэми, зэхэпхыр фэрыщIыгъэ зыхэмылъ псалъэ гунэсщ. А мэкъамэ гурыхь дыдэр къыхоIукI пщым зэринэкIа дэфтэр гъущэ къомми: пащтыхьым зыхуигъазэми, унафэщIхэм яхуэтхьэусыхэми, и лъэпкъэгъухэм яхэпсэлъыхьми, бий дыдэм и пащхьэ зыщиухейми, абы и псалъэр мэIу, гурэ псэкIэ имыгъэва Iуэху зэрытемыпсэлъыхьыр нэрылъагъу пщищIу.
Ауэ Лермонтов и щIалагъкIэ бгырыс хъыжьагъыр игу нэхъ хэхьэми, Кавказым щыпсэухэр нэгъуэщI цIыху лIэужьыгъуэу, гъащIэм уасэшхуэ хуэзымыщI лIы гуащIэхэу къыщигъэлъагъуэ куэдрэ къохъу. «ДаIэ урысхэр, лъы хуейщ мыхэр!» - яхужеIэ усакIуэм къэзэуатым дэкI щIалэхэм. «Сэ лъы слъагъуну сфIэфIщ», - Iурелъхьэ абы Исмэхьил-беи. ЦIыхуфIхэм я плъапIэр хуитыныгъэми, лей зэрахьэну щIэмыхъуэпсми, ахэри пэлъэщыфкъым Iэмал зыхуамыгъуэт хэкIыпIэншагъым. Захуагъэр темыкIуэу зымыдэ гум и гъэрщ, Лермонтов зэреплъымкIэ, Исмэхьил хуэдэ хэкулI мылIыгъэншэхэри:
Дэнэ ежьа адыгэ щауэр,
Шым щепсыхынур, тыншыжауэ,
Гупсысэ куум имыгъэдзыхэу?
Зэрызигъэпсэхунур дауэ,
Зигъэпсэхун и хьэл лъы щIыхуэм?!
Къыщыхъуа къуажэр, я мэжджытхэр,
Мамыру псэу жылэ щхьэхуитхэр -
Къелакъым зы урыс зауэлIым.
Ар зыдэн гу абы бгъэдэлъкъым,
КъыхищIыкIыхукIэ кхъэлэгъунэ
Зэтегъэса я къупщхьэ хужьхэм,
ЩIэблэщIэм щапхъэ яхуэхъуну;
Апхуэдэ щIыкIэу и Хэку дыщэм
Игу щагъэщIар яригъэпшыну.
«Сэ фызоцIыху фэ, – мэIущащэ,-
Сэри сымис, фымыпIэщIэж,
Сигу зэрыфщыкIрэ куэд щIакIэщ,
Ауэ иджыщ щызыхэсщIар сэ
Фи лъыр згъэжэну гукъыдэж».
Лермонтов и поэмэм Исмэхьил-бей нэхърэ мынэхъ мащIэу къыхощ Мысост Рослъэмбэч. Уеблэмэ «Рослъэмбэч и фэеплъ мывэращ» къызытехъеикIар поэмэ хъужа шэшэн дадэм и хъыбарыр.
Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Глазенап и зэтекъутэм я нэхъ гуащIэм, накъыгъэм и пщыкIуплIым екIуэкIам, Мысост Рослъэмбэч иджыри урысхэм я телъхьэу хэтащ. АрщхьэкIэ а зауэм и къуэшым и къуэ хэкIуэда нэужь, урысхэр лIыщIэжэгъу схуэхъуащи хабзэм къысхуидэркъым саригъусэну жеIэри, ар ПсыжьадрыщI зыщызыгъэбыдахэм яхохьэ. ИпэжыпIэкIэ Рослъэмбэч урысыдзэм езэуэн щыщIидзар Исмэхьил хэкум къэкIуэжа нэужьщ. «Къэбэрдей къаугъэшы, урысыдзэм полковникыу хэта пщы Мысост Рослъэмбэч ПсыжьадрыщI щIэпхъуэжри и гъусэу уэркърэ цIыху къызэрыгуэкIыу унагъуэ щитIрэ блыщIрэ тхурэ иришащ», - щагъэхъыбар урыс дэфтэрхэм мин щийрэ тху гъэм. Лермонтовми хэкум къэкIуэжа Исмэхьил-бей цIыхубэм и пащхьэ къыщришэкIэ Рослъэмбэч гъусэ хуещI:
Мо тIур хэт сымэ? Сыт мыбдеж къыщыхъур?
ЦIыхухэм утыкур щыму хуит ящIащ,
И нэщхъ зэхэлъу пщышхуэр къахэхьащ,
Пщы щауэ мыцIыху гуэри къыдэщIыгъуу.
Шугъусэхэу къабгъэдэтищыр уэркъщ;
«Алыхьыр закъуэщ, бегъымбарыр хьэкъщ,-
Еублэ пщым и псалъэр. - Мащэм илъ
Нэгъунэ щIэтщ абыхэм я унафэм!
Си къуэшыр щахъумащ хамэ щIыналъэм:
КъэфцIыхужауэ пIэрэ Исмэхьил?
Зэрысабийрэ бийм зэрахэтауэ,
Къабыл ищIакъым хамэм и къэблэр,
Иджы и Хэку и губгъуэ къоблэгъэж,
ГущыкI фIэкIа яхуимыгъэтIылъауэ!»
Урыс къулыкъущIэхэм ятхыжа тхыдэ дэфтэрхэм уахэплъэмэ, Къэфкъазым щыпсэухэр псори «хъунщIакIуэщ», «хьэщхьэрыIуэщ», «цIыхуукIхэщ». Апхуэдэ лъыкIэ зызымыгъэнщI зауэлIхэм я щапхъэщ Лермонтовым и дежкIэ Мысост Рослъэмбэч (зи гугъу тщIыр поэмэм хэт лIыхъужьращ, тхыдэм къыхэщ Бэмэт Мысост и къуэракъым):
Игъэхьэзырт адыгэм теуэ гуащIэ,
ДэIэпыкъуэгъухэр щэхуу къызэхуэст,
Пщы Iущ лIы бзаджэ Рослъэмбэч щхьэгъэщхъкIэ
Урысхэм Iэсэлъасэу ядекIуэкIт.
Жэщыкум иришажьэти гуп псынщIэ
Нэху щыху къэзакъ псэупIэхэр ихъунщIэт.
И къуажэм къекIуэлIэжти, къиубыдахэр
КIэзызхэу лъы тхьэлъэIу иригъэблагъэт.
Я ныбжьэгъужь нэхъей, ядэгушыIэу,
Щхьэр яхупигъэлъэтт, фIэзэштеупIэу.
Рослъэмбэч и щапхъэмкIэ Лермонтовым къекIуэкI хабзэу къыфIэщIыр къигъэлъагъуэмэ, Исмэхьил-бей дилъагъур махуэ къэс узримыхьэлIэ, езы бийри щIезыгъэгъуэж, цIыхугъэ зыхэлъ, мыхьэнэ зиIэ зэуэкIэщ. А тIур щIызэпэщIигъэувэри дуней тетыкIэ лIэужьыгъуитI дыIуигъэплъэн папщIэкIэщ, хеигъэ зыхэмылъ лIыгъэм уасэ зэримыIэр къыбгуригъэIуэну хэту. Рослъэмбэч хэкум къыщхьэщыж гупым я пашэщ, лъэпкъ зэзыгъэдэIуф пщышхуэщ, ауэ абы фIэщхъуныгъэкIэ зыри ищIэкъым, пщIэ хэIэтыкIам зыщызмыгъэнщI и псэм зэрихуэ къудейщ: бийм щIезауэр иIэр фIэмыкIуэдын, зыри езым ипэ иримыгъэщын щхьэкIэщ. ПлъапIэр бийм текIуэн зэрыхуей къудейр аратэмэ, Рослъэмбэчи лIыгъэншэтэкъым, ауэ абы и гунэфым фIым и тегъэщIапIэ лъагэр къыхуэлъагъукъыми, мурадым зэрыхуэкIуапхъэ Iэмалхэр фIызэхозэрыхь, и IэбэкIэ пхэнжми бийр ерыщ ирегъакIуэ:
Пщы Рослъэмбэч чэнджэщ пэрытщ;
Мыр яжреIэ: «Жэщ зэрыхъуу,
Я зауэлI гупхэм датеуэнщ,
Псыкъелъэ уэру дытехуэнщ
ПщIыхьым хилъафэ гъатхэ псыхъуэм…
КIуэжынщ ахърэтым хьэщIэр щыму,
Я къупщхьэ къомыр губгъуэрынэу,
Дыгъужьхэм, къуаргъхэм ирашхыж,
Мащэншэ хьэдэу ирефыж.
Дэ апщIондэху, дышынэ зытщIу,
ДагурыIуэным дытетынщ,
ИужькIэ, лъым ириIа гужькIэ
Щэхуу ди напэр ттхьэщIыжынщ!»
Исмэхьил-бей зыкIи нэхъ тIасхъэкъым, ари апхуэдэ дыдэу гуащIэщ, ауэ ар и щхьэ и фейдэ лъыхъуэкъым, фIы щIищIэр «псым хидзэн» папщIэщ; и гъуэгур захуэу зэрилъытэжым къыхэкIкIэ, зыщIигъэпщкIуни и мурадыр щIибзыщIын щхьэусыгъуи илъагъукъым. Сыт ущIэзэуэнур къуаншэм зэрыкъуаншэр йомыгъэщIэжынум, къару къыпхэзылъхьэ уи пэжым и IэфIыр дунейм тез умыщIынум?! Захуагъэм тетым напитI щIызэрихьэни, Рослъэмбэч къызэрыхилъхьэм хуэдэу, Iэмал пхэнж щIыхуекIуэни щыIэкъым - аращ илъэс пщыкIуий фIэкI мыхъу усакIуэм Исмэхьил-бей къригъэIуатэ гупщысэр:
Ар лIыгъэу псоми къызэдащтэ,
Къадэзымыщтэр Исмэхьилщ.
И сэшхуэ жырыр игъэдалъэу,
Аращ щылъэту ар къыщIилъ;
Гъунэгъуу къыбгъэдэс уэркъ гупыр
Къаплъыхь и нитIым напIэзыпIэм,
Ирехьэхыжри и сэшхуэр,
Жэуапыр зэIэпах зэкъуэшхэм:
«Сэ гъуанэдэууэ сыцIыхуукIкъым;
Сигу хохъуэ сэри силъ сщIэжыху,
Ауэ си къамэр зыхэзукIэм
Iэпщэ шынагъуэр ирецIыху!
Сэри сигу ящыкIащ урысхэм,
Ууейм нэхъ гуащIэщ си губампIэр,
Ауэ жэщ кIыфIыр сщIыуэ гъусэ,
Сэ згъэпудынукъым пщы напэр!
Аракъым къэзэуат зыфIащыр,
ЩIыхьуи нэгъуэщIщ зыхуэзгъэфащэр!..»
Езыр Урысей хэкулIу, бгырысхэм езауэ урыс зауэлIу къэнэжми, Исмэхьил-бей хуэдэ бий губзыгъэм и псалъэкIэ Лермонтовым и лъэпкъэгъухэм ялъегъэIэс Къэфкъазым щыпсэухэр урысхэм къызэрызэфIагъэщIым хуэдэу мэзылI защIэу зэрыщымытыр, пащтыхьыгъуэм зызэригъэкъ IуэхущIафэ хьэлэмэтхэми нэгъуэщIынэкIэ уеплъ зэрыхъур.
Ар ди лъэпкъ тхьэмыщкIэм и лажьэкъым
Хэкум къэкIуэжа ХьэтIохъущокъуэм къэбэрдейхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм емылIалIэу ахэр урыс унафэм зэрыщIигъэувэным иужь итыну къытракъузэ. Абы папщIэ, ар япэу мин щийрэ тху гъэм Гум деж, етIуанэу мин щийрэ хы гъэм Шэджэмрэ Бахъсэнрэ деж лъэпкъ хасэм и пащхьэ къыщихьэри ищхьэкIэ зи пычыгъуэ къыщытхьа утыку псалъэр цIыхубэм ябгъэдилъхьащ.
«Къэзгъэзэжауэ сыфхэтщ нобэ, - щыжиIэрт Исмэхьил хасэм и пащхьэм. - Ауэ сыт сэ сыкъызрихьэлIэжар, тобэ! Си лъахэм и унэхъугъуэ махуэр си нэгу щIэбгъэкIын щхьэкIэ, ди Тхьэ, уигу къыщIызэбгъар! Тхьэм сыщихъумэ сэ къывэуэлIа насыпыншагъэр фэзудэкIыжыну, ар сигу къызэреуэр жысIэ къудейщ. СыщIэупщIэу аращ: дэнэ здэкIуар къэбэрдей лъэпкъым и пщIэр?! Пщы щхьэмахуэхэ, дэнэ кIуа фыкъыхэзыгъэщ щэнымрэ фыкъызыхэкIам и лъагагъымрэ? Уэркъхэ, щхьэ кIуэдыжа пщыхэм яхувиIа фIэлIыкIымрэ ди адэжьхэр къызэрацIыхуу щыта, ди лъэпкъым щытхъу къыхуэзыхьа лIыгъэмрэ? Къэбэрдей жылэ! Дэнэ щыIэ урыс император гущIэгъубэм и унафэ Iущым къывита фи хуитыныгъэмрэ фызэрыс щIыналъэ хъуапсэгъуэм и берычэтымрэ? Ижь ижьыж лъандэрэ пщIэрэ щIыхьрэ къызыдекIуэкI лъэпкъыр адрейхэм фахэзыIэтыкIыу щыта лъагагъыр ффIэкIуэдауэ фыхокIуэдэж! КъурIэнымкIэ соIуэ сывэгийуэ фигу хэзгъэщIын мурад зэрызимыIэмкIэ. Ди гукъеуэр ди гум и куупIэм щыдывгъэгъэпщкIуи зи къарур мыкIуэщI Алыхьталэм зыхуэдывгъэгъазэ! ТхьэлъэIу гунэскIэ дыщIэвгъэлъэIу абы и гущIэгъум, ди лъэпкъыр зэгурыIуэмрэ мамырыгъэмрэ хуишэжын хуэдэу. Ди муслъымэн хабзэ пэжым ирилажьэ зи щIыхьыр ин ефэндыхэ! Дыхуэвущий Алыхьталэм и нэфIыр къытщызыгъэхуэжын тхьэлъэIухэм!»
«Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ мамыру зэдригъэкIуэкIыныр и плъапIэу хэкум къэкIуэжа Исмэхьил, урысхэм гуащIэу япэщIэтыныр зыукъуэдия гуп щызэуIуауэ кърихьэлIэжат, езыр къызыхэкIа унагъуэм пщIэшхуэ щызиIэ и къуэш дыдэ Адэлджэрийрэ и адэ къуэшым и къуэ Мысост Рослъэмбэчрэ яхэту», - етх Косвен.
Мин щийрэ тху гъэм и шыщхьэIум Исмэхьил Дельпоццо къегъэгугъэ ПсыжьадрыщI щыIэ и къуэш нэхъыщIэ Адэлджэрийрэ абы и гъусэ ефэндыхэмрэ яхуэзэу, урыс тепщэгъуэр зыхуейр ягуригъэIуэным иужь ихьэну.
«Мин щийрэ плIы гъэм екIуэкIа Iэпхъуэныгъэ Iуэхухэм, ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрий нэхърэ Глазенап и зекIуэхэм хэтауэ, къэбэрдейхэм иращIылIа зэхэуэхэм иджыри урысыдзэм и лъэныкъуэурэ щызэуауэ щыта Мысост Рослъэмбэч пашэ нэхъ хуэхъуауэ жыпIэ хъунущ, - дыкъыщоджэ Хьэткъуэ Самир и тхыгъэм. - Иджы абы и цIэр «гуэкIахэм» я сатырым хэту къокIуэ и адэкъуэшым и къуэ ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрийрэ и къуэш нэхъыщIэ Мысост ХьэтIохъущыкъуэрэ я гъусэу. Абыхэм я къуэш нэхъыжь, лъэпкъми и нэхъыжь ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэ и къуэ Исмэхьил-бей полковникыр ахэр Iэщэр ягъэтIылъыну къытригъэхьэнухэу хэтащ».
ХьэтIохъущокъуэ зэкъуэшхэр зэхуэзэу зэпсэлъа нэужь, Исмэхьил-бей Дельпоццо деж Константиногорск (иджы-Псыхуабэ) макIуэри абыхэм пащтыхьым тхьэрыIуэкIэ бгъэдэувэжыну зэрамыдар хъыбару ирегъащIэ. Пщым зэрыщыгугъар къызэрыпимыхам къигъэгубжьа Дельпоццо абдеж щыщIэдзауэ ХьэтIохъущокъуэм теухуауэ Цициановым хуригъэхьа тхьэусыхафэхэм зы тхылъыфI къыхэкIынт. «Полковник Исмэхьил-бей дэ къызэрытхуэпэжыр куэдрэ къыдригъэжейми, апхуэдэфэ теткъым, жиIэхэми къикIышхуэ щыIэкъым. Лъэпкъ къызыхэкIам пщIэ зэрыщимыIэм къыхэкIыу, абы Iуэхур иригъэфIэкIуэну ущыгугъ хъунукъым», - хуошхыдэ ар пщым.
«Дыкъызэригъэгугъахэр зэримыгъэпэжымкIэ Исмэхьил-бей полковникым къегъэлъагъуэ абы Къэбэрдейми Урысейми яфI зэрызэримыхуэр», - щетх Дельпоццо нэгъуэщI тхыгъэм. ЖиIэм и щыхьэту урыс къулыкъущIэм къехь Исмэхьил и гум щIыхьэу къыжьэдэхуа зы псалъэуха: «Сэ езым нэгъэсауэ Iуэхум хэсщIыкIрэ, ди Тхьэ! Зыри сщIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зыми пэж жиIэкъыми зыри пщIэ хъунукъым!»
«Исмэхьил-бей полковникыр и унагъуэм, Къэбэрдейм щыIэ ХьэтIохъущокъуэхэрэ Мысостхэрэ я деж щыIэщ. Тхыгъэ гуэрхэр къысхурегъэхь и лъэпкъым щекIуэкIым теухуауэ, ауэ мыхьэнэ зимыIэ, зыри къызэрымыкI политикэ гупсысэ хэIэтыкIахэм фIэкIа зыри яхэслъагъуэркъым абыхэм. Сэ сызэреплъымкIэ, лъэпкъым и нэхъыжьу щытми, абы е и псалъэр и унагъуэм щыпхыкIыжыркъым, е езыр ди унафэр игъэзэщIэну хуейкъым», - къыкIэлъокIуэ абы нэгъуэщI тхьэусыхафэ.
Мин щийрэ блы гъэм мэкъуауэгъуэм и хым Исмэхьил къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министр Кочубей хуригъэхьа тхыгъэм наIуэ къыщохъу Дельпоццо къыпиубыдхэм хэкIыпIэ щIахуимыгъуэтыр:
«Си насыпыншагъэкIэ илъэсипщIкIэ сыкъэтауэ, щIыхь зыхуэсщI граф, мин щийрэ плIы гъэм сыкъыщалъхуа Къэбэрдейм сыкъыщыкIуэжым, псоми я гупсысэкIэр утхъуауэ сыкърихьэлIэжащ.
А ерыщагъ мыкIуэмытэр къызыбгъэдэкIыр ди лъэпкъ тхьэмыщкIэракъым. Дин лэжьакIуэхэмрэ абыхэм я унафэщIхэмрэ Тыркум ахъшэшхуэ къаретри, цIыхубэ жыIэзыфIэщыр ди хабзэхэм темыхуэ дин ерыщагъкIэ егъэщхьэрыуэ, унафэщIхэм емыдэIуэжу ещI. А жыIэмыдэIуагъыр бэгъуэху, ахэр ди пасэрей хабзэжьхэм пэщIоувэри псори шэрихьэтым ирапх; нэгъуэщIу жыпIэмэ, Урысейм пэщIэувэныр пщэрылъ нэхъыщхьэу къэзыгъэув фIэщхъуныгъэ ныкъуэкъуэхым хуаунэтI.
Зи щIыхьыр ин граф, сытхьэджэу сынолъэIу ди пащтыхь махуэм и пащхьэм укъыщытщхьэщыжыну, акъылыншагъэм игъэщхьэрыуахэм гущIэгъу яхуищIын папщIэ. Абыхэм мурадыфI зиIэхэри яхэтщ, адрейхэм я псынщIагъымрэ иджыри къэс шэрихьэтым хэмыта ткIиягъымрэ дакъуза я лажьэу, я гъэрыпIэм щыгызхэу, ауэ псори захуагъэм трашэжын гугъэр иджыри яфIэмыкIуэдыпауэ.
А псом къыхэкIыу, гурэ псэкIэ си лъэIум и хьэтыр къэплъагъуну сыноплъэ, Бытырбыху уи деж сынэбгъакIуэу гущIэгъур и лъабжьэу Iуэхур зэгъэзэхуэжа зэрыхъуну Iэмалхэр уи пащхьэ щысIуэтэн, абы и фIыгъэкIэ бжыгъэкIи зэфIэкIкIи Къэфкъазым щыпсэууэ хъуам ефIэкI ди лъэпкъыр Урысейм и жьауэ щIэувэмэ, фейдэуэ хихынур плъэзгъэIэсыфын папщIэ. Пасэ зэманым Митридат щэджащэмрэ Урым лъэщымрэ текIуэныгъэр зэпезыгъэубыда, зи бжыгъэр мелуаным нэс Къэфкъаз лъэпкъым укъыщхьэщыжу зэфIэбгъэувэжыну сыпщогугъ, зи щIыхьыр ин граф!»
Кочубей Исмэхьил Iуэхум зэрелIалIэм папщIэ къыщытхъуащ, арщхьэкIэ псори хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм и IэмыщIэ зэрилъым къыхэкIыу, Бытырбыху иригъэблэгъэну зэрыхузыфIэмыкIынумкIэ хъыбар къригъэщIащ.
Аракъым къэзэуат зыфIащыр
Сыт хуэдэ губгъуэ, Iуащхьэ е тенджыз
КъыпэщIэувэфынур славян Iэщэм?
Дэнэ щIыналъэ урыс царым ищI
Унафэм бийхэр щыхуэмыжыIэщIэр?
ИкIуэт, адыгэ! КъуэкIыпIэи къухьэпIэи
Уи махуэ къыхуэкIуэныр зы нэхуапIэщ.
ЖыпIэнкIи хъунщ зэгуэр, зыхэпIэтыкIыу:
СыпщылIми, си пщыр щIылъэм и пащтыхьырщ!
Лермонтов, «Исмэхьил-бей»
Исмэхьил зи гугъу ищI «иджыри къэс щымыIа шэрихьэт ткIиягъыр», «фIэщхъуныгъэ ныкъуэкъуэхыр» зищIысымрэ ар Къэбэрдейм къызэрысамрэ IупщI хъун папщIэ, илъэс зыбжанэкIэ дызэIэбэкIыжу, а зэманым Къэфкъазым щекIуэкIа Iэуэлъауэхэм я нэхъ иным, иужьым Къэфкъаз зауэм хуэкIуэжам, дытемыпсэлъыхьу хъунукъым. ЛIэщIыгъуэ ныкъуэкIэ Къэбэрдей Iуэху къудей хуэдэу екIуэкIами, Урысейм и Къэфкъаз гупыжхэм, дызытепсэлъыхь лъэхъэнэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуат, зи гугъу тщIы ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьилрэ абы и къуэшхэмрэ куууэ хэпщIауэ. Пащтыхьхэм игъащIэми загъэгущабэ. ИтIани Екатеринэ ЕтIуанэми, абы къыкIэлъыкIуа Павел Езанэми, зи гугъу тщIы лъэхъэнэм пащтыхьыгъуэр зылъыса Александр Езанэми, бгырысхэр зэрыгуащIэр ящIэжти, Къэфкъаз IуэхукIэ тэмакъкIыхьыфэ зытрагъауэт. Зэман гуэркIэ абыхэм Европэм щыIэуэлъауэ Наполеон, Индием гъуэгу пхызыш Инджылызыр, Урысейм и ипщэрэ гъунапкъэхэм къыхуэпабгъэ Тыркумрэ Персиемрэ нэхъ я лажьэу къекIуэкIащ, бгырысхэм нэхърэ.
«Мин щийрэ пщIы гъэхэм пщIондэ Урысейм и мурадакъым и унафэм Адыгейри, Осетиери, Шэшэнри, Дагъыстэнри щIигъэувэну. Уеблэмэ Бытырбыху дэсхэм къэралыр абы хуэныкъуэу къалъытэтэкъым. Хы ФIыцIэмрэ Каспийрэ я зэхуакум Империем нэхъ къыщыфIэIуэхур Тыркумрэ Къэжэрымрэ пэщIэтынымрэ урыс сатуущIхэр щIылъэ гъуэгукIэ Iэуэлъауэншэу Ащтырхъан – Дербент – Баку - Астрабад гъуэгум шынагъуэншэу ирикIуэу къуэкIыпIэм зэрылъэIэсынымрэт. А лъэхъэнэм зэрахуэр Урысейм и ипщэрэ гъунапкъэхэр блэкIыпIэ тынш ящIын мурадырт, абы зэрыхуэкIуапхъэ Iэмалу урысым ялъагъур зыщахъумэфын плъырыпIэ-псэупIэхэр ухуэнымрэ хъунщIэтеуэу ирагъэкIуэкI я зекIуэхэмрэт», - етх урысей тхыдэдж Лапин Владимир.
Урысей щIэныгъэлIыр Iуэху къызэрыгуэкI хуэдэу зытепсэлъыхь плъырыпIэ-псэупIэхэмрэ хъунщIэтеуэхэмрэ Къэбэрдейм зэрызэхищIа щIыкIэр IупщIу къыхощ ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил и «Къэфкъазым щыпсэухэм ятеухуа тхыгъэми». И щхьэр течауэ пщыр топсэлъыхь «Къэфкъаз Хъий» зыфIаща урыс щIыгъунэм лъэпкъкIи динкIи зэхамыдзу гукъыдэж зиIэ псори ирагъэтIысхьэу щIы щыхупачын зэрыщIадзэрэ, хэкурысхэм псэупIэ зэрамыIэжыр. «Адыгэхэр игъащIэ лъандэм Урысейм хуэпэжу къекIуэкIащ, епцIыжын муради яIакъым, - щыжеIэ Исмэхьил а тхыгъэм, - сыту жыпIэмэ, ХьэтIохъущокъуэ Мамбэтрэ Мысост Къэсейрэ къытхуагъэна уэсятщ Урысеймрэ Бахъсэнрэ дымыбгынэныр. Ауэ, япэрауэ, Урысейм къэбэрдейхэм къахуищI дзыхьым кIуэ пэтми хощI, къащхьэщигъэувэ унафэщIхэми лей зэрахьэ. Гъэсэныгъэм хуэхей лъэпкъ щIэныгъэншэу къэбэрдейхэм я унафэм щIэту къэгъуэгурыкIуахэр Урысейм игъэгушхуэурэ хъунщIэнымрэ дыгъуэнымрэ хабзэ хъуащ. Къэфкъаз губернием дэтхэнэ зыри итIысхьэну хуит зыщI Манифест мин щибл блыщIрэ тху гъэм къызэрыдэкIрэ, къэбэрдейхэм я псэукIэр гузэвэгъуэ дыдэм хуэкIуащ, пасэ зэманым тэтэр хабзэншэхэм зыщахъумэн щхьэкIэ Урысей пащтыхьыгъуэм зыщыхуагъэзам щытыкIэр зэрыхуэмыдэжыр къигъэлъагъуэу. Гъунапкъэр яухуэу абдежым урыс къуажэхэр зэрагъэтIысрэ, къэбэрдейхэм я хъупIэхэри, гъавэ щасэ я губгъуэхэри, я мэкъупIэхэри яфIэкIуэдащ, я Iэщым ирагъэшхыни езыхэм яшхыни яIэжкъым. Iэщыр хъупIэм ирагъэхьэн папщIэ, унафэщIым хуит зыкърагъэщIын хуейщ, ар егъэлеяуэ гугъущ, Iуэхур зи IэмыщIэ илъхэм я фейдэ хэхыпIэу. Апхуэдэ щIыкIэу къэбэрдейхэм я мылъкур хамэм Iэрыхьащ… Нобэр къыздэсым пщы къэс хамэ мылъку хэмыIэбэу езым ейр и ерыскъыпхъэу къекIуэкIамэ, иджы Къэбэрдеишхуэми, Джылахъстэнейми, Кавказым щыпсэу адрей лъэпкъхэми ящIхэр трахыурэ, псори дыгъуэнымрэ хъунщIэнымрэ ирахулIауэ, зыр адрейм ебгъэрыкIуэныр хабзэ щохъу».
ХьэтIохъущокъуэр иджыри и фIэщу мэгугъэ пащтыхьым Iуэхур зытетыр къищIэмэ, захуагъэр текIуэну. Пэж дыдэуи, а зэманым тахътэм итIысхьагъащIэ Александр Езанэр тхьэусыхафэхэм хуэхьэтырыншэтэкъым. Абы и зы щапхъэщ Исмэхьил пащтыхьым и цIэкIэ и лъэпкъым къыщхьэщыжу хуригъэхьа тхыгъэм жэуап пыухыкIа зэригъуэтар. Кавказ лейзехьэхэм я пашэ Булгаков Сергей и чэзум къытехуа урыс пащтыхь шабзэшэр захуэу тепсапIэм хуэзунэтIа шабзэхэм язщ пщы Исмэхьил и къэлэм жанри. А зэманыр къэсын ипи, мин щийрэ плIы гъэм, тхыдэ жыжьэм Iэбэм, зэрыт лъэхъэнэм къигъэзэжурэ, пщым къыщIегъэщ Къэбэрдейм щыгущIэгъуншэ, унафэ пхэнжкIэ цIыхубэр бэлыхь хэзыдзэ генералхэм я къуаншагъэр. ХьэтIохъущокъуэм пащтыхьым гуригъэIуэну хэтщ адыгэхэр зищIысри, Кавказ Хъийм щызекIуэ Iэуэлъауэхэр зэрыбгъэзэкIуэжыфын Iэмалхэм я нэхъыфIри. Пщым нэгъэсыпауэ зэпкърех урысхэр къэбэрдейхэм щIагурымыIуэжыф щхьэусыгъуэхэр.
А щхьэусыгъуэхэм езы Исмэхьил и Iуэхур зыIутари нэхъ гунэсу къыбгурагъаIуэ. ИщхьэкIэ и гугъу щытщIащ ХьэтIохъущокъуэр къыщалъхуами ар Урысейм щыкIуа илъэсми теухуауэ щIэныгъэлIхэм я акъыл зэрызэтемыхуэр. «Илъэс тIощIым нэблэгъэнщ сэ хэкур зэрызыбгынэрэ», - щыжеIэ Исмэхьил мин щийрэ тхуы гъэм къэбэрдей хасэм и пащхьэм. «Абы тепщIыхьмэ, - жеIэ Косвен, - ХьэтIохъущокъуэм IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ зригъэгъуэтын папщIэ, и адэм мин щибл пщIейрэ тхуы гъэм Урысейм игъэкIуауэ жыпIэ хъунущ. Ар зэрыхуэбгъэфэщэнкIэ иджыри щIалэт, итIани ар хунэсакIэт зауэ Iуэху гуэрхэми хэтыну», - жеIэ щIэныгъэлIым.
Исмэхьил и щIалагъыр Косвен къызыхихыр ар минрэ щиблрэ блыщIрэ зы гъэм къалъхуауэ зэрыхуигъэфащэр аращ, ауэ «зыхэтыну зыхунэса зауэ Iуэхухэм» и гугъу ищIкъым. Тыгъуэн Рашиди Исмэхьил хэкум мин щибл ищIрэ тхуы-мин щибл ищIрэ хы гъэхэм икIауэ хуегъэфащэ, ауэ а зэманым абы и щIэныгъэ Iуэхухэр зэфIигъэкIауэ дзэми IэкIуэлъакIуэу зэрыхэтам тепщIыхьмэ, пщыр къыщалъхуа илъэсыр мин щибл тхущI гъэрщ, Косвен зэрилъытэм хуэдэу мин щибл блыщIрэ зы гъэракъым, - жеIэ Тыгъуэным. КъинэмыщIауэ, щIэныгъэлIым и Iуэху еплъыкIэмкIэ, сыт щыгъуи Кърымым и лъэныкъуэ зыIыгъа ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэ, и къуэр Урысейм зэригъэкIуам ар Iэмалыншэ зыщI щхьэусыгъуэ пыухыкIа иIауэ щытын хуеящ.
Темрыкъуэ дунейм щехыжар мин щибл пщIей гъэращ. Исмэхьил Урысейм и адэр псэууэ кIуами, и уэсят игъэзэщIауэ арами тщIэркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар мин щибл ищIрэ тху гъэм Къэбэрдейм къыщыхъуа Iэуэлъауэхэм язым гъэщIэгъуэну къыхощ, икIи урыс дэфтэрхэм абы и цIэр къызэрыщраIуэ щIыкIэм къегъэлъагъуэ а зэманым ар ныбжьыщIэу зэрыщымытар. Зи гугъу тщIыр мин щибл ищIрэ тхуы – мин щибл бгъущIрэ зы гъэхэм щихъ Мансур зыфIэзыщыжа шэшэн щIалэ Ушурма и унафэм щIэту Къэфкъазым къыщыхъея зауэ-банэрщ. «Алды щыщ къуажэдэс тхьэмыщкIэ Ушурма и дин ерыщагъымрэ а лъэхъэнэм и щытыкIэмрэ зэхъулIэри, лъэпкъ къызэщIэхъееныгъэ абрагъуэм и пашэ хъуа щIалэм илъэсипщI зыбжанэ зыхьа Къэфкъаз зауэр къыдэхъеящ», - щетх шэшэн тхакIуэ Мусаев Алауди минитIрэ блы гъэм къыдигъэкIа «Щихъ Мансур» тхылъым. Абы напэкIуэцI куэд щеубыд Ушурма къэбэрдейхэми адыгэ-шэрджэсхэми ялъэIэсу зэрыщыта щIыкIэм.
«ЕпщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Къэбэрдейм щытекIуэпа муслъымэн диныр цIыхубэ зэхэтыкIэм и хабзэхэр зыгъэзакIуэ щIэныгъэ къудей мыхъуу, зэрыпхъуакIуэм пэщIэзыгъэувэфын бэракъ яхуэхъуат бгырысхэм, - щыжеIэ Дзэмыхь Къасболэт «Адыгэхэр: тхыдэм и Iыхьэхэр» тхылъым. - Апхуэдэ дыдэ щапхъэт епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и кIэм къэбэрдей куэд зыхэпщIа, Шэшэным щихъ Мансур и пашэу къыщыхъея банэныгъэр».
А зэманращ Урысеймрэ Кавказымрэ я зэхущытыкIэр «зауэ» зыфIэпщын щытыкIэм щыхуэкIуар. Адыгэхэм я гугъу пщIымэ, Ушурма утыку къихьэн ипэ, Къэбэрдейр Урысейм и лъэныкъуэу, КъуэхьэпIэ Шэрджэсейр Тыркум и унафэ щIэту къекIуэкIт. Къэфкъаз лъэпкъхэри къэралышхуэ гуэрым щыгугъын фIэкIа, езыр-езыру зы къару хъуфын хуэдэу иджыри зэи зэгухьатэкъым. Iуэхур зыхуэкIуар пащтыхьыгъуэм и политикэ игъуэджэм имыIэужьу пхужыIэнукъым. Урысейм, зы лъэныкъуэкIэ, бгырыс лъэпкъхэм Къэбэрдейм хуаIэ фIэлIыкIыр къигъэсэбэпу, зэры-Къэфкъазу зригъэдэIуэну хэтт. Ауэ щыхъукIэ, Къэбэрдейр лъэрызехьэ имыщIын папщIэ, абы и унафэ щIэт осетинхэми, шэшэнхэми, адрей цIыху бжыгъэкIэ нэхъ мащIэ лъэпкъхэми къащхьэщыж зищIурэ, къэбэрдейхэм иригъэныкъуэкъурт. Абы и зы щапхъэщ къумыкъухэмрэ шэшэнхэмрэ къэбэрдейхэм зыпэщIасэу зыкъызэраIэтауэ щытар. А политикэ пхэнжыр зытехуэжыпхъэр къезыхьэжьарати, Ушурма зи цIэ шэшэн щIалэ, дин еджапIэ къикIыжагъащIэр илъэс тIощIрэ тхуы фIэкIа имыныбжьу, и унащхьэм къытеувэри и лъэпкъэгъухэр зэрыпхъуакIуэм пэщIэувэну къыхуриджащ:
«Сэ, Мансур, мыр вжызоIэ! Мухьэммэд лIыкIуэ лъапIэр пщIыхьэпIэу къысхуэкIуэри къызжиIащ минрэ хы гъэм абы и цIэр зезыхьэ Мэхьди Iимамыр къэкIуэн зэрыхуеяр. Ауэ а зэманыр блэкIащ, иджы сэ, Мансур Iимамым муслъымэнхэм Алыхь гъуэгур езгъэлъагъуну си пщэ къыдэхуащ. Фымышынэу си ужь фыкъиувэ, си къыхуеджэныгъэр Тхьэм къабыл ещI… Ди дзэр борэным хуэдэу джаур къуажэхэм дэхьэнурэ псоми къанэ щымыIэу ди хабзэр къащтэнущ. Абдежым дэ къыдгуэмыхьа муслъымэнхэр щIегъуэжынурэ гъуэгу захуэм теувэжынущ. АпщIондэху и акъылым къимыхьэжу къыдэзэуэн щызымыгъэтхэр тIууэ зэгуэдупщIыкIынущ, я зы ныкъуэр – хьэ, адрей ныкъуэр – кхъуэ хъууэ». Иджыри къэс къызэрымыхъуауэ, Къэфкъаз хэкурысхэм ефэнри, дыгъуэнри, диным игъэхьэрэм адрей хьэлхэри зэханауэ, Iимамым иужь щиувэм, Тыркум ефэнды хуэдэу тIасхъэщIэх кърагъэкIащ а къэунэхуар муслъымэн тхылъхэм зэритым хуэдэу, бегъымбар щIэблэм къыхэкIын хуей Iимамышхуэрарэ армырарэ зэхигъэкIыну и пщэрылъу. Махуэ тIощIрэ тхукIэ Ушурма деж щыхьэщIа а тIасхъэщIэхым и тхылъымпIэхэр урысхэм къаIэрыхьэри я гур псэхужащ. «Мыр муслъымэнхэр зыпэплъэ Iимамракъым. Шэшэну жеIэ, ауэ нэгъуэщIыпIэ къиIэпхъукIауэ фэ тетщ. Тыркубзэ ищIэркъым е апхуэдэфэ зытрегъауэ, дызэрызэпсэлъар хьэрыпыбзэщ. ЩIэныгъэ бгъэдэлъкъым, динми итхьэкъуакъым, ауэ и нэмэз щIыгъуэ блигъэкIкъым. ЩIэныгъэлI хуэдэу цIыхуих и гъусэ зэпытщ, я пашэм пщIэшхуэ хуащIу, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIауэ зауэлI миних бгъэдэтщ», - яхуитхт и унафэщIхэм Анкара нэсыжа тырку тIасхъэщIэхым.
Нэхъ гъэщIэгъуэныжщ Ушурма и телъхьэ хъуа къэбэрдеипщхэр Урысейм и лъэныкъуэ ищIыжын папщIэ, а зэманым Къэфкъазым и тепщэу щыта Потёмкин Павел абыхэм зырызахуигъэза къыхуеджэныгъэр. Абы и хъыбарыр и тхылъым къыщеIуэтэж зи гугъу тщIа Мусаев Алауди:
«Езы Потёмкиныр, зауэлI минитху дэщIыгъуу Бещто лъэныкъуэкIэ иунэтIри, Балъкъ деж щиувыкIащ, иужьрей зэбгъэрыкIуэгъуэм хэтын папщIэ. Абы иджыри гугъэ фIэкIуэдатэкъым Мансур и лъэныкъуэ зызыщIа къэбэрдеипщхэмрэ уэркъхэмрэ «я акъыл къришэжынуи», тхылъ яхуригъэхьащ, «Мансур зыкъевмыгъэгъапцIэ» жиIэу къыхуриджэу. А тхыгъэр теплъэкIи купщIэкIи зыкIи ещхьтэкъым генералым и Iэдакъэ къыщIэкI хабзэу, зауэмрэ политикэмрэ теухуа тхыгъэхэм, дин философием щыщ пэлъытэт:
«Алыхьталэр лъэщщ, и къаруми, и Iущагъми, Езыми гъунэ иIэкъым, - итхырт Потёмкиным. – Абы уафэри, дунейри, абы щызекIуэ хабзэхэри иухуащ. ЦIыхур ефIэкIуэн папщIэ, абы къытхуигъэува хабзэр зыхъумэнухэр къытхуигъэкIуащ. А лIыкIуэхэм япэ итащ Муса бегъымбарыр, етIуанэу - Хьиса лъапIэр, иджы Азие псом ещанэ лIыкIуэу къигъэкIуа Мухьэммэд бегъымбар лъапIэм пщIэ щыхуащI. КъурIэным жеIэ а щым иужькIэ хабзэщIэ къэзыхьын нэгъуэщI лIыкIуэ зэрыщымыIэнур. Дэнэ къыздикIар Мансур Iимамыр? Сыт къабыл ящIыр КъурIэным и хабзэми и хьэрфми щымыгъуазэу зи нэ къыщхьэрипхъуа лъэпкъхэм? Щихъ пцIыупсым, цIыхухэр зэрынэфыр и тегъэщIапIэу, телъыджэлажьэхэр къигъэхъун хуэдэу зегъэтхьэгурымагъуэ, ауэ зы закъуэ нэхъ мыхъуми къигъэхъуа? Дуней псом и Iэхьэ кIапэхэм нэсу макъышхуэ игъэIуну жеIэ – зыгуэрым зэхиха а макъыр? НэгъуэщI дин зезыхьэхэр дэгу-нэф ищIу уафэм уафэгъуагъуэ къриутIыпщхьэхыну жеIэ – зыгуэрым зэхиха а уафэгъуагъуэр, хьэмэ урыс сэлэтхэр дэгу-нэф хъуауэ илъэгъуа? Иджы гъунапкъэм къэзгъэзэжауэ къысIэщIалъхьа Iэщэр къуаншэм тезгъэпсэну си мурадщ. Дин зезыхьэхэм я гугъу зэрызмыщIынум шэч къытрырамыхьэ. Пэжым тет цIыхубэри иремыгузавэ си зэран екIынкIэ, псори императорым и Iэщэм къезгъэхъумэнущ. Ауэ щIэпхъаджащIэхэр зэхэзехуэн сщIынущ, зэтезукIэнущ, удын ятезгъэхуэнущ, ящIам хущIегъуэжауэ, хуэдгъэгъуну лъаIуэу ди пащхьэм къихьэху».
Къэбэрдеипщхэр Потёмкиным жиIэм щедаIуэм, абы и дзэри Балъкъ деж Iуту щалъагъум, лIыкIуэхэри щахуигъакIуэм, афIэкIа щIыналъэм и тетым емыныкъуэкъуну мурад ящIащ…»
Мин щий бгъущIрэ зы гъэм Анапэ деж щаубыда Ушурма илъэсищым и кIуэцIкIэ хьэпсым сымаджэ щыхъури дунейм ехыжащ. «Мис ар щихъ дыдэт, - щыжрегъэIэ абы теухуауэ Толстой Лев Хъан-Магомэ, Мэзыхьэ Борис адыгэбзэкIэ тхузэридзэкIа «Хьэжы-Муратым». - Абы и Iимамыгъуэм цIыхухэри нэгъуэщIу щытащ. Абы къуажэ-къуажэхэр щызэхикIухькIэ, цIыхухэр къыпежьэт, и цей кхъуащIэм ба къыхуащIу, яIэщIэщIа гуэныхьхэм щхьэкIэ тобэ къахьыжу, афIэкIа мыхъумыщIэ ямылэжьыну тхьэ яIуэу. ЛIыжьхэм жаIэу щытащ: абы щыгъуэм цIыхухэр щихъым хуэдэу псэуахэщ – тутын емыфэхэу, фадэ зыIуамылъхьэу, я нэмэз бламыгъэкIыу, губгъэн зэхуагъэгъуу, хэбгъэзыхьмэ, ялъ ямыщIэжу. Абы щыгъуэ ахъшэ е хьэпшып къагъуэтамэ, къурагъым пащIэти гъуэгущхьэIум щыхатIэт. Абы щыгъуэ Тхьэри цIыхухэм къахуэфIт, иджы хуэмыдэу».
Адыгэхэм я деж щихъ Мансур пщIэуэ щиIар къыхощ кIахэ адыгэхэм яхъума уэрэдыжьым:
ЗэуапIэм ар Iуфэмэ аслъэн хабзэу мэзекIо,
Чэчэны дзэкIолIэуи шыихъи Мансурба.
Анапэ пытапIэми заор къыщыуатылIэ,
ЛIыхъу псэемыблэжьыри гъэрэу аубыты.
(ЗауапIэм ар Iухуэмэ аслъэн хабзэу мэзекIуэ
Шэшэн зекIуэлIыуи щихъ Мансуркъэ.
Iэнапэ быдапIэми зауэр къыщыуатылIэ,
ЛIыхъу псэемыблэжри гъэру яубыд).
Мы зэщIэхъееныгъэм дытепсэлъыхьын хуей щIэхъуар зи гугъу тщIы ХьэтIохъущокъуэ унагъуэр а Iуэхум мыцIыкIуфэкIуу зэрыхэпщIаращ. МыгъэщIэгъуэн хуэдэу щытщ а зэманым къэбэрдейхэм я фIэщхъуныгъэ Iуэхухэр зи пщэ дэзылъхьэжа, Исмэхьил и къуэш нэхъыщIэ ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрии Абыкъу Исхьэкъи Ушурма пыщIауэ зэрыщытар. Ауэ шэшэн Iимамым и жьауэм щIэува къэбэрдейхэм теухуауэ ятхыжа урыс дэфтэрхэм дыщрохьэлIэ ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил и цIэми. «Темрыкъуэ Исмэхьил, Бэмат Мысост и къуэшым и къуэр, зэщIэхъееныгъэр екIуэкIыху нэхъ къыдэбзэджэкIахэм (дыкъигъапцIэу, жыхуиIэщ) язщ», - хуитхт и унафэщIым Потёмкин Павел.
Исмэхьил а зэщIэхъееныгъэм хищIыхьам дыщыгъуазэкъым, ауэ а щапхъэр, япэрауэ, сэбэп мэхъу Исмэхьил «фIэщхъуныгъэ ныкъуэкъуэх» зыфIищар зищIысыр къэтщIэну. ЕтIуанэрауи, абы Iэмал къыдет лIыпIэ иува нэужь, фIэщхъуныгъэр политикэ Iуэху имыщIу, къызыхэкIами зыхэхьами ядекIуэкIыфа пщыр куэдкIэ нэхъ жыжьэрыплъэу къызэрыщIэкIар къыдгурыIуэну. Захуагъэм темыт банэныгъэм ар къезыхьэжьа цIыхур зэригъэпудыр, зи бэракъ иIэт муслъымэныгъэри адыгагъэри зэригъэпцIыжыр къыхощ Лермонтов Исмэхьил-бей Iурилъхьа псалъэуха шэрыуэм:
Аракъым къэзэуат зыфIащыр,
ЩIыхьуи нэгъуэщIщ зыхуэзгъэфащэр.
Лермонтов и Исмэхьил-бей уи гум дэзыгъэхьэ щэн дыдэр дыболъагъу ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьили: хэкум и фейдэ зыхэлъым теухуауэ и еплъыкIэм зихъуэжами, абы къыщалъхуа щIыналъэм хуиIэ фIылъагъури и фIэщхъуныгъэри къэтIэсхъакъым. Ар къыбгурегъаIуэ пщым Кочубей зэрызэхуигъэза тхыгъэм щыщ пычыгъуэм: «Абыхэм мурадыфI зиIэхэри яхэтщ, адрейхэм я псынщIагъымрэ иджыри къэс шэрихьэтым хэмыта ткIиягъымрэ къыхагъэзыхьу, я гъэрыпIэм щыгызхэу, ауэ псори захуагъэм трашэжын гугъэр иджыри яфIэмыкIуэдыпауэ».
А гупсысэ дыдэм тохуэ Исмэхьил хасэм и пащхьэм щыжиIэри: «И нэр исыжкъым дэ дызыхэт тхьэмыщкIагъэр зымылъагъум, и щхьэр зэкIуэкIащ Тхьэр къызэрытхуэгубжьам гу лъызымытэм. ФызэтеувыIэ, лъэпкъ насыпыншэ, фи акъыл фихьэж, фегупсыс дэр нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъэщым дыпэлъэщынрэ дыпэмылъэщынрэ, ди щхьэр хэдвмыгъалъхьэ, фызэчэнджэщ мы хасэм кърихьэлIахэр, ди лъэпкъым къылъэIэса шынагъуэр зыщхьэщытха зэрыхъунум и унафэр фщIы… КъурIэным сытеIэбэурэ псом япэ тхьэ сIуэнщ лъэпкъым ифI хэлъу сыт хуэдэ унафэ фщIыми, цIыхур зыгъэжакъуэ хьэгъапхъэхэм ар ящысхъумэнкIэ – си псэр пытыху, лъы ткIуэпс къысщIэмынэжыху… Ди лIыкIуэ лъапIэми, зэи зи уасэр мыкIуэщIын КъурIэнми жаIэ Алыхьталэм гъуэщар гъуэгу захуэ тришэжын папщIэ, абы япэ щIыкIэ гузэвэгъуэ мащIэ къызэрыхуигъакIуэр. Зимыхъуэжмэ, бэлыхьым къыхухегъахъуэ... Нобэ нэфымрэ акъылыншэмрэщ Тхьэм и ней къызэрытщыхуар зымылъагъур». А пычыгъуэхэм наIуэ ящI и гур къабзэрэ и гупсысэр куууэ лъэпкъ Iуэхум бгъэдэхьэ пщыр гугъэ кунэфкIэ къэгъэпцIэгъуафIэу зэрыщымытар, щIалагъкIэ жьы къыкъуэуам щрихьэжьэ къэхъуами, ищIэр къыгурыIуэжу и Iуэху бгъэдыхьэкIэр зэрихъуэжар.
Зэкъуэшхэр зэрыукIыжакъым
Лермонтов мы поэмэм къыщыхуэсэбэпа хъыбархэр щызэхихыну Iэмал нэхъ щиIа мин щий тIощIрэ тхуы гъэм ар Псыхуабэ и Iэгъуэблагъэм щыпсэу и анэшхуэм и шыпхъу Хастатовэ Екатеринэ деж щыхьэщIат, зэрыжаIэжымкIи, Исмэхьил иухуа Хьэжыхьэблэм Къурмэн махуэу сабийуэ здашауэ щытащ. УсакIуэм абы и нэгу щыщIэкIар поэмэми къыхощ:
Гъэр кIуащ. ГуфIэгъуэм зэщIищтауэ
Ихъуреягъым я Къурмэнщ,
КъурIэн еджэнри къигъэнауэ
Молэм къигъаджэкъым азэн;
Мэжджытым нэхум зыщегъазэ…
А зэманым Къэбэрдейр Ермоловым и лъабжьэм щIэувакIэт, бгырысхэм япэIэщIэ хуэдэу хъуа Псыхуабэ и Iэгъуэблагъэри зыплъыхьакIуэхэм я зэштегъэупIэт. УсакIуэм и благъэхэми и цIыхугъэхэми яхэтт ХьэтIохъущокъуэм и гугъу къыхуэзыщIыфын куэд, пщыр урысыдзэм зэрыхэтам и щхьэусыгъуэкIэ. Ауэ Исмэхьил Къэбэрдейм къэкIуэжа нэужь зэрыщыпсэуа щIыкIэм щыгъуазэу, уеблэмэ и нэкIи зылъэгъуа псэлъэгъуу усакIуэм иIар; зи къуэпсхэр кърым хъанхэм деж нэсыжу, усакIуэр щыхьэщIэ хабзэ Хастатовхэ я малъхъэ Шан-Гирей Павелт. Литературэдж Вырыпаев Пётр ар къызэрыхъуа щIыкIэр къыщыдгурегъаIуэ «Лермонтовым и гъащIэ гъуэгум техуауэ тхыгъэщIэхэр» тхылъым:
«Мин щийрэ пщIы гъэм щегъэжьауэ Павел Петрович епщыкIуханэ къэзакъ шуудзэм прапорщикыу ягъэкIуат. Офицер щIалэр иджыри зиплъыхьынуи, зекIуэлI гъащIэм хэзэгъэнуи хунэсатэкъым накъыгъэм и тIощIрэ бгъум «хьэкIэкхъуэкIэхэм я гъуэр», нэгъуэщIу жыпIэмэ, ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил игъэIэпхъуэу игъэтIыса къуажэщIэр зэтракъутэну унафэ къащыIэрыхьам. Кавказыр къыщазэум щыгъуэ, ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил, езыр урысыдзэм зэрыхэтым хуэдэу, урыс къулыкъущIэхэм я унафэ игъэзэщIэн идэтэкъым. Ар зыкъэзыIэта бгырысхэм – къэбэрдейхэм, нэгъуейхэм - быдэу япыщIат, ахэр урысхэм емыдэIуэну къыхуриджэу, урысыдзэм пэгъунэгъуу къуажэщIэхэр яухуэну ядэIэпыкъут.
ХьэтIохъущокъуэр езыр къэбэрдеипщт. Абы зэрихьэ псори ящIэт унафэщIхэми пщым и Iуэхухэр щызэфIих щIыпIэр зи нэIэ щIэт епщыкIуханэ къэзакъ шуудзэм и гарнизонми. И лъэпкъэгъухэр урысхэм жыIэдаIуэ яхуищIын папщIэ Бытырбыху кърагъэкIыжа пщым зэхищIыхьхэм Къэфкъазым ис къулыкъущIэхэр зэгуигъэпт. Пщыр зыми хуемыплъэкIыу и щхьэ и унафэкIэ псэут, урыс дзэзешэхэм захуимыгъэлъахъшэу. Абы гурыщхъуэ хуащIт урысхэм епцIыжауэ, а Iуэхум ипкъ иткIи нэхъыщхьэхэм бзэгу хуахь зэпытт. Мис, псалъэм папщIэ, Исмэхьил теухуауэ Булгаков-генералым и унафэщIхэм яхуитхыр:
«Си дзэр сщIыгъуу Къэбэрдейм сыщыщыIэм хъыбар къысхуахьащ пщы ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил полковникым щхьэзыфIэфIу езым и унафэ щIэтхэмрэ еIуящIэ гупрэ зэхуишэсу, Константиногорск деж, Бещто и Iэгъуэблагъэм ит мэзхэм, нэгъабэрейм ещхьыркъабзэу фIы зигу имылъ цIыху къуейщIейхэм зыгъэпщкIупIэ яхуэхъу къуажэ щиухуауэ. Си къалэн пажэу солъытэ Iей псори и щIэдзапIэ дыдэм деж щызгъэкIуэдыжыныр, абы къыхэкIыу епщыкIуханэ къэзакъ шуудзэм и полковник Курнатовскэм унафэ хуэсщIащ «хьэкIэкхъуэкIэхэм я гъуэ» фIэкIа зыфIумыщыфыну а къуажэр зэтрикъутэпэну»…
«Павел Петрович игу ириубыда хъунт ягъэса къуажэхэм я цIэхэр; къуажэдэсхэм ебгъэрыкIуэ зауэлIхэм зэхащIыхьхэри илъэгъуамэ, а псори Лермонтов жриIэжа къыщIэкIынт. Офицер щIалэм хэкIуэдахэм ягу ящIэгъути, езым зыхищIар усакIуэ щIалэми игу ирилъхьэфащ», - етх Вырыпаевым, зи гугъу ищI къэхъукъащIэм тепсэлъыхь поэмэм щыщ пычыгъуэр къихьурэ:
Ес къуажэ гупыр, бийм IэщIэмыкIыфу,
ХокIуэдэжыпэ Хэкум и быныфIхэр,
МафIэс мыухым, гъуабжэгъуэщ нэхъей,
Пшэр игъэуфIыцIу, нэр егъэгужьей.
И текIуэныгъэр мыжурэпэм фIэлъу,
Бжэр Iуетхъ зауэлIу хьэкIэкхъуэкIэ Iэлым:
Сабийхэри, лIыжь кхъахэри еукI;
Анэ ныбжьыщIэ, хьэмэ хъыджэбз цIыкIу
КъыIэрыхьам, лъы IэгукIэ йодэхащIэ…
Вырыпаевым ХьэтIохъущокъуэм бийм и нэкIэ узэрыIуигъаплъэм нэмыщI, ар къыдэзыхьэхыф лIыгъэм и сурэтри уегъэлъагъу, поэмэмрэ гъащIэмрэ я зэхуаку гъунапкъэшхуэ зэрыдэмылъым гупсысэкIэ ухуишэу.
Гулъытэ хуэфащэщ поэмэм и зэхэлъхьэкIэм декабрист Якубович ижь къыщIихуауэ зэрыжаIэми. Урысыдзэм хэтауэ Къэфкъазым щыщ зэкъуэшитI зэрыукIыжу тхыгъэ зыхэплъхьэ зэрыхъунур и ныбжьэгъу тхакIуэм хуигъэхъыбарурэ, декабристым «псалъэм папщIэ» хуэдэу, къэхъуар уи нэгу къыщIэзымыгъэхьэ псалъэухакIэ Мысост Рослъэмбэч и цIэр къреIуэ. Поэмэми Исмэхьил-бей Рослъэмбэч иукIауэщ зэрыхэтыр. А IуэхугъуитIыр зэпащIэри, гъащIэми къыщыхъуар ардыдэрауэ хуагъэфащэ щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм. Якубович и тхыгъэр тегъэщIапIэ пщIын хуэдэу зэхэхауэ зэрыщымытым тепсэлъыхьащ ищхьэкIэ зи цIэ къыщитIуа Тыгъуэн Рашиди. Ауэ щIэныгъэлIым нэхъ дзыхьщIыгъуэджэжу нэгъуэщI тхыгъэ Iуэхум къыхелъхьэ, ар и тегъэщIапIэу иджы ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил Мысост Рослъэмбэчыр иукIауэ къыщIригъэдзу. Совет лъэхъэнэм Iуэху къызэрыгуэкI хуэдэу щытт пщыхэм я цIэ бгъэулъииныр, ара къыщIэкIынщ ХьэтIохъущокъуэ зэкъуэшхэм фэ Iей къатезыгъауэ тхыгъэхэр щIэбэгъуар. Нобэ хуиту дыпсалъэ хуэдэу щыщыткIэ, тхыдэм лъэужь дахэ къыхэзына лIы махуэхэм ятеухуауэ гурыщхъуэ къытхуэмынэныр тфIэигъуэт.
Псыхуабэ деж «Каррас»-кIэ еджэу (иджы-Иноземцевэ) Шотландием щыщ дин къыхуеджакIуэхэм я колоние щытащ, Къэфкъазым щыпсэухэр чыристан ящIыну щыгугъыу, мин щийрэ тIу гъэм Александр Езанэм и унафэкIэ кърагъэтIысхьауэ. Тыгъуэн Рашад и «Измаил-бей» тхылъым къыщехь а къуажэм и тхьэмадэу щыта Патерсон Александр Урысейм къэрал кIуэцIхэмкIэ и министр Козодавлев Осип мин щийрэ пщыкIущ гъэм хуригъэхьа тхыгъэм щыщ пычыгъуэ: «Ди гъунэгъухэм, псом хуэмыдэу къэбэрдейхэм, егъэлеяуэ дыкъулейуэ къащохъу, тхылъымпIэ ахъшэ щIэрыпсхэр къыздитхыр къагурымыIуэу. Ахэр дэ езым теддзэу хуагъэфащэри, сыт щыгъуи ахъшэ ди куэд я гугъэщ. Абы къыхэкIкIэ, пщитIым дагъэшынэну хэтащ, дахъунщIэн я мураду, уеблэмэ къыдэбгъэрыкIуэну гъуэгу къытехьакIэт, ауэ Тхьэм гущIэгъу къытхуищIри я мурад щIэпхъаджэм дыIэщIихащ. Зым и цIэр Радочуке Огле Арстон Бейщ, е, урысхэм зэрыжаIэм тету - Арстар Бей Мозуст. Ар мин щийрэ пщыкIутI гъэм, щIышылэ мазэм и Iыхьлы Исмэхьил Бей ефэешхэм иригъэблагъэри, езыр щыту иригъэукIауэ щытащ. Езы Исмэхьил абы иужькIэ куэд дэмыкIыу Гумкъалэ щылIащ; тIури урысыдзэм полковникыу хэтащ». «Каррас и тхьэмадэ Патерсон Александр жиIэм дзыхь хуэщIыпхъэщ», - трегъэчыныхь Тыгъуэным.
Япэрауэ, Патерсон мыр зэритха бзэр тщIэкъым, Рослъэмбэч и цIэр мы зэрытлъагъум хуэдэу хуэбзэмыIуу, Исмэхьил-бей ейр IупщIу къыщIыхэщри зыми къыбгуригъаIуэкъым. ЕтIуанэрауэ, - ар икIи гу нэхъ зылъытапхъэ Iуэхущ, - Патерсон Александр зи жыIэ уи фIэщ пщIы хъун хуэдэ нэрыбгэу зэрыщымытар къызыхэщ дэфтэрхэр нэхъыбэщ, ХьэтIохъущокъуэ зэкъуэшитIыр зэм зэбгъурыту гъуэгум хъунщIакIуэу теувэу, зэм ефэешхэ зэдыхэхьэрэ зэрыукIыжу уи фIэщ зыщIыфхэм нэхърэ. ЖытIэм и щыхьэту къыдохь мин щий щэщIрэ тхуы гъэм Николай Езанэм «Къэфкъаз бгы лъапэхэм деж щыт Шотланд колонием, муслъымэнхэмрэ мажусийхэмрэ чыристан диным ирашэну хуит ящIахэм и IуэхукIэ» ищIа унафэр:
«Зи гугъу тщIы колонием илъэс зыбжанэ хъуауэ къыщыхъу Iэуэлъауэхэр зи Iэужьыр а къуажэм и тхьэмадэ цIэр хуэмыфащэу зыфIэзыщыжа Патерсон Александрщ. Къаугъэ къызэригъэхъеирейм, щIы IуэхукIи псэупIэ IуэхукIи колонистхэм лей зэрарихым ипкъ иткIэ, Патерсон Каррас игъэIэпхъукIын хуейуэ къызолъытэ».
Патерсон пцIы зытрилъхьэр ХьэтIохъущокъуэхэ я деж щиухкъым. Къэфкъаз хэкурысхэр, псалъэм папщIэ, адыгэхэр, чыристан диным ирашэну иджыпсту къыхуезыджэхэми къагъэсэбэп а лIым Нэгумэ Шорэ хуэмыфащэу ирипэсу пцIыуэ тригъэIукIауэ щыта псалъэхэр. Ар къыхощ тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Краснокутская Лидия «Урыс планета» Интернет сайтым минитIрэ пщыкIутху гъэм щIышылэм и щым ирита интервьюм къыщыжиIэм: «Къэбэрдей узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ Патерсон Александр зэгуэр жриIауэ щытащ ар «чыристан диным ихьэным хуэхьэзыру, ауэ и лъэпкъэгъухэм къазэрыгурымыIуэным къыхэкIкIэ къигъанэу».
А пцIыр здынэсри Патерсонрэ абы и лэжьэгъухэмрэ я зэфIэкIыр здынэсри къыбгурегъаIуэ ищхьэкIэ къыщытхьа Николай Езанэм и унафэм и адрей Iэхьэм: «Колонием щыпсэухэм илъэс щэщIрэ тIум и кIуэцIкIэ бгырысхэм ящыщу цIыхуибгъу фIэкIа чыристан диным ирашэфакъым, мин щий тIощIрэ и гъэ лъандэрэ зы нэрыбги чыристаныгъэр кърагъэщтэфакъым. Ауэ щыхъукIэ, Осетием щылажьэ къыхуеджакIуэхэм илъэс пщыкIублым и кIуэцIкIэ цIыху мин блыщIым жорыр къабыл ирагъэщIащ, а псом къегъэлъагъуэ колонием и щIым щIыхэдгъэхъуэн щхьэусыгъуэ зэрыщымыIэр».
Абы нэмыщIыжкIэ Нэгумэ Шорэ и фIэщхъуныгъэр зытещIыхьар фIыуэ къыхощ а зэман дыдэм Каррас щыпсэуа Глен Уильям и гукъэкIыжхэм. Глен къеIуэтэж тэтэрыбзэ зыщIэу миссионерхэм яхэта Галлоуэй Джеймс «Инджыл» узэзгъэджар дауэ къыпщыхъуа жиIэу Шорэ щеупщIым, Нэгумэм абы жэуапу къритар. «Тхылъым къызыхуриджэ щэныфIагъым дэзгъуэIакъым, - къыжриIэжащ абы Шорэ, - ауэ Тхьэм бын иIэу плъытэныр акъылми къищтэркъым уи фIэщи хъуркъым». Уи акъылым къимыщтэми, уи фIэщ пхуэщIынущ ар, жаIэу щыхагъэзыхьым: «Ар зи фIэщ хъункIи хъунур зэрыцIыкIурэ а гупсысэм щIапIыкIа фи сабийхэращ, Тхьэр зэрызакъуэр зыщIэ муслъымэным ар зэи къабыл ищIынукъым», - яжриIэжащ. ХущIыхьэр а хъыбарым къыщеджэфынущ Глен Уильям мин щий тIощIрэ щы гъэм Лондон къыщыдигъэкIа «Journal of a tour from Astrachan to Karras» тхылъым.
Iуэхум щымыщ хуэдэу зи гугъу тщIын хуей хъуа Нэгумэ Шорэ и гукъэкIыжхэр икъукIэ сэбэп мэхъу ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьилрэ абы и къуэшхэмрэ я лъэхъэнэри ищхьэкIэ зи гугъу тщIа зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыхъуа адыгэ цIыхубэм и зэхэтыкIэу щытари уи нэгу къыщIэбгъэхьэнымкIэ, сыту жыпIэмэ, Шорэ къыщалъхуар Исмэхьил иухуа Хьэжыхьэблэрт.
«Зи гугъу тщIа ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрийрэ Абыкъу Исхьэкърэ, - щыжеIэ Шорэ и тхылъым, - къэбэрдей лъэпкъыр шэрихьэт хабзэм трашат: щIэпхъэджащIэхэр зэхащIыхьам елъытауэ е яукIт, е я Iэпкълъэпкъым удын тралъхьэт. Тезырхэр мыпхуэдэу зэхидзырт: дыжьын сом нэхърэ мащIэ зыдыгъуам – и Iэ сэмэгур паупщIт; сомищэм щIигъу зыдыгъуам – и Iэ ижьымрэ лъакъуэ сэмэгумрэ; зинэ зыщIахэри яукIт. Мылъкумрэ цIыхур зыхуитымрэ пыщIа Iуэхугъуэ псори, пщы-уэркъхэмрэ пщылIхэмрэ я зэхуаку къыдэхъуэ Iуэхухэри дин хабзэм тету ягъэзакIуэт. А унафэм лъэпкъым фIы куэд къыхудэкIуащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абдежым щегъэжьауэ дэтхэнэ зыми хабзэншагъэ зэрихьэну шынэ хъуащ».
Шорэ дытепсэлъыхьын хуей щIэхъуа щхьэусыгъуэм дгъэзэжмэ, Исмэхьилрэ Рослъэмбэчрэ зыр адрейм теухуауэ зэрыхейр IупщIу къыхощ мин щий щэщIрэ блы гъэм Къэфкъазым къулыкъу щызезыхьа полковник Чайковский П. П. и гукъэкIыжу Косвен къихьым: «Ди дзэм и полковник, къэбэрдей щIалэ ахъырзэман Мысост Рослъэмбэч - европей щIэныгъэ иIэу, Александр и тыгъэхэмкIэ щIигъэнарэ къэфкъаз къулыкъущIэхэм ягъафIэу щытар, ПсыжьадрыщI икIщ, бгырысхэр къызэщIигъэхъаери, и теуэ гуащIэхэмкIэ урысхэр игъэгулэзу екIуэкIащ. Ар и благъэ гуэрым IулъхьэкIэ едгъэукIыжауэ щытащ».
Гу зэрылъытэгъуафIэщи, зэкъуэшитIым я быну щыт Рослъэмбэчрэ Исмэхьил-бейрэ усакIуэм зэрызэпэщIигъэувам тхыдэкIэ щхьэусыгъуэ гуэр иIауэ, лъабжьэ гуэри къыхуэтлъыхъуэми, усэм къыхэщыр Лермонтов къыбгъэдэкI литературэ Iэмал къудейуэ лъытэн хуейщ. ИщхьэкIэ къэтхьа щапхъэхэм къагъэлъагъуэ Рослъэмбэч Исмэхьил иукIауэ, е Исмэхьил Рослъэмбэч IэщIэкIуэдауэ ди фIэщ иращIыну къахь тхыдей щыхьэтхэр зэрылъэлъэжыгъуафIэр.
Ар щIэхъуэпст Къэбэрдейр Урысейм хуэзыгъадэ мамырыгъэм
Къэфшийуэ фи фыгъуэнэдыIэр
Ди гъащIэр щхьэ зэтефкъута?
Дыкъулейсызщи; къыдата
Ди хуитыныгъэр, ди мэзыжьхэр
Зэрыдмытынурщ дыщэ плъыжькIэ
ЗэрыдгъэлъапIэрщ дигу етауэ
ГущIыIэу фэ фызэлъэпауэр!
Лермонтов, «Исмэхьил-бей»
КIыхьыIуэ тфIэхъуа ди тхыгъэр ХьэтIохъущокъуэм теухуауэ тхыдэтххэм дызэращыгугъ тхылъ IувыфIым хуэтщIа пежьэ къудейщ. Ауэ ныкъуэжыIэу дыкъэмынэн папщIэ, псалъитI-щыкIэ и гугъу тщIынщ Къэфкъазыр жыхьэнмэ гъуэгу зыхуэхъуа урыс генералхэм яз Булгаков Сергей ХьэтIохъущокъуэр зэрыпэщIэтами.
ЗэрыжытIащи, Исмэхьил пащтыхьым и унафэкIэ хэкум къагъэкIуэжат, и лъэпкъэгъухэр урыс тетыгъуэм жыIэщIэ яхуищIын плъапIэкIэ. Езыри зи акъылэгъу а Iуэхум и зэфIэхыкIэр абы мыпхуэдэ щIыкIэу илъагъут: Къэфкъаз лъэпкъхэр игъащIэ лъандэми зэзыгъэдаIуэ къэбэрдейхэм я деж урысей хабзэр щызэтеувэмэ, адрей лъэпкъхэри Iэуэлъауэншэу Урысейм и жьауэ щIэувэнут. АрщхьэкIэ урыс къулыкъущIэхэм жаIэмрэ ящIэмрэ зэтехуэтэкъым. Абыхэм я мурадтэкъым Къэфкъазыр, Къэбэрдейр я пашэу, Урысейм и щIыналъэ щхьэхуэу къагъэнэныр: мамырыгъэ лъыхъуэ хуэдэу жаIэ щхьэкIэ, бгырыс лъэпкъхэр зэфIэгъэнэжыныр, я зэхуаку къаугъэ дэлъхьэныр я зэрыпхъуакIуэ Iэмалхэм язт. Исмэхьил щIэтхьэусыхэ Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэри арат – къэбэрдейхэм я унафэм щIэту къекIуэкIа лъэпкъхэр ягъэжакъуэурэ, Къэфкъаз щIыналъэр хабзэншэ зэрыхъуар. АрщхьэкIэ хэтыт пщыр зыхуэтхьэусыхэр? ЗыхэпсэукIын къызыхуамыгъэна бгырысхэр бэлэрыгъауэ Iэбэху, урысыдзэм щхьэусыгъуэ игъуэтт езым и хъунщIэтеуэхэм зригъэукъуэдиину. Абыхэм я зы щапхъэщ мин щийрэ пщIы гъэм Булгаковым Къэбэрдеймрэ ПсыжьадрыщIрэ щыщ къуажэ щитI зэрызэтригъэсхьар.
Исмэхьил и IэдакъэщIэкIыу хуагъэфащэ Булгаковым лей зэрызэрихьар пащтыхьым лъэIэсыжын хуэдэу, адыгэпщхэм, уэркъхэм, ефэндыхэм, «къэбэрдей цIыхубэ псом» къабгъэдэкIыу Вердеревский Николай хурагъэхьа тхьэусыхафэр: «Дызэрыт мин щийрэ пщIы гъэм зиусхьэн генерал-аншеф Булгаковыр щIыхь зиIэ императорышхуэм и дзэр зэхуишэсри зэшэзэпIэу къыттеуащ, ди унэхэм мафIэ ящIидзэри зэтригъэсхьащ, щIэлъыр иригъэдыгъуащ, Iэщыр ттрихащ, цIыхухэр иукIащ: Iэщышхуэу 6I50-рэ, шыуэ 5I5-рэ, хыву I25-рэ, мэлу 44 0I5-рэ, гъуаплъэ хьэкъущыкъуу пут 63I0-рэ, фоуэ пут 5895-рэ, афэ джанэу 52-рэ, фочу I80-рэ, сэшхуэу 300, къамэу I45-рэ, дыжьын ахъшэу 2900-рэ, дыжьын сом 5800-рэ зи уасэ хьэпшып, хугу илъу гу I420-рэ. Къундетхэрэ Тамбийхэрэ я цIыхуу нэрыбгэ 3I-рэ яукIащ, унэу 9895-рэ ягъэсащ, таж 3I-рэ ящтащ, мэжджыту III-рэ ягъэсащ, къутыр псэупIэу I000-м мафIэ щIадзэри хагъэкIуэдэжащ, гъэру нэрыбгэ 4I-рэ яубыдащ, абы ищIыIужкIэ зи бжыгъэр пхуэмыIуэтэн хьэпшып ящтащ. А жытIэр зэрыпэжым шэч къытомыхьэ. Абы ищIыIужкIэ шэшэнхэмрэ къэзакъхэмрэ ядыгъуам пэкIуэу дэ шы I000-рэ Iэщышхуэу 500-рэ къуэдыуэ дигъэтауэ иджы щыттIэгъэни тшхыни диIэжкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и хъунщIэтеуэр гъатхэ вэгъуэм хуигъэзащ. Дытхьэджэу, дэри зи щIыхьыр ин императорым дрицIыхущ, абы и хьэтыркIэ гущIэгъу къытхуэщIи гъавэ хэдгъасэ, ди напэр томых, домыгъэунэхъу жытIэу делъэIуами, ди хьэтыр илъэгъуакъым, иджы куэд дэмыкIыу цIыхухэр мэжэщIэлIагъэм илIыкIыну къыщIэкIынщ…»
Пащтыхь Александр апхуэдиз гущIэгъуншагъ къэзыгъэлъэгъуа и генералым къигъэуIэбжьат. «Булгаков-генералыр и къалэным ебакъуэри цIыхугъэм и гъунапкъэм икIащ», - хуитхащ пащтыхьым а Iуэхум теухуауэ дзэзешэ нэхъыщхьэ Тормасов Александр.
Генералым и Iуэхур зэхигъэкIын папщIэ, пащтыхьым Кавказым къигъэкIуа Вердеревский Николай къыщысам, Исмэхьил Булгаковым игъэтIысауэ хьэпсым ист. ХьэтIохъущокъуэм сыхьэтиткIэ епсэлъылIа нэужь, пщыр къригъэутIыпщыжам и мызакъуэу, кIэлъыплъакIуэм Булгаковым хуащI гурыщхъуэхэр зэхигъэкIащ. Вердеревскэр зи пашэ къулыкъущIэхэм къыщIагъэща мыхъумыщIагъэхэм иужькIэ, генералыр пащтыхь хъарзыналъэм зэретхьэкъуамкIэ ягъэкъуаншэу трагъэкIри мин щийрэ пщIы гъэм и дыгъэгъазэм Бытырбыху яшэжауэ щытащ.
ГъэщIэгъуэнщ Булгаковым лIэкIэ хуэхъуам теухуауэ урыс Iэщэм и уэчыл Красницкий Александр «Кавказ ягъэIэса» тхылъым щыжиIэр:
«…абы Урысейм Дербенти, Кубэри хигъэхьащ, гъэзийкъумыхъухэр игъэбэяуащ, итIанэ Шэшэныр зэтрикъутащ, КъэбэрдеитIри унафэм щIигъэуващ, ауэ… а генерал хахуэр тхылъымпIэзехьэ IуэхущIапIэхэм ядригъэкIуэкIа шэкъэ зауэм ихьыжащ. Ди лIыхъужьыр зэрамыгъэкъуэнша къэунэж! Къэбэрдейр емынэ узым иубыда – зи лажьэр Булгаковращ! Бгырысхэр еуэ-еуэу Гъунапкъэм къытеуэрэ – зи лажьэр Булгаковращ! Гумкъалэ мафIэс къыщыхъуа – зи лажьэр Булгаковращ! Шхий нэхъ зи мыхьэлъагъ Iуэху мыфэмыцхэр абы щытралъхьэ тхыгъэхэр мыувыIэу Бытырбыху лъатэхэрт. ЛIыхъужьым зиухеижыну зыхуигъэфэщакъым. Мин щийрэ пщыкIуз гъэм къулыкъум трагъэкIа нэужь, абы и щхьэм лъы дэуейри дунейм ехыжауэ щытащ».
Езы Исмэхьил дунейм зэрехыжа щIыкIэр нобэми IупщIкъым. ХьэхъупащIэ Iэмырхъан и уэрэдыжьыр зытеухуа Исмел-псыгъуэр арар пэжмэ, уэрэдым дэщIыгъу хъыбарым ар зауэ IэнатIэ Iуту хэкIуэдауэ къыхощ. Жэуап пыухыкIа къызыхуимыгъуэт упщIэм топсэлъыхь Косвен Марки:
«Къэфкъаз генералхэм я тхыгъэ зэIумыбзхэм хыумылъагъукIыжыф ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил и лIэныгъэр нобэми къуажэхь пэлъытэщ, - жеIэ щIэныгъэлIым. - Абы и жор-вагъуэр Бытырбыху мин щий пщырэ тIу гъэм и мэлыжьыхьым ирагъэхьыжакIэт, абы къыхэкIыу, езыр мин щий пщIырэ зы гъэм и кIэм, е минрэ щийрэ пщыкIутI гъэм и пэм дунейм ехыжауэ хуагъэфащэ къудейщ. Мин щий пщIырэ зы гъэм Къэфкъаз гъунапкъэм и нэхъыщхьэ Тормасов Александр зигъэхьэзырт ХьэтIохъущокъуэр къэбэрдейхэм къабгъэдэкIыу Къэфкъаз гъунапкъэм къыщызэIуахыну я мурад щэн-къэщэхунымкIэ комитетым и унафэщIхэм яз ищIыну. Абы хунэмысу дунейм ехыжащ пщыр…
ХьэтIохъущокъуэмрэ Булгаковымрэ зэрызэпэщIэтам и гуащIагъымрэ а «Къэфкъаз гъэIэсакIуэм» и икIагъ гущIэгъуншэмрэ ущыгъуазэмэ, Исмэхьил дунейм ехыжа нэужь, кIэщIу Рослъэмбэч зэрагъэкIуэда Iэмалри пщIэмэ, гугъукъым уи нэгу къыщIэбгъэхьэну ди лIыхъужьым лIапIэ хуэхъункIи хъуну щытыгъар», - нимыгъэсыпэми, и щхьэ треч Косвен пщым и лIэкIэу хуигъэфащэ Iуэхум.
А гупщысэм гъэщIэгъуэну зрегъэубгъу тхыдэ щIэныгъэлI Къармэ Руслан: «Зэзэмызэ цIыхум и лъагагъыр абы и бийхэмкIэ къыбощIэ. Исмэхьил и жагъуэгъухэм я цIэхэм къегъэлъагъуэ абы цIыхубэм и деж пщIэуэ щиIам и инагъыр. Псалъэм папщIэ, Къэбэрдейм къэкIуэжа нэужь, абы гуащIэу къебиящ Къэбэрдейм и пристав нэхъыщхьэ Дельпоццо генерал-майорыр, Къэфкъазым щыIэ урысыдзэм и унафэщI Булгаковыр, Къэфкъазым и губернатор Картвелин сымэ, - жеIэ Къармэм. - Нейуэ къеплът Исмэхьил-бей Цициановри. Исмэхьил урысыдзэм къарукIэ пэщIэувэну зигъэхьэзыртэкъым, и плъапIэхэр экономикэрэ политикэ IэмалкIэ зыIэригъэхьэну хэтт, ар нэхъ Iейт Урысейм и дежкIэ. УнафэщIхэм къагурыIуэт абы Къэбэрдейр зэкъуигъэувэну зэрыхэтыр, абы къикIыр Къэбэрдейр нэхъ лъэщ хъунрат. Урыс къулыкъущIэхэм нэмыщI ар пэщIэувэн хуей хъут езым и лъэпкъэгъухэми».
Мин щийрэ и – мин щий пщIырэ зы гъэхэм я зэхуакум хуозэ Дельпоццо-генералым къэбэрдей ефэндыхэм хуагъэхьа тхыгъэр:
«Жанхъуэт Кушыкурэ ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьилрэ зэпаубыда Iуэхум теухуауэ зи щIыхьыр иным дынолъэIу ди хейщIапIэм зи гугъу тщIы Исмэхьил къытхуебгъэшэну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зи щIыхьыр иныр ущыгъуазэщ ефэндыхэм ди къалэным: Урысейм и щIы Iыхьэм дэ тщыщ зыгуэр щыдыгъуауэ къаубыдмэ, ар ди хейщIапIэм утыку къыщитшэн хуейщ, къуэды тетлъхьэу е хьэпсым иддзэу, апхуэдэ щIыкIэу дызыщIэт унафэр дгъэзащIэу. Аращи, ди хабзэм зэран фыхуэхъун фимымурадмэ, пщы Исмэхьил къытхуевгъашэ, а Iуэхур вгъэгувэмэ, дэ, ефэндыхэр, дывмыгъэкъуэншэж, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ хьэжыхэр къытхэтщ, муслъымэн пащтыхьым и жьауэ дыщIэтщ, абы фэ фи пащтыхьым зауэ зэрыдригъэкIуэкIми дыщыгъуазэщ. Ауэ дыщIывдэлажьэр ди хабзэм и гугъу зэрывмыщIращи, иджыри абы фыхэмыIэбэр пэжмэ, ХьэтIохъущокъуэр ди хейщIапIэм къевгъашэ, «хьэуэ» жыфIэрэ, дывмыгъэкъуэншэж».
Мы дэфтэрым иупх хъуну къыщIэкIынщ Исмэхьил езым и щхьэкIи и унафэщIхэм яжриIауэ зэрыщытар, Къэбэрдейм жагъуэгъу зэрыщиIэм къыхэкIыу, зэманкIэ щыпсэу зэрымыхъунур…
Мис ахэрат хуигъэтIылъар и Хэкум!
Зыхуейр къэхъуащ! ИхьакIэщ и жэнэтым,
Дунейр щыщIалэу щIылъэр щыщIэращIэм,
АрщхьэкIэ цIыхухэм… щIылъэр къафIэIуэху?
И къуэшым IэплIэкIэ пежьа къэкIуэжагъащIэм
Фыгъуэмрэ пцIымрэ щхьэр щIрагъэхьэф…
«ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил щIэхъуэпст Къэбэрдейр Урысейм хуэзыгъадэ мамырыгъэ иухуэну, Псыхуабэ деж щылъ адыгэщIхэр къыхигъэхьэжу Къэбэрдейм зригъэубгъуну, – етх тхыдэтх Савойский Александр. – Хъыбархэм къыхощ абы пщыгъэкIэ къылъыс Бабыгуей къуажэр къратыжыну щыщIэлъэIум, къулыкъукIэ яIэтыну къагъэгугъэри и цIыхухэр и гъусэу Кавказ Гъунапкъэм хыхьэ щIым Iэпхъуэну къызэрыжраIар, арщхьэкIэ пщым идакъым».
ХэтщIыкIым нэхърэ хэдмыщIыкIыр щыдинэхъыбэ пщым и гъащIэ гъуэгур нэхъ IупщIу дигъэлъагъункIэ дызыщыгугъ пщэдейрей махуэм а цIыху къызэрымыкIуэр адыгэ псоми, езым и псэр зыхэлъа къэбэрдейхэми щапхъэу къащIыхуэнэн щхьэусыгъуэ куэд иджыри щэхуу ихъумэ къыщIэкIынщ.
Ухыгъэм бын хуэхъуахэр дуней цIыхукъым;
Я псэукIэщIэм бэр егъэгужьей,
Мэлыдри мэбзэхыж къахэмыщыххэу,
Пшэ фIыцIэм щыблэ ецырхъа нэхъей...
_______________________________________________________
Къэбэрдей Лъэпкъ Хасэм и пащхьэм
ХьэтIохъущокъуэ Исмел (Измаил-бей)
1805, 1806
гъэхэм щыжиIа псалъэ
Урысыбзэм къизыхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ
Илъэс тIощIым нэсащ сэ хэкум пэIэщIэ сызэрыхъурэ. 1794 гъэм пIалъэ кIэщIкIэ сыкъыфхэхьэжауэ зэрыщытам и гугъу сщIынкъым. Си хэкум и Iуэху зытетым щыгъуазэ зыхуэсщIыным сыхунэмысауэ, си насыпыншагъэм къыдэкIуэри, абы щыгъуэ сыфхэкIыжауэ щытащ. Си щхьэкIэ къызэуэлIа псом сытепсэлъыхьынкъым, сыту жыпIэмэ сэ сезыгъэзыр си псэм и щIасэ си хэкур нобэ зыIут IэнатIэрщ, сызыхуэлажьэри абы и фейдэ зыхэлъымрэ тыншыгъуэ зэриIэнымрэщ. Си хэкум сэбэп сыхуэхъун мурадкIэщ си унэм сыщIикIари, ди лъэпкъ цIэрыIуэм сыхэсыжатэмэ, гухэхъуэгъуэу сиIэнкIэ хъуну псори къыщIызэзнэкIари, гъащIэм и IэфIыгъэкIэ къызэтэ щIалэгъуэм сыщIемыблари. А псори IэщIыб щIэсщIар, вжызоIэ сэ, щIэныгъэм зезыгъэузэщIа, цIыхур зэгурызыгъэIуэфын хабзэхэр зэзыгъэпэщыфа лъэпкъхэр зэзгъэцIыхун щхьэкIэщ. Си лъэпкъэгъухэм фIыгъуэ къезгъэуэлIэн папщIэ, бжьэм хуэдэ сыхъуным сыхущIэкъуащ сэ, сэбэп хъупхъэр зыщIэскъуэурэ си хэку лъапIэм къисхьэныр си хъуэпсапIэти. Зи пщIэр лъагэ тхьэмадэхэ, фэ фпэIэщIэ сызэрыхъуар сигу къеуэми, ар зыхуэзгъэшэчащ, сыкъыфхэхьэжа нэужь, зыгуэркIэ сэбэп сыхъуфмэ ар сэркIэ зэрынасыпым шэч къытесхьэтэкъыми. Къэзгъэзэжауэ сыфхэтщ нобэ. Ауэ сыт сэ сыкъызрихьэлIэжар, ди Тхьэ!. Си лъахэм и унэхъугъуэ махуэр си нэгу щIэбгъэкIын щхьэкIэ, ди Тхьэ, уигу къыщIызэбгъар!.. Насыпыншагъэу къывэуэлIа псор фи деж щыслъагъукъым сэ. Ар сигу къызэреуэр вжесIэу аращ. СывэупщI къудейщI: щхьэ ехуэха къэбэрдей лъэпкъым и пщIэмрэ и щIыхьымрэ? Хэт ар зи лажьэр? Пщыхэми, уэркъхэми, зэрылъэпкъыуи щхьэ зыщвгъэгъупща хэкум и хуитыныгъэмрэ абы зегъэузыщIынымрэ нэхъ лъапIэ щыIэнкIэ зэрымыхъунур? Ижь лъандэрэ пщIэрэ щIыхьрэ зиIа ди лъэпкъыр зэрыхэкIуэдэжыр флъагъукъэ? Фигу къеуэкъэ ар, жызоIэ! Хьэуэ, КъурIэным сытеIэбэурэ тхьэ фхуэсIуэнщ гукъанэ фхуэсщIын мурад сызэримыIэмкIэ. Щхьэж и гукъанэ ирырекъухи, Тхьэм девгъэлъэIу ди лъэпкъым фIыгъуэ хуэдлэжьын щхьэкIэ, гуащIэрэ акъылрэ къытхилъхьэну.
Ди адэм и унафэм седаIуэри, си гум къыщIитхъыу сикIауэ щытащ сэ ди хэкум. Урысейм сыкIуащ, сфIэмыфIми. Я хабзэри сигу техуэтэкъым сащыхэхьагъащIэм. Гугъу сыдехьурэ зэзгъэщIащ я бзэр, ар зэзгъэщIа нэужьщ я хьэл-щэнкIэ нэхъ щысцIыхуар. Дэ тхэмылъ куэд ядэслъэгъуащ абыхэм, ядэслъэгъуащ дэ зэдмыгъэкIу куэди. Урысейр къэралышхуэщ, щIэныгъэм зыщиубгъуащ, зеужь. Урыс къэралыр къулейщ, и къарур, и гуащIэр инщ, цIыху мелуан щэщIрэ хырэ исщ абы икIи, пащтыхьыр хуеймэ, а цIыху бжыгъэм и Iэхьэ щанэр зауэлI хуэхъунущ. Къэрал лъэщым дыщригъунэгъукIэ, ар къызэрытхуэщхьэпэным и ужь дитын хуейщ дэ, ди щхьэр тхъумэжын папщIэ. Фи фIэщ фщIы, си лъэпкъэгъу лъапIэхэ, ди акъыл дитыжмэ, ди гъунэгъу лъэщым и ней зыщдгъахуэ зэрымыхъунур.
Ди гум зэи имыху ди адэжь Iущхэм я уэсятщ а къэрал лъэщым и жьауэм дыщIэтын хуейуэ. Фэри зэрыфщIэщи, динкIэ ди благъэ Тырку къэралыр къарууншэ дыдэ хъуащ…
Къэжэрхэр муслъымэнщ, ауэ я лIыщхьэхэр зэгурыIуэкъым, зы унафэ яIэкъыми, зыр зым щыхьэжауэ зэрошх. Дэри дызыпэмылъэщынум дыпэуври, ди щхьэр хэтлъхьащ, ди пщIэри ехуэхащ. Акъыл зиIэмрэ и хэкур фIыуэ зылъагъумрэ къыгурыIуэнщ дыщыунэхъуну махуэр къызэрыблэгъар. Зи щIыхьыр лъагэ хасэ, дэ псоми долъагъу икIи зыхыдощIэ ди хуитыныгъэр тфIэкIуэдынкIэ шынагъуэ зэрыхъуар. Апхуэдэ насыпыншагъэр, и щхьэр течауэ жысIэнщи, зи лажьэр дэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэ, уеблэмэ зэунэ-къуэщхэми, ди акъыл зэтехуэкъым. Абы къыхэкIкIэ ди лъэпкъри зэкъуэткъым, псори зэзыгъэдэIуэн тхьэмадэ диIэжкъым. Пщы щIалэхэр нэхъыжьхэм едэIуэжкъым, я нэр щIалагъэм къыщепхъуэри, гу лъатэкъым ди лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къызэрыблэгъам: щхьэзыфIэфIхэм я зэранкIэ ди лъэпкъым кытохуэ ди гъунэгъухэм я губжьыр, дяпэкIи къытехуэнущ, абы дытетынумэ.
Гъуэщахэр гъуэгу захуэ тришэжын щхьэкIэ, Тхьэм игу къобгъэри егъэунэху ахэр, ар зэхамыщIыкIмэ, нэхъри къахуогубжьри, и ней къащохуэ. Ди бегъымбар лъапIэращ ар жызыIар. Насыпыншагъэм фыхэхуауэ сыкъывихьэлIэжыгъащ зы гъэ сыкъыщыфхэхьэжам, ар къывгурыIуэжауэ гу лъыстэкъым ноби, къывгурыIуэнум и пIэкIэ нэхъей фекIуауэ солъагъу, сыфхоплъэри. Тхьэм игу къыдэбгъакIэ шэч сощI иджы: зауэм къытхуихьам ишIыIужкIэ емынэ уз бзаджэм ди лъэпкъым и зэхуэдитIыр икIуэдыкIащ. И нэр исыжкъым дэ дызыхэт тхьэмыщкIагъэр зымылъагъум, и щхьэр зэкIуэкIащ Тхьэр къызэрытхуэгубжьам гу лъызымытэм.
Фи фIэщ фщIы, пщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ, ди Iуэхур абы куэдрэ тет зэрымыхъунур. ДызэрызэгурымыIуэм, ди акъыл зэрызэтемыхуэм и зэранкIэ си лъахэ насыпыншэр хэкIуэдэжауэ Тхьэм симыгъэлъагъукIэ – абы дынэсащ дэ. Тхьэм симыгъэлъагъукIэ абы лъапсэкIуэдыр къыхуэкIуауэ, ди нэхъыжьхэр, ди цIыхубзхэмрэ ди сабийхэмрэ, зэщIэгъуагэу, гузэвэгъуэр ятелъу, бийм гъэрыпIэм щрихуэну махуэ мыгъуэм Тхьэм дыщихъумэ. Апхуэдэ шынагъуэр къызэрытщхьэщыхьар зыхэсщIэти, аращ Бытырбыху зи ужь сыщита Iуэхур къэзгъанэу пIэщIэгъуэкIэ сыкъыщIэкIуэжар. Сэ си нэкIэ слъэгъуащ, щыхьэти сытехъуэфынущ дызыпэува къэралыр къыщичыным зэрынэсам. Сэ слъэгъуащ къыттехьэлъэнкIэ хъуну щыблэм зырызыкъызэщIищIар. ФызэтеувыIэ, лъэпкъ наспыншэ, фи акъыл фихьэж, фегупсыс дэр нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъэщым дыпэлъэщынрэ дыпэмылъэщынрэ, ди щхьэр хэдвмыгъалъхьэ, фызэчэнджэщ мы хасэм кърихьэлIахэр, ди лъэпкъым къылъэIэса шынагъуэр зыщхьэщытха зэрыхъунум и унафэр фщIы. КъурIэным сытеIэбэурэ псом япэ тхьэ сIуэнщ унафэр захуэмэ, цIыхур зыгъэжакъуэ хьэгъапхъэхэм ар ящысхъумэнкIэ – си псэр пытыху, лъы ткIуэпс къысщIэмынэжыху. Ауэ сыныволъэIу, кIыхьлъыхь зывмыщI, шынагъуэр къытщхьэщыхьакIэщ, зэман диIэжкъым. Ди зэман мащIэр къэдвгъэгъэсэбэп, псоми къытхуэщхьэпэн Iуэху икIэщIыпIэкIэ длэжьын папщIэ. Зыщывмыгъэгъупщэ зэрызэгурымыIуэжым къыхэкIкIэ къэрал куэд зэрыхэкIуэдэжар, фигу ивгъэлъ лъэпкъ псо дэнэ къэна, уеблэмэ унагъуэ закъуэри, унафэщI Iущ ямыIэмэ, я къарур кIуэщIурэ, зэрыунэхъур…