Гаирбекова Машидэт
Гаирбекова Машидэт
Аварыбзэм къизыхар
Омаров
Мухьэммэдрасулщ
Шэрджэсейм и Iимам
щихъ Мухьэммэд-Iэмин
Роман-поэмэ
Алыхьу ГущIэгъубэ ГущIэгъущIырейм и цIэкIэ соублэ
Чиркей щыщ Сэгьид Ефэнды Щихъ ЛъапIэм идеж
Дунеягъэм итхьэкъуахэр
Ахърэт гъуэгум къытыбошэж,
Iимамхэм къахъума,
Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа,
щIыхь лъагэр зи шыфэлIыфэ!
Ислъам дунейр зэрыщыту
зи закъуэ къэзышэчыфын Iустаз
щихъ Сэгьид Ефэнды,
узот мы тхылъыр тыгъэу!
ПщIэрэ щэныфIагърэ дэщIыгъуу,
уи шыпхъу, уи мурид Саидэт-Машидэт къыбгъэдэкIыу
Япэ Iэхьэ
Мухьэммэд-Iэмин нэIибыр къэзэуат зауэхэм зэрыхэтар
Шэрджэсейм и Iимам Мухьэммэд-Iэмин,
сIых къэщидэр[1] къабылу
Ди диныр, бегъымбар лъагъуэр,
ФIыр гъэфIыныр, жыр псыхьауэ
Зыхэлъ я пашэт Адыгэм
Мухьэммэд-Iэмину щихъыр
ЗэIусэр зэтыригъасхьэу
Къэфкъазыр зыхъунщIэ царым
УзэрыпэщIэтын къару
Щыпхуримыкъужыххэм;
«Тхьэм фIэфIыр къырехъу» жыпIэри
АдыгэщIыр уи щIыбагъыу
Улъэтат щихъ Щамил и деж,
Плъырхэми уахуемыплъэкIыу.
ТепсапIэм техуа фочышэу
Къалугэ къалэм унэсри
ФIэхъус сэламкIэ къыппежьат
си адэшхуэм и адэ Тауш.
Езы Iимамыр[2] фи гъуазэу
Шыщхьэмыгъазэу фызауэу,
Уабгъурытай си адэжьхэм
IуэхущIафэ пэжкIэ фыжану.
Фи псыхуэлIэр зэривгъэкIыр
Къэзэуатым и гуащIэрау,
Си нэхъыжьыфIу цIыху Iущхэр
Зауэм щыуилIыгъэщIэгъут.
Къалугэр фи зэпсэлъапIэу
БампIэдэх пхуэхъуа бысымхэт
Псыпэу Тхьэм къызитахэуэ
Таушрэ Хьэджияврэ.
Уи лIыгъэм хуэдэу си псалъэм
Лъагэу зимыIэтыфыми,
СызэрыхуэIэзэу пхуэстха
Си усэр сIых, Iэсятыкъуэ[3].
Си гъуэгупэ адэшхуэхэм
ЛъапIэ ущащIащ сэ сидеж.
Усэбзэу псыхьа гухэлъыр
Тыгъэу сIыпхарэт, щихъышхуэ!
Зы лIыхъужьыгъэи, зы Iуэхуи
СIэпымыхуу фи тхыдэр содж,
Нэпсхэр шэкъэм хэлъадэуэ
Зэхэслъхьар щIы къабыл, гъуазэ!
КъэIуэтэж, щихъ, лIыгъэу зепхьар
Хабзэ-нэмыскIэ цIэрыIуэу
Уезгъэблэгъа лъэпкъ уардэм деж
IуэрыIуатэ щыхъужахэр.
Iислъамым, фIэщым я нэхур
Яхуэпхьу кIыфIыр щикIуэтым
Уэ езыми бгъэунэхуакIэт
Усыгъэм и къару лъэщыр.
Хьилмы[4] лъагащэм и щыгум,
ЩIэныгъэ лъапIэхэм я щхьэм
Унэсау уэри зэхэплъхьэт
Ислъамыр зыIэт сатырхэр.
И плъапIэ псом хэт теIэба?
Ауэ уэ, Алыхь IэмыркIэ,
Уи IитIымкIи утеIэбат
Усэр щIэусэж Iэзагъым.
Инхо[5] щыщ Али-хьэжыуэ
Iэвар усыгъэм и адэм
Зэхилъхьэгъауэ къаIуэтэж
УщигъэлъапIэ тхыгъэшхуэ.
«Бгы лъагэм телъэт къуршыбгъэ»
КъыпфIэзыща усакIуэшхуэм
Нэгум укъыщIигъэхьэну
уэкIупс плъыфэ къыхихыфат.
ЕджэнкIэ къэпщта щIэныгъэм
ФIылъагъуным Iущ ухуищIат,
Зэфэзэщ щихъ зэхэлъыкIэу
Уапсыхьау жиIэт усакIуэм.
Муршидым[6] и псалъэ нахуэр,
Ислъам усакIуэм и хъуаскIэр,
Али-хьэжы и сатырхэр
Тхыдэми къыхэнэжакъым.
Си гум и IэфIыр хэслъхьэурэ
Щытхъу усэ зэхэслъхьэфамэ,
Нэхъыжьхэм я щIыхуэу стелъым
Усэ хьэтыркIэ хэщIати.
Iэтауэ лIыхъужьым и цIэр
ЗыгъэIуа Тхьэм и фIыщIэкIэ
Усыгъэр згъэIурыщIэурэ
Сытогушхуэ си къалэным.
Пхуимыгъэзагъэми усэм
Гъунэ зыхуумыгъуэт лIыгъэр,
СоIэт цIыху хахуэм и щытхъур,
Шэфэхьэтым[7] сыщыгугъыу.
ШэрихьэткIэ гъэсэныгъэм
Хуиущиящ а щIыналъэри,
Псапэ схуэхъуным сыпэплъэу,
Ар щытхъу усэу зэхызолъхьэж.
Зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми
Къысхуэарэзыну сыхъуапсэу,
Iэят лъапIэхэмкIэ тхьэщIа
Гум лъэIукIэ зыхузогъазэ.
Еджагъэшхуэхэм къызадзащ
Сызгъэусэ мафIэ лыгъэр.
Уи нэфI си плъапIэу, щихъышхуэ,
Мы тхыгъэр ныппэрызолъхьэ.
***
Си адэжь Тауш и теплъэр
Сигу къегъэкIыж уи сурэтым.
Уи шыфэлIыфэу щыпкъэуэ
ИкIий пкъыфIэм ситхьэкъупащ.
ЛIэщIыгъуэкIэ Iэгъуэблагъэр
ЗыгъэбжьыфIа а уи лIыгъэм
Нобэми сыригушхуэжу
Тхыдэм сыныхуоплъэкIыж.
Ди адэжьхэу лIы махуэхэм
Я хахуагъым и щIыхьымкIэ
УэгущIэм нэса мэкъамэм
Нобэ дожьу ихъуреягъыр.
БлокI гъэхэр къемыплъэкIыжу,
Ауэ лIыгъэ къозыт къарум
Къигъэзэжын и хабзэщи
IуэхутхьэбзэшхуэкIэ сыщогугъ.
Лъэхъэнэу нэхъ зэIумыбзым
И напэ къабзэу хэта лIыр
Щалъхугъа Гонодэ къуажэжьым
СыкъэкIуащ щытхъу хуэзусыну.
Си гущIэм щIэлъым седаIуэу
ПсэкIэ стха мы хъыбарыр
Щыуагъэхэр схущIэхъуми
Къабылу сIых, цIыху гъэлъэпIа.
Зэгуэр, и чэзур нэсырэ
Берычэт куэбжэр зэIуахмэ,
ЗэхэщIыкI зиIэнум папщIэ
УзэщI си тхыгъэм и гъуэгур.
Щалъхуа и хэкум пэIэщIэу
ХамэщIым щIым щыщIалъхьэжа
Адыгэ Хэкум и Iимам,
СIых мы къэщидэр тыгъэу!
Илъэс пщыкIубл ирикъун ипэ
Сыту уIэкIуэлъакIуэ уэ,
Гонодэ къыдэкIа щIалэ,
Къуршым и дзакIэи и тафэи
УныщыуфэрэзэнымкIэ…
Щхьэц кIыхь ухуэнахэм ещхьу
Iуащхьэм едзэкIа лъагъуэхэм
Сытету сэнтхым сынэсри
Сеша-селIау сетIысэхащ.
Телъыджэм и зы щыхьэту
КъеувэкIа хуэдэ, бгыхэр
КъэзыгъэщIам и дамыгъэу
Лъагэрэ уардэхэу йокIуэкI.
Псэ зыIутхэм псом ялейуэ,
ЩыхупIэм щышынэ нэхъей,
Умэзэхауэ зэхэтхэщ
Зыр адрейм и щIэгъэкъуэну.
Щыгум деж темыпыIэжу
Бгъэшхуэхэм сыкъыщалъэтыхь
Дамэхэр ину яшэщIау
ФIэхъускIэ срагъэблагъэ.
Алыхь талэм сэлам кърих
Мухьэммэд-Iэмину щихъым!
Си нэгу ар къыщIэзгъэхьэурэ
КъуакIэбгыкIэр зэхызокIухь.
Сысабийуэ сызытхьэкъуа
Тхыдэ лъэужьым срокIуэ;
«Ягурыхужа» къезгъэщIэжу
И къуажэгъухэм сапкъроупщIыхь.
УпщIэм утекIуэдэжынкIэ
Бетэмалт икIа лъэхъэнэм.
Иджы и хъыбарыр дахэу
Нэстхыжыну сыкъобырсей.
Хуитыныгъэм, фIэщхъуныгъэм
Сыхуэзгъэуша лIы Iущым
Гу хуэсщIарэ пщIэ лъызесхьэу
И къуажэм зэман щызохьэкI.
Пэжым гъуэгу игъуэтыхункIэ
Емызэшыныр зи хьэлыр
Дунейм къыщытехьа щIыпIэр
Хуэму, щэхуу зызогъэлъагъу.
Щихъышхуэм и сабиигъуэр
ЩIэзыупскIэу щыта къуажэжьым
Лъэужьу къыщигъэнахэр
Къыщызгъуэтыжыну сыхэтщ...
***
Лъагэу ЛъапIэр, щысхь имыIэу,
Зыхуэупсэпа Гонодэ
И теплъэм зыщызмыгъэнщIу
Сурэтхэр щызэхуэсхьэсым
Сыкъэзыша щхьэусыгъуэр
Нэсу, IупщIу, нэрылъагъуу
И псалъэмкIэ сигъэлъэгъуат
Кэримулэхь-хьэж Iэсащэм
Ди тхыдэм и напэкIуэцIхэр
ЗыгъэлъапIэжыф усакIуэм:
«Гъуниб хъуреягъыр зи хэку
Муслъымэнхэм я Iимамыр
Iислъамым къыхуеджэныгъэм
КъыхуигъэщIащ» жыуигъэIэт.
Алыхьым и зы IэщIагъэу
ЦIыху узэщIыным хуэIэижьт.
Ахърэт гъуэгум зэдытетхэм
Ахърэт Iуэхухэрщ я щхьэIуэхур,
ФIыхэм я нэхъыфIыжу ар
Къыхахри мыбы къагъэкIуат.
Тхьэр гъэзэкъуэным хуебджэ хъур
Хэтыми зыщIигъэкъуэну
Дакъикъэ къэси хузэпэщт
Каримулэхь-хьэж щхьэмахуэр.
УпщIэу хуэзгъэхьэзырахэм
ПэкIуэн усэ хузхилъхьэри
Нэгум къыщIигъэхьахэмкIэ
Жэуап псори къигъэнэхуащ:
«Хьэндэлал зыфIащ лъэныкъуэу
Напэр зищIысыр фIыу щащIэм,
Щымыщ хэзэрыхь щымыIэу
Iиманыр къабзэу щахъумэм;
Къэзэуат къыдахын ипэж
ЗылI и быну зэкъуэтыфхэу
Я диным къыщхьэщыжакIуэ
Хуэхъужахэр къызыдэкIам;
Махуэшхуэми махуаеми
Хуэгъэза Гонодэ къуажэм,
ПкъыкIи псэкIи къэмышхэрэ
Шынэ жыхуаIэр щамыщIэм,
Ягъэпэжу дэс Хьэджияв
И унагъуэм щIалэ къихъуат
Тхыдэм къыхэлыдыкIыну
Мухьэммэд-Iэмин цIэрыIуэу.
***
Ямылъэгъуа зыдалъагъухэм
Ящыщрэ къыхуэт имыIэу
Иджыри зы цIыху нэгъэса
Мы дунеишхуэм къытехьат.
И хэку щIэращIэм папщIэкIэ
И фэм дигъэхуэну псори
Псэемыблэжу ихьыну
Иджыри зы щIалэ къалъхуат.
Къуэхэм я пщIэр щылъагэрей
Бгырысхэм я унагъуэшхуэр
Захуэм и телъхьэ ухыгъэм
Зы лIыфIкIэ игъэбэгъуакIэт.
Я лъэпкъ тхыдэр зыхъуэжыфын
ЦIыху щымыщIэ мы щIыналъэм;
Ротбий Iуащхьэ Iэрамэшхуэр
IупщIу щыплъагъуф лъэныкъуэм;
Хы сыджыжь фIэкI умыщIэну
ЗыкъэзыIэта къуршыжьхэр
Я щхьэхэр зэдагъэпIийуэ
Я пIэ щижыхьыжа щIыпIэм;
Пасэ зэманым адэжьхэм
ЕпсыхыпIэфI яхуэхъугъа
Гонодэм щыпсэу жылэжьым
Щауэжьей хъупхъэр къахэхъуат.
Тхьэшхуэм и зы унафэкIэ
Къыдалъхуа пщIэм ирилъапIэ
Сэидхэм[1] я лъабжьэ махуэм
Мис иджыри зы къуэпс идзат…
Хабзэшхуэ зыхэлъ адэшхуэр
Iэгъуэблагъэм щыцIэрыIуэщ,
Къуэрылъхур псэбыдэ хъуну
Гунаш-дадэ псори йохъуэхъу.
ЖаIам нэхъыфIкIэ пэджэжу
Зэрыгъэгушхуа нэхъыжьхэм
Псори зи фIыщIэм и щIыхькIэ
Молид лъапIэр, мес, яублэ.
Тхьэшхуэм щытхъухэр хуаIэтурэ
Гурэ псэкIэ зыхуагъазэ,
«Мухьэммэд» цIэм хуэбгъэфэщэн
ГъащIэкIэ щIалэжьейм хуолъэIу.
***
Чэнджэщхэр зэхих зэпыту
Iэсятыкъуэ цIыкIур хохъуэ,
Адэ-анэ жыIэ Iущым
ЩIэтыххэурэ къыдокIуэтей.
«Нанэ» жиIэн ипэ иту
«Iэлыф-ламыр» къыжьэдэкIащ.
«Дадэ»-р и Iупэ къэмысу
Хьэрфхэр тIурытIу къыреIуэ.
КъурIэн Iэятхэр, духьэхэр
ЗыщIэхэм ятеплъэкъукIкъым
Акъыл, щIэныгъэ зиIэхэм
И гулъытэр яхьэхупащ.
Дэнэ лъэныкъуэи кърашу
Къызэхуахьэса тхылъ Iувхэр
ЩIеджыкI мутэхьэлим[2] цIыкIум
Зэи къапэрымыкIыжыххэу.
ЛIэщIыгъуэкIэрэ хьалимхэм[3]
КъадекIуэкIа тхылъ хъумапIэр,
Дунейм къытехьэну щIэблэм
ЩIэиныфIу къыхуагъэнар
Нэмэз щIыгъуэрэ Iуэху блэкIкIэ
ФIэкIа къахущIэмыкIыжу
Мухьэммэд цIыкIум и кIуапIэу
Иджы ар къыхуэнэжыпащ.
Адэми и гуапэ дыдэщ
Къуэр еджагъэшхуэ зэрыхъур,
Игури и псэри етауэ
Муслъымэныгъэм ар бгъэдэтщ.
Гунаш-дадэри мэгушхуэ:
Дин щIэныгъэхэм я IуэхукIэ
Хьэджияв-къуэр - ужь къинэти
Мухьэммэд-къуэрылъхур - тежащ.
ХьэндэлалкIэ зэджэ щIыпIэу
ЩIэныгъэ зыхуэщ цIыхукIэ бейм;
Гъуазэ цIэрыIуэхэр зи бэу
ЛIыхъужьхэр щыхэмыщIыххэм
КъащIэхъуэ щIэблэр захуагъэм
Хуаущииныр я плъапIэу
Ислъам-дин мыкIуэдыжынур
Дерс папщIэу къыщапщытэжым,
Мэжджытым къекIуалIэ цIыкIухэм
ЯщIэр зынэсыр къащIэну
Зэхэсышхуэ къызэхуашэс
Хьалим щхьэмахуэхэр жьантIэу.
Нэхъыжьхэр набдзэгубдзаплъэщ,
Хъунукъым зэхамыгъэкIыу:
Хэт дин къалэнкIэ нэхъ жаныр?
Хэт гукъэкIкIэ нэхъ псэ къабзэ?
КъурIэным нэхъыфIу къеджэм,
Диными нэхъ хэзыщIыкIым,
Зи гурыхуагъыр нэхъ иным
И цIэр фIыкIэ Iунущ нобэ.
А махуэм а мэжджытышхуэм
Хьэрхуэрэгъу щызэхуэхъуахэм
Яхэмыгъуащэ зы цIыкIум
Нэ лейкIэ куэд зригъэплъащ.
ТекIуэныгъэм зи нэ къыхуикI
Сабий зэпеуэм щедаIуэм,
Адрейхэм ефIэкI Iущыцэм
Нэхъыжьхэр хуэфащэу щытхъуащ.
ГукIэ КъурIэныр зыщIэхэр,
Мэхърэджым[4] хуэIэкIуэлъакIуэр
Арыххэу къызэринэкIри
Iэсятыкъуэр ятекIуакъэ.
«Мыбы зыгуэр къыхэкIынущ»
ЖезыгъэIа щIалэ цIыкIур
Нэхъыбэжым трагъэгушхуэу
КъурIэн лъапIэр къыIэщIалъхьэ.
***
ЕпцIыжакъым ар хьалимхэм
ХуаIэта хъуэхъум, а махуэм:
Щытхъу къылъысар игъэпэжу
КъурIэныр и гум щехъумэ...
Iислъам щIэныгъэм хуеджэныр
Мухьэммэд и нэм негъэсри
Щамил и деж зэрыкIуэнум
Хуэмурэ зыхуегъэхьэзыр.
Жыджэру Iуэхум тегушхуэрщ
Нэхъ гъуэтыгъуейр зэман гуащIэм -
IэщэхуэфIын зыригъэщIэху
И жанагъыри ефIэкIуащ.
ХъуаскIэ зылъэIэса гыным
Хуэдабзэщ и IэпсынщIагъыр
ЦIыхухэм зэрабгъэдэтыпхъэ
Щэну захуагъэр къыхихащ.
Iэпкълъэпкъыр имыгъэтыншу
КъарууфIагъым хуегъасэ
Дакъикъэу блэкIым хуосакъри
Нэмэзыми темыплъэкъукI.
Къамэи джатэи игъабзэнкIэ
ЙолIалIэ и шэрыуагъым
Сэшхуэм хуэIэрыхуэ дыдэ
Зэрыхъунум и нэ къыхуокI.
IэщэфIыр зи щIылъэныкъуэр
Гур игъэзагъэу мэIэбэ,
«Джатэ Iэпщэ» къыфIащыным
И IэбэкIэр нигъэсыпащ.
УбыдыпIэншэ къурш джафэ
Шындырхъуом фIэцIэнтхъуэрыгъуэм
КъыфIэмыIуэхуу зеIэтри
Зэ фIэкI мылъэу зыдыредзей.
Псэ щыземыкIуэ губгъуэжьым
ЩегъакIуэ и жэщи махуэи,
Шы гъэджэгуныр и щIасэщ,
Шууей гъуазэджэу ар къотэдж.
***
ЦIыхум ягухэр къыкIэрыпщIэу
ПщIэ лей къызэрыхуащIынум
Хуигъэхьэзыру Тхьэ лъапIэм
Иш и лъэгу псынщIагъ хущIилъхьащ.
Сытыуи игъэлъэпIа ар
КъэгъэщIыныгъэ дахэкIэ!
ЦIыхум зэрыхуэщхьэпэмкIэ
Адрейхэм ар къахигъэщащ.
Нэхъыжьхэм къыхуагъэнауэ
Дин щIэныгъэм и хъумапIэ
Тхылъ нэхъ лъапIэ гъуэтыгъуейхэм
Зэзэмызэ щыбгъэдэкIым;
Хуарэр жыIэщIэ ищIыну
Бгыщхьэхэм щыдырихуейхэм,
Игъасэм игъэунэхуурэ
Хэкур къыщызэхикIухьым;
Шы цIахуцIэм; уанэ зытелъым
Iэджэрэ къызэтридзурэ
Мывэмрэ сабэмрэ хидзэт,
И Iэи и лъэи теудауэ.
Къыщылъэтыжурэ шэсыжт,
Тетхъуа теуда жимыIэу,
И дзэ зэтырикъузэти
БэшэчыкIэ зэригъащIэт.
ГупылIынрэ IэщэлIынрэ
ХуэмыпIащIэурэ къэтэджа
Iэсятыкъуэ мис иджыпсту
ГупылIи зауэлIи пхуэхъунщ.
Абы къыхиха IэнатIэм
СэшхуэдзэкIэ ущаупщIатэт,
Фочыпэр къыптрагъапсамэ
Укъызэрымытэджыжынт.
***
… ЗауэзэрылIым хэхьэну
IэпкълъэпкъкIэ зэпэщ зэрыхъуу;
Хьэзабыри бэлыхьыри
Хуэшэчу зэрызигъэпсу;
И щэхур зым жыримыIэу,
Зым и чэнджэщи мылъыхъуэу,
Щамил Iимамым деж кIуэну
Быдэу игур тыриухуащ.
Къуажэдэсым ижь лъандэрэ
Я хабзар IэщIыб ищIакъым,
Тхыдэм къыхэщыр и щэнщи
Нэхъ Iущыж кIуэ пэтми ар мэхъу.
Илъэсым илъэс къыпыту
Ротбий къурш лъапэм щыхохъуэ
Аслъэныжьыгур кIуэцIылъу
Гонодэ щыщ щIалэ хахуэр.
ГущIэгъущIрэ игур щабэу
Зэрысабийрэ къалъытам
А хьэлыфIхэм хигъахъуэурэ
ЩIэныгъэхэмкIэи зиузэдат…
Даутбэч Iустазым и деж
И еджэныр щынигъэсым,
СугъралI[5] щат дерсхэм хуэпIащIэу
Щихъ цIэрыIуэм идеж еунэтI.
ЛIыхъужь куэду зыгъэсэфа
А еджагъэшхуэм бгъэдэлъыр
Нэсу зыIэригъэхьэри
НэгъуэщIхэми ябгъэдэсащ.
ЩIэныгъэлIщ хужыпIэфыну
ЛъагапIэ IупщIым щынэсым,
Захуагъэм и телъхьэ хъуну
Къалэну зыхуигъэувыжащ…
… Банэныгъэшхуэм хэхьэну
Игу и псэр къыщызэщIищIэм,
Емыжьэ щIыкIэ кхъэм макIуэ
КъехъулIэн папщIэ гъуэгуанэр.
Кхъаблэ зыфIащ шы мызэшым
Жьыри щIэри къыздигъэсым
АбадкIэ ямыгъэзэну -
ЩIалъхьэжахэм щахощыгъуэ…
Ротбий бгы лъапэм ирихри
И адэм и кхъащхьэм хуэзэу
ИгъэтIылъыгъат зы мывэи
Умэзэхау абы бгъэдэсщ…
ЩIэныгъэ куууэ бгъэдэлъыр
И чэзум къигъэсэбэпу
Iэлъхьэм-къулъхолэм къахуоджэ
ЩIэлъхэм я псэр игъэгуфIэу.
Iислъамым къыщхьэщыжакIуэ
Хъуэхъуу я гъащIэр зытахэм
ПапщIэкIэ Тхьэм зыхуегъазэ
Гъазийр[6] къэшэфэхьэтыну.
Дэтхэнэ щихъыми и псэр
Къыщыгъуэзэн и тхьэлъэIуу
Алыхь лъапIэм, Iэр хуиIэту,
ФIыгъуэшхуэкIэ яхуолъаIуэ.
«ГущIэгъур зи куэдым и деж
УнапIэ щыфхухъу жэнэтыр» -
ЙолъэIу Тхьэм и цIэджыр ищIу
Тхьэ лъапIэм зыхуигъэщхъауэ.
Абы и унафэм щIэту
Езыр зытехьа гъуэгуанэм
Арэзы къыщыхуэхъуну
Иджыри зэ щIэлъэIужащ.
Дунейм ехыжахэм я псэм
Я хьэтырым дэгумэщIу
Нэпс къекIуахэр илъэщIурэ
Тхьэ лъагэм фIыщIэ ин хуищIащ.
Гъыным зэпигъэу макъымкIэ
И адэм сэлам ирехыж;
«ФIыкIэ» яжриIэурэ йожьэж
Iислъамыр зыпхыкIа щIалэр.
***
КъурIэн щIэныгъэкIэ Iэзэр
ЩызэхагъэкIыну мэджлис[7]
Хьэндэлал щыщ жэмыхьэтхэм,
Еджагъэшхуэхэм щаублэм
ЕджэкIэ нэскIэ Алыхьыр
Зыхуэупса Iэсятыкъуэ
КъыщIэрыхьэн яхэмыту
Хьалимышхуэхэм къалъытат.
IэщэхуэфIу, IэкIуэлъакIуэу,
И IэпкълъэпкъкIэ къарууфIэу
Гъуэгуанэ кIыхьым ар тохьэ
И натIэ итым хуэзэну.
Тыгъэ къыхуащIауэ щыта
КъурIэныр гум кIэрикъузэу
Мэшэс Мухьэммэд-Iэминыр
Щамилым бгъурыувэну.
Илъэс пщыкIублым нэмысу
И Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяу
Къэзэуат зауэ гъэлъэпIам
ЩауэфIым тыреунатIэ».
Iимам Хэкур игъэлъапIэу нысашэр едгъэкIуэкIынщ
… Хэкушхуэр зэрыхэку псоууэ
Зауэ губгъуэ хъуа нэужь,
ФIылъагъу и IэфI зыхищIэну
Иджыри нэмыса щIалэм
Къыригъэшэныгущ анэри
Iэсяту-анэр нысэ лъыхъущ
Куэд щIауэ игъуэу къелъытэ
Быным унэ хуэфащэуэ.
Адэр зэрыщхьэщыкIуэтам
И дыдж Iуимыгъауэу, быныр
ГъасэкIафIэу зэригъэсар
Къуажэм щынаIуэти, щыIупщIт.
Анэм быныр зыщIипIыкIыр:
Дагъуэншэн, уидз щIамыусын
ХабзэфIрэ щIыкIафIагъэкIэ
Хъумэн унагъуэм декIуэкI пщIэр.
ЦIыхуыгъэкIэи щэныфIагъкIэи
Iэсят адрей цIыхухэм ефIэкIт
Къуажэдэсым ини цIыкIуи
Ар щапхъэфIу я нэгум щIэкIт.
Набдзэгубдзаплъэт анэри
Къуэм нэрыбгэ къыхухихащ,
ЯриухылIа пIалъэри
Зэхэзыхыпхъэм зэхихащ.
ЖэнэткIэ Тхьэм игъэгуфIэ
Ахърэтым щыIэ Хьэджияв;
Мухьэммэд-Iэмин лъэIэсащ
Адэ щIэгуфIэн лъагапIэ.
ЗэрыцIыкIурэ иджа диныр,
ФIэщхъуныгъэр, фIы щIэныгъэр
Къызыхихыпхъэм къыхихыу
Зыдынэсыпхъэм ар нэсащ.
Езым и егъэджакIуэхэм,
УщиякIуэшхуэхэм, щихъхэм
Абы и щIэныгъэ лъагэр
Я напщIэ телът, ирищIагъуэт.
ДжынкIэ зыримыкъу щIэныгъэр
Дэнэ щIыпIэи къыщилъыхъуэу,
ЗэщIищыпэурэ иджырей
Пасэрей тхылъхэми къырихт.
Дин щIэныгъэм и куупIэм
Нэсу хэгъуаза хьалимыр
ЩIалэ ныбжь иджыри иту
Iимамым щыбгъэдэувэм;
Езым хуэдэу къыбгъурытхэм
Ар Щамил яхиIэтыкIри
Абы и цIэ «Мухьэммэдым»
Iэмин: «дзыхьыфIэ» пигъэуващ.
И къуэм и пщIэм иригушхуэ
Iэсят кIуэну гъуэгу теуващ
Нысапхъэ пщащэм и лъыхъуу
Хъыджэбз гунэсым и адэм деж.
Мухьэммэд щэхуу гу хуащIау
Хъыджэбз цIыкIу куэди хэщэтыкIт,
Ар щызэхэзекIуэ лъахэм
ЩыхутэнкIэ лъэгу ялажьэу.
Батули – пщащэ щэныфIэр
Дунейм къыщытехьа унэм
ЕунэтI анэми нехус
Лъэбакъуэхэр игъэпIащIэу.
Утыку итыфын хьэлымкIэ
Къуажэм зэдащIэж цIыхубзыр
Арыххэу, и щхьэ пщIэ хуищIу,
Уэрам кIыхьым ирикIуащ.
Мыпхуэдэм деж хабзэт анэр
Адэм нэхъ гъэнэхъапэныр.
А хабзэм ебэкъуа Iэсят
Унэр зейм деж дэкIри щIэхьащ.
Иджыри анэми пхъуми
Iуэхур зэхамыхыххауэ,
Ар кIуэщ, адэм пэрыхьэри
И гурылъыр къызэкъуихащ.
Анэри, пхъури щыгъуазэу
ИкIи арэзыуэ фIэкIа
Адэм лъыхъу хуамыгъазэуэ
Хабзэжьу екIуэкI пэтми
ЦIыху ткIийхэм ягъэса цIыхубз
Зыхуейм и Iэ тезгъэхуэрейм
И къарур и макъми щIэлъу
Адэм бзэ хахуэ бгъэдилъхьащ.
- Сызыхуэзэм дзыхь езгъэзу,
ЗимыIуэху хуэсIуатэу псалъэр,
Си къуэ пажэ Iэсятыкъуэ
Унэ езгъэгъуэтыфынкъым.
Iуэху дэзыхым я зэфIэкIыр
Къыщамыпсэлъ къэмынэжу,
КъежьагъащIэ нысэ шэкIэ
Си деж щезгъэкIуэкIыфынкъым.
Ди лъэпкъ уардэ хабзэм тету
ЛъэпкъитI, къудамитI зэпытщIэу
Иджыри зы унагъуэ лъэщ
Дыухуэну и чэзур нэсащ.
Адэм къылъыс къалэн псоми
Хуезгъэджа икIий хуезгъэса
Си къуэ Мухьэммэд-Iэмин
Гъусэ хуэщIын хуейщ Батули.
НэгъуэщI зыгуэр, - хэт ищIэрэ -
Уи пхъум гугъэ иритами,
Мы къуажэм къыщылъыхъуэн хуейр
А пщащэм хуэфащэн щIалэщ.
Зэрыкъуажэу къэуварэ
Сэ къыхэсхар ямыдами,
Сэ езым къыхэсха пщащэр
Симынысэну жысIэкъым.
Си щхьэгъусэр псэужатэм
Уи пхъум лъыхъуну ар къэкIуэнт,
Ахърэт дахэ Тхьэм ищIыным
Сэ дунейкIэ сырилIыкIуэщ.
Сэ шэч тесхьэкъым Хьэджияв
- Къемызэгъ зымыдэу щытар -
Арэзы зэрытехъуэнум
Уи Батули и лъыхъуну.
Абы и псэм а здэщыIэм
ЩызэхищIа къыщIэкIынущ
СыкIуэу хъун хуэдэ унагъуэ
И бжэ сызэрытеуIуар.
Ныжэбэ кIуам сепщIыхьати
Куэбжэпэм ущыбгъэдэту
Сэлам зэфхыу зэвухылIат
Iуэху гуэр фытепсэлъыхьыри.
Мы ди Гонодэ къуажэжьым
Хъыджэбз куэд я ишэгъуэу дэсщ,
Ауэ абыхэм ящыщ зым
Дежи лъэбакъуэ счынукъым.
ЯгъэфIа мыщIыкIафIэхэр,
Къуажэ щIалэм хэмыдэфхэр
ДыщэкIэ зэщIэблахэми
НыщIэхьэнукъым си унэ.
ТхьэIухудырэ щэныфIэу
Уи пхъум хуэфащабзэ щауэ
Мы къуажэшхуэм, ар уи фIэщ щIы,
Сэ си къуэм фIэкIа дэмыскIэ.
Езы Щамил Iимамышхуэм
Къуэ зыхуищIа си нэIибым[1]
Уипхъу Батули къысхуептыну
Псалъэ быдэ къызэт иджы.
ЦIыхухъуиблым я лIыгъэр зэу
Iэсят-анэу къызкъуэзыхам
КъехьэкI-нехьэкI имыIэжу
И нэм щIэплъэу щыжыриIэм,
ЛIы зэпIэзэрыт, пщIэ зиIэу
Батули пщащэм и адэм
Уэшхым игъэупсыфа натIэу
КъыфIэпщIэнтIар ирелъэщIэкI.
И пащхьэ итщ Iэсят гуащэу
Я лъэпкъ хабзэжьым ебэкъуар,
Анэми, ипхъу хъыджэбзыми
Емычэнджэщу къэувар.
ИщIэтэкъым жиIэн адэм,
Гузавэт ягъэкъуэншэнкIэ
Iэхьлыхэм емычэнджэщу
Ипхъу итауэ хужаIэнкIэ.
Мо бзылъхугъэ гушхуа, хахуэ
КъакIуэу езым и унафэр
КъыпэщIэзыгъэкъуам еплъурэ
Къыхуэгъуэттэкъым пидзынур.
Зэрыхабзэу зегъэпсчэуIу
Зэрыпсалъэн жьы жьэдешэ,
Зэтетырэ щэхуу, лъэщу
Жэуапыр къыритын щIедзэ.
- Тхьэ пхузоIуэ, ди шыпхъу Iэсят,
Уи упщIэм сынызрыпежьэн
Зы упщIэ закъуэ къинауэ
Сэри си гум а зыр илъкIэ.
СызыщIэхъуэпсу сигу илъыр
Къэбумыса фIэкI сымыщIэ,
Уэ езыр лъыхъуу укъэкIуау
ХьэгъуэлIыгъуэм утопсэлъыхь.
Си адэ и нэр къэплъэжынщ
Нобэ, зэхихыу къищIэмэ,
Си пхъур уи Мухьэммэд-Iэмин
Щхьэгъусэу естыну здауэ.
Си къуэшхэри къыздэгуфIэнщ,
Шэчыншэуи къыздаIыгъынщ
Лъэпкъым абы хуэдэ щапхъэ
ЗэрыхэмытымкIэ пагэу.
Уи къуэм хуэбгъадэ хъун щIалэ
Жьыри щIэри къубжэкIамэ,
МащIэкъым, дэмысу аращ
Къуажэм абы еIущэкIын.
Куэд мэгугъэ икIий щIохъуэпс
Щамил къуэ зыхуищIа щIалэр,
Дагъыстэн псор зэрыгушхуэр
Малъхъэ яхуэхъун насыпым.
Ауэ псалъэ уэстыфынкъым
Шэч тезмыхьэу къэзмыщIауэ
Си пхъум езы щIалэр хуейуэ
И унафэ зэрыхэлъыр.
Си хъыджэбзыр гуфIэнуми,
ЕхъулIау зилъытэнуми,
Уи къуэм абы гу хуимыщIам
Сэ абы сыти хэслъхьэфын?
- Уэ абы хэплъхьэнум щхьэкIэ
МафIэ зэщIэзгъэнэнукъым,
АткIэ уэ езым къэгъэнэху
Ахэр зэзышэлIэн гъуэгур.
Къуажэм дэсу хъуар щыгъуазэщ
ЦIыху щыпкъэу къуэ зэрызгъэсам,
Ар си псалъэм фIэкIынукъым
Псом ядам ебэкъуэнукъым.
Псэгъу ищIынум кIэлъижыхьу
НэIибыр джэгуу дэтынкъым.
А шэчхэр егъэкIуэтэкIи
Зыгъэхьэзыр пхъу ептыну.
Ныщхьэбэ нартыжьхэм ещхьу
Лъэпкъым щыщу зыхуэфащэр
Фи дежкIэ неблэгъэнущи
Бысымыныр уэ уи Iуэхужщ.
КъыпIуплъэм укъызэмылын
НитIым папщIэ зэIущащэу
Щэхуу хэщэтыкIхэр псори
Ягу хэщIу къызэхэзнэнхэщ.
Лъагъуныгъэр зи джэгуалъэр
КъуэгъэнапIэ къуэсхуэжынщи
ЩIылъэр зыгъэзджыздж лIыхъужьым
ХьэгъуэлIыгъуэр хузэхэсшэнщ.
МафIэр гуащIэу щызгъэлыдынщ
Ди лъэпкъыжь и мэкъупIэжьым,
ФIылъагъу нэпцIым нэф ищIахэм
Я нэхэр къэплъэжын хуэдэу.
Езгъэлъагъунщ уэм щыхуарзэ
Бгъэшхуэхэм яхуэдэ защIэу
ЩауэщIэ ахъырзэманхэм
Я зэфIэкIыр зэрыиныр.
ЩIалэ щыпкъэ бгы псыгъуэхэр,
ЛIыхъужьынкIэ цIэрыIуэхэр
Зэхэсшэнщи зэпезгъэуэнщ
Я къару ягъэлъагъуэну.
Си къуэу игъащIэу къигъэщIам
Мывэдз зэхьэзэхуэ мыкIуар
Псэлъыхъу щауэу щыт пэтыми,
ЛIыгъэ зэхэгъэкIым хэсшэнщ.
ХьэщIэу къеблэгъау лъапIэхэм
Я зэпеуэм къигъэбжьыфIэу
А мэкъупIэм хьэгъуэлIыгъуэр
Щызукъуэдиинщ телъыджэу.
Гукъыдэж зиIэ къэмынэу
Утыку къихьэу джэгун хуиту
Я куэщI илъ шыкIэпшынэхэм
Щхьэхуимыту езгъэуэнхэщ.
МафIэр къеуурэ зэщIэплъа
Бэрбэнжьейхэм езгъауэурэ
ЛIыхъужьхэр къыщагъэлъапIэ
Уэрэду щыIэр жезгъэIэнщ.
Уеблэмэ лIэн къэнэнхэуэ
Зи лъэ зэблэзмыхыжыфхэр
Нэгъунэ къытезгъэхьэнщи
Къэзгъэфэнхэщ щхьэхуимыту.
Бгыхэр зыпэджэж мэкъамэхэм
БгъуэнщIагъхэм къыщыдэфэхэр
А си къуэм и хьэгъуэлIыгъуэм
Къыщыуджыну къезджэнхэщ.
Мы ЩIы Хъурейуэ кIэрахъуэм
И курыкупсэм Гонодэ
ЗэрыщыIэр джэрпэдэжу
Си лъэпкъ псом зэхэвэзгъэхынщ.
Зи лъэкI, зи IэкIуэлъэкIуагъэ
Къэзылъхуахэм ямылъэгъуа
Пщащэхэмрэ щауэхэмрэ
Абдеж щызэдэзгъэджэгунщ.
УкIытэу щхьэ щIамыгуэуэ
Нэ темыплъау бланэ, жанхэр
Утыку нэIурыт щысщIынщи
Я зэфIэкI къыщагъэлъэгъуэнщ.
Куэд щIауэ жыпIэу ямыдэж
Ди лъэпкъ уэрэдыр, мэкъамэр
Псом япэ сыкъыдэкIынщи
ЗегъэIэтауэ есшэжэнщ.
ХьэгъуэлIыгъуэм къеблэгъэну
Iимамым и шу гъусэхэр
Бгырыс джэгу и утыку хъурейм
МэкъупIэм и деж къыщисшэнщ.
…Къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ
Я гугъу щысщIкIэ укъоскIэри.
Солъагъу уи фэр зэрыпыкIыр,
Абы укъызригъэуIэбжьыр.
Умышынэт, умыгузавэт,
УкъыхэмыщтыкI дэр щхьэкIэ,
Сэ зауэлI хьэл зэрысхэлъри
Зыщумыгъэгъупщэ аткIэ.
И зы Iэм КъурIэныр IэщIэлъщ
Къамэ Iэпщэр иIыгъщ адрейм -
Апхуэдэущ си къуэр къызрыхъуар
Iэсятыкъуэ цIыху телъыджэр!
Макъамэ, джэгу, накъырэ макъ
ГъэIун Щамил имыдэми,
Сызэрыгушхуэ бын пажэм
Си щыпэлъагъу и нысашэм
«ЦIыхухъу хьэл зыхэлъ бзылъхугъэ»
ЦIэ лейр зезыхьэу екIуэкI сэ
МэкъупIэм щезгъэкIуэкIынущ
Джэгу… Iимам хэкум хуэфащэу.
КIуэи егъэкIуэкI нысашэр, Iэсятыкъуэу къысхуашэжа!
Шэшэнри Дагъыстэнри
Къэзубыдыну хуэпабгъэм
Залымыгъэ гупкIэм илъу
Топышэхэр къыздырешэкI.
И пэр уафэгум иритIэу
Зызыхуигъадэ щымыIэу,
Къожажьэ Воронцовыжьыр
ЗауэзэрылI ублакIуэти.
БжыгъэкIэ зэрынэхъ мащIэу
Шэшэныр я лIыгъэ щIапIэщ;
Мэз Iувым и лъагъуэ зэвхэм
Бийр Iэджэрэ щыхагъэщIаи.
Тхьэшхуэм и фIыщIэр иIэту
Духьэ лъапIэхэр къеIущэщ,
Iимамым хуэзэн и плъапIэщ
Гъуэгу техьа Мухьэммэд-Iэмин.
Тхыгъэм и ныкъуэр щIагъыбзэу,
Зыхуихьынури имыщIэу,
И анэм къыхуигъэхьахэм
И гущIэр къритхъунщIыкIащ.
«Мы тхыгъэр нызэрыпIэрыхьэу
Нэхъ икIэщIыпIэкIэ къэсыж»,-
Арат анэ унафэри,
Гузэвэгъуэм и псэр иIыгъщ.
Зауэ IэнатIэу жэщ-махуэм
ЗыгъэпсэхупIэ щамыIэм
Сытыр унэм къыщыхъуауэ
ПIэщIэгъуэкIэ ираджэжрэ?
Шынэныр зэи щемыпсыха
Iэсятыкъуэм и лIыхъужьыгу
Тхыгъэм къыхэкI нэщхъеиным
ЗанщIэу абгъуэ ирищIыхьащ.
Хьэлъэу зыхищIэт хъыбарыр
Iэпкълъэпкъыр игъэкIэзызу,
КъауIахэм я уIэгъэр
Езым ил щыятэ нэхъей.
Унэм кIуэжын къыхуэзгъэув
Мы тхылъымпIэ гу емыIур
И нэгум къыфIыщIэнащи
Гупсэхугъуэ къримытыж…
***
Шэшэным уанэ щытеплъхьэу
Гонодэ унэсыжыну…
Къуршыбгъэу зиIэтынтэкъэ -
Уафэгум итщ и гупсысэр.
Iимамым унафэ ищIат
ЖамыIэу гъуэгу темыхьэну,
Аращ къыщIехьэлъэкIыпэр
И унэм кIуэжын зэрыхуейр.
ПщIэрэ щхьэрэ зиIэ анэу
ЦIыху Iущхэми щIыхь зыхуащIым
Къыхуейуэ къыхуиIуэхуащи
КъыхуэщIэкъым и щхьэусыгъуэр.
ШэшэныщIым къыщышэсу
Къыщежьэжа Iэсятыкъуэр
МуридитIи къыдэщIыгъуу
Я къуажэбгхэм къахуоблэгъэж.
Куэд щIауэ зытетхэу щыта
Бгырыс хабзэжьыр яIыгъыу,
Жэмыхьэтыми къуажэми
ПщIэ хуащIыу къыдэхьэжахэщ.
ЛIэщIыгъуэхэм щIигъуу яхэлъ
Хабзэм тету къепсыххэри
Хэкум зэрибынхэр наIуэу
«Къуршыщхьэм» къыщыувыIахэщ.
«ЩIы щIагъым къыщIэIукIырэ?!» -
ЖыпIэнт а макъ телъыджэкIейр:
Щыми зэгъусэу зэхахащ
Пшынэм макъамэр къришу?!
Уи тхьэкIумэIупсыр Iузыч
Урысыдзэ топхэр къоуэ,
Иджыри иIыгъщ жьым, хьэуам
Бэрэбанэ теуэм и макъ...
И гъусэхэр зыгъэуIэбжьа
Дэуэ-дэпщэ нэжэгужэм
АпхуэдизкIэ игъэукIытати
Дэпу ар къызэщIэуцIыплъащ.
Зауэ гуащIэм щигъэунэхуау
НыбжьэгъуфIу къыздишахэр
Гонодэжьым къызэрыкIуам
ХэпщIыкIыу хущIегъуэжахэт.
… Ягу къэкIыжащ бгырыс къуажэу
Бийм ихъунщIа, гъэсыжахэр
«Псы Iуфэ» - зыфIащ мэкъупIэр
ЗэщIэлыдэу къыщалъагъум.
Нэгум щIэкIыр я фIэщ мыхъуу
ЗыхащIэм дзыхь хуамыщIыжу,
ЗыщIэгупсысыкIыжахэщ
«Ди акъыл дитыж?» жыхуаIэу.
Жэщ кIыфIым щIиуфа къуажэр
ЗэрыкIыфIу щытщ иджыри...
МафIэхэр щыблэ мэкъупIэм
ЩыIуплъэм къигъэуIэбжьахэщ.
Зэхэуэхэм я нэхъ гуащIэм
Щымыдзыха Iэсятыкъуэм
ЕкIуэкIыр къызэрилъагъуу
Шэхум хуэдэу и фэр пыкIащ.
ЖиIэнур хузэпымыщэу
Шыр и Iэдэжэу мэбакъуэ,
И пкъыр ерагъкIэ илъэфу,
Адэ лъапсэр къызэхекIухь.
И ныбжьэгъухэр къэзыгъэщта
ТхьэлъэIу макъыр тхьэкIумэм итщ,
ДыуэщI къыхуэсыжа нэхъей
Къуажэкум къыкIуэцIрокIхэ.
ПIэщIэгъуэкIэ унэм нэсын
Унафэр ткIийуэ пэзубыд
Хъыбар мыIупщIым и щIыхькIэ
Гужьейуэ гъуэгу къытехьэжам
Джэрпэджэжу бгыхэм къыщыIу
Нысашэ макъыр зэхихри
КъыгурыIуащ гуауэ IуэхукIэ
Унэм къызэрамышэжар.
***
ДэнэкIэ уплъэми къуажэр
ГуфIэгъуэм къызэщIиIэтэт.
Нысашэм и Iэуэлъауэр
ХуищIэу ягухэм лъэIэсауэ.
Нэхъри и гур игъэныкъуэт
И къэшэн зэримыцIыхум,
Гурыщхъуэу къыхэзгъащIэхэр
Уэрэдыпкъым щIигъэхуэбжьэжт.
Псысэм щыхьэщIэм хуэдэхэщ:
МафIэр къауджыхь сабийхэм.
«Ярэби, пэж мы тлъагъу псори?!»
ЖиIэу и гур къызэкIуэкIащ.
И ныбжьэгъуитIыр къыздишэу
Шэшэным нэсыху къикIыжам
Зигъазэу зауэ IэнатIэм
Iухьэжыну игу ирилъхьащ.
ЗымкIэ – Щамил и унафэр:
Дэуэ-дэпщэ щымыIэну.
АдреймкIэ – жиIам темыкIын
Анэ ткIий IурыIэбэгъуейр.
А тIуми къысхуащIахэмкIэ
Абрагъуэщ я щIыхуэу стелъыр,
А хеящIэхэм зэ плъэгъуэм
Пэжыр нэпцIым халъагъукIыф.
Чэнджэщи щымыIагъэххэу
Си хьэгъуэлIыгъуэну махуэм
Жей, зыгъэпсэху имыIэжу
Си анэм зыхуегъэхьэзыр.
СыткIэи си анэ седаIуэу
СифIыр фIыхэм дэзуугуэшу
Мы сыздэщытым сыкъэсащ
ЦIыхухэр хьалимкIэ къызэджэу.
УщиякIуэ Iэзэхэм деж
Си анэ сигъакIуэ зэпытт;
Муслъымэныгъэр сигъэджри
Шэрихьэтым сытеуващ.
Иджы си нэмыси си пщIэи
Хиутэну арщ си анэ
Ди къуажэ псор къигъэпсалъэу
Нысашэ схузэхэзублам.
Щамил унафэу иухыр
ГъэзащIэныр зи пщэрылъ сэ
Къемызэгъ езым слэжьын нэхъ
Бгы къыстеуэмэ нэхъыфIкъэ!
***
Мис ахэр и гупщысэрэ
Игури губжьым гъэр ищIауэ,
НэIибым гъуэгур ихъуэжри
Адэшхуэм и пщIантIэм дэхьащ.
Iэсят-анэм и мурадыр
ЗыригъэщIэныр и Iуэхуу,
Адэ и адэж и лъапсэм
Мухьэммэд-Iэмин щепсыхащ.
А бгырыс лIы жьыщхьэмахуэу
Зи муслъымэн нэгу зэIухар
И къуэрылъху-нэIибым сэлам
ИкIий IэплIэкIэ къыпежьащ.
Дунейм ехыжа и щIалэ
Хьэджияв къэкIуэжа хуэдэ,
МащIэу къэщIалэжаифэу
Гунаш-дадэ жыджэр хъужаи.
ФIэхъус-сэламыр пщIэ хэлъу
Къуэрылъхум щызэфIигъэкIым,
Адэшхуэм и нэгу щIэплъэурэ
Iэсятыкъуэм псалъэн щIидзащ:
- Си адэшхуэ махуэу Гунаш!
Уэртэкъэ Щамил Iимамым
Бгырысхэм я набдзэу ибжу
ПщIэ лейкIэ яхиIэтыкIыр.
Си анэу щхьэзыфIэфIагъыр
Зыхинын къару зимыIэм
ЛIы Iуэху и пщэ димылъхьэну
Уи нэхъыжьыным сыщыгугът.
Iимам хэкум къемызэгъыу
Къыщалъытэн тхуэмыфащэр
Къемыжьэ щIыкIэ нэхъ кIэщIу
ПсынщIэу щхьэ зэпумударэ?!
Хуитыныгъэм псэ щIэзытхэм
Я щыгъуэ махуэхэр икIкъым!
КъебгъэкIурэ имычэзууэ
Пшынэ макъым укъыдэфэн?
Уэ, зи IэштIымыр быдэфIу
Къуаншагъэм ебгъэрыкIуэфым,
Дауэрэ уигу тебгъэхуэфа
ЗауэлIхэр зыгъэукIытэн Iуэху?
***
Нэмысыр нуру щхьэщыту
Щхьэмахуэр гуфIэу къыIуоплъэ,
Iущу еублэ жэуапыр
Гунаш-дадэу лIы губзыгъэм.
- Апхуэдэу гуащIэу, си щIалэ,
Насып щхьэ уелъэпауэрэ -
Къуажэм нэхъыфIу дэс пщащэр
Уэ псэгъу къыпхуащIыну къашэ?
ЩIалэ ахъырзэману хъуар
Уи хьэрхуэрэгъум хигъэкIри
Зауэ къуентхъ лъапIэу уи анэм
Уэ къыплъигъэсащ Батули.
Зэрыкъуажэу сэ къихакIэ
Зы лъэныкъуэу дыкъэувми
Зыри къытхэткъым дэ къомым
Iэсят-гуащэ къэзгъэшыфын.
И ахърэт нэху ухъу Хьэджияв,
Тхьэм щигъэтынш а здэщыIэм,
Псэужамэ, хузэфIэкIынт
Уи анэр къигъэIэсэну.
ЗышыIэ, щIалэ, зышыIэи
Алыхь талэм уэ фIыщIэ хуэщI,
Iимамым фIы дыдэу ецIыху
Уи анэ шыщхьэмыгъазэр.
Зэрыдунейуэ пэщIэтми
ИкIуэтын Iэмал зимыIэщ
Игум ирилъхьауэ щытым
ЗэрытеIэбэнури хьэкъщ.
Сыт жысIэжын? Мы нысашэр
Утыку къырихьэн хуей щыхъум,
Сэ акъылэгъу сыдэхъуащи
Къуаншагъэри дызоугуэшыж.
И къуэр адэшхуэм епсалъэу
Iэсят ар зэрызэхихыу,
ИкIуэтыныфэ темыту
Унэку дыдэм щиувыкIащ.
Лъэпкъым ар хуит къищIагъэххэт
И Iуэху къыхэмыIэбэну.
ЩIыIэ-щIыIэу сэлам рехри
И щIэупщIэри егъэкIэщI.
ХъыбарегъащIэ игъуэджэр
ЩIалэм къыщыдыригъэжейм,
Ар зэхимыха нэпцI зещIри
Iэсятым и бзэгур джатэщ.
- Сытыт-тIэ ищIапхъэр анэм
Псэуну къыхуэна гъащIэр
Илъэс къэс зэрыхэмыхъуэр,
ЗэрыIэщIэкIыр щилъагъукIэ?
Ара вы пыджэным хуэдэу
Си деж уныдэмыхьэжу,
Анэ щIыхьыр иужь къибнэу,
Адэшхуэм деж укъыщIэкIуар?
Адэм и лъапсэр къэбгъанэу,
Нысашэ мафIэхэр щыблэ
Уи унэ уемыкIуэлIэжу
Мыбы ущынэну ара?
Уи Дадэ и унэжь, тыншу
УщIэзгъэсын уи мыгугъэ.
КIуэи егъэкIуэкI уи нысашэр
Iэсятыкъуэу къысхуашэжа!
Шэшэным ныскIэлъышэ уи нысэр…
ЖиIам пхутемышыжыну
ЛIы гуащIэ къуэм зыхуегъазэ
ЦIыхухъу хьэлкIэ хэщхьэхукIа
Бзылъхугъэ гуащIэурэ Iэсят:
- Сыт абдежым ущIыщысыр
ЩIэп жылэ кхъуэщын гъэувыжау,
Си унафэ уи къалэнхэр
БгъэзэщIэну умытэджу?
- Сыт сщIэн, нэгъуэщI сыт си амал
ЩIэп жылэ кхъуэщын щымыри
Къигъэпсалъэн хузэфIэкIыу
Анэ дыщэ щызиIэкIэ?
Си напэ щытекIын щIыпIэм
Гъэпудыным хуэхьэзыру
Ди адэжь и мэкъупIэжьым
Сыпшэну сомыгъэпIащIэ.
ТIэкIу зыIэжьэ, ягъэ кIынкъым
Уэ къызэIупха гуфIэгъуэу
СифIхэм къызамыпэсынур
ЗищIыс дыдэр ныбжесIэху тIэкIу.
… Япэрау, сыкъыхэпшыжащ
Шэшэн зекIуэ, теуэ гуащIэм,
Къэзэуат зауэр щекIуэкIыу
Си къуэшхэр щыкъамэ къихам.
Мурид гупым срапашэу
Бийм дебгъэрыкIуэну дежьау,
Гонодэ къикIа хъыбарым
Мыбы нэс сыкъигъэсыжащ.
Гузэвэгъуэ зылъэIэсау
Си гур гузавэу, сышынэу,
Шы зэхъуэкIкIэ сепIэщIэкIыу,
Мэз гъуэгу кIэщIкIэ сыкъэпхъэращ.
Уи хъыбару нысIэрыхьам
КъытщыщIа, къытхэхъухьари
Гугъэзагъэу къызхэмыщым
Си гупсысэр игъэутхъуащ.
Щамил деж хъыбарегъащIэ
Хуит сыкъищIыну згъакIуэри,
СыуIэбжьа сызэкъуэхуауэ
Мис, къуажэм сыкъыщыхутащ.
… Бэрэбэнауэ макъымрэ
Пшынэ макъамэ жьгъырумрэ
ТхьэкIумэм щызэщIозууэ
Гум темыхуэу укъигъачэу.
Жын гуп зэрызехьэм ещхьу
Ди адэм и мэкъупIэжьым
ЦIыхухэр зэхэпщауэ къыщофэ
Уи лъыр лъынтхуэм щигъэдийуэ.
Къысхуэбгъэхьэзыращ езым
Нобэрей мы зэрыхь-зэрийр.
Фэуэ къуаплъынуми, цIэуэ
КъыпфIащынуми егупщыс.
Сигу хэщIу, сыкъэгумэщIу,
УкIар, щIэлъхьар сигурыгъуу
Уи хъыбарым сыкъихужащ…
Зигъэувэт уэ зэ сипIэ!
Зэрыт увыпIэр зыхещIэ
Гум зэрехуэ, псэм егъэзджыздж,
Ита псалъэр игъэпцIыжу
УкI тезыр тыралъхьа нэхъей.
АдэкIэ хуэмышэчыну
КъэхъукъащIэм темыпсалъэхьын,
Щхьэпылъэм бгъэдашау абы
Пэплъэ хуэдэ ежьэу щытын.
Мэтэдж пхъашэу, къару щIэлъу,
Зэгъэзэхуау егупщысау,
Шэч зытримыхьэж псалъэхэр
Псэлъын щIедзэ Iэсятыкъуэ:
- Уа си анэурэ Анэ IэфI!
УищIыхуэу стелъыр схуэбжынкъым,
ЗыхэзыбгъэщIакъым гъащIэм
Адэ зэрызимыIэжыр.
Хъупхъэ псоми сыхуебгъэджащ,
Адэм игу мыныкъуэн хуэдэу,
ИкIи щымыIэ пхуэзмыщIэн
Захуагъэм бгъэдэт си анэ!
Уи дамащхьэм яшэчын хуейт
Унагъуэ къалэн хьэлъэхэр,
Пхъумащ псори пхъумапхъэхэр
ФIыщIэщ, арэзынщ сигу пхуилъыр.
Ауэ хабзэу дэ ди лъэпкъым
ЩызекIуэу хъуам я хьэтыркIэи
Си гум схутегъэхуэнукъым
СыщIагъэкъуаншэн злэжьыну.
Сыт щыгъуэи уи арэзыныр
Къэзылъыхъуэу къыбдекIуэкIа
Уи къуэм, си анэ, къилэжькъым
ПщIэншагъэкIэ бгъэпудыну.
НэIибым и къалэн гугъур
Си пщэ къыдалъхьагъэххэщи,
Хуэфащэкъым бгъэулъиину
Си гъащIэ гъуэгур дагъуэкIэ.
Хэку джэ макъым зэхуишэса
Бынхэр щIыпIэкIэ щызауэу,
ЩыIэкъым сыздэарэзын
ХьэгъуэлIыгъуэ нэгузыужькIэ.
***
… Сэ схуэдэу щIалэу си гъусэу
Зауэ IэнатIэм Iуувам
Я къашэр нэчыхь къудейкIэ
ЗэфIэкIын хуейуэ ягъэуващ.
Зыри къахэкIакъым абы
Пшынэ макъым зегъэIэтау
Джэрпэджэжыр къуакIэбгыкIэм
Дэз ищIу пигъэджэжыну.
Абыхэм я анэхэм щыщ
Лъагэу кIийуэ теувакъым
Нысашэ ехьэжьа щIыным
ХуэIэзэхэр къыришалIэу.
КъырагъэжьагъащIэ хабзэу
Хабзэжь псоми ебакъуэурэ,
Бэрэбанэ еуахэкъым
ПсэхэлIэм и фэм теуIуэу.
Акъылыр зэзыгъэкIуэкIыу
ПыупщIыпIэм щхьэр тезылъхьэ
Дэуэ-дэпщэ «уадэ» Iэтар
КъашэщIакъым ахэм зыми.
Абы я анэхэм зыми
Нэгузыужь къызэIуахакъым
ЩIэн хуей дыдэр зэфIагъэкIри
Я къалэныр ягъэзэщIащ.
Зыщагъэгъупщэу нэгъуэщIхэр
- Зауэм Iухьэу псэ зытахэр -
Къафэ, джэгу, Iэгу зэрызехьэ,
Теуэ-тепкIэ яублакъым.
Хы къэукъубея борэну
Кхъухьхэр щIэзылъафэм ещхьу
Ахэм макъ лей щаIэтакъым
Псыежэх макъыр щIихъумэу.
Къуршхэр зыкъутэ зауэшхуэм
Хэкур и зэхэзедзэну,
Уэредэ купщIэншэхэмкIэ
Абыхэм зытрагъэуакъым.
Лъэпкъхэр зауэ гужьеигъуэм,
Унэхэр абгъуэу зыкъутэм,
Хихьау, ахэм къыхураджакъым
ЦIыхухэр джэгу-Iэгу зэIузэпэщхэм.
Зи унэ хьэжыгъэ Iэбжьыгу
Къудей нэгъунэ щIэмылъхэр
Абыхэм къашэу загъэнщIыху
Лы гъэвакIэ ягъэшхакъым…
***
- Сыт сэ сыщIыхуимытыжыр
загъэнщIу лы езгъэшхыну
Къуршхэм щыхъуакIуэу мэл хъушэ
Iэхьэгъуншэу щызиIэкIэ?
Сытыт щIэзымузэдынур
Къуажэ псор пэрыхуэу Iэнэ
Си гуэнхэм Тхьэм къызитауэ
Гъавэр щыпкIыу изу щилъкIэ?
Хьэджияв хъан лъэпкъым щыщащ,
Ар кхъэм къыщIэкIынщ имыдэу
Зыхуей хуэмызау, сыщысхьу
ХьэгъуэлIыгъуэ сэ пхуэсщIмэ.
Сэидхэм къызэпаудынщ
Кхъэлэгъунэм телъ уэрдыхъур
ЩезгъэкIуэкIмэ си нысашэр
Адэ лъапсэм макъамэншэу.
Зи ныбжь игъуэ нэса щIалэм,
Зауэм екIуу хэт аслъэным
Дау щхьэгъусэ къызэришэнур
ЦIыхухэр къримыгъэблагъэу?
Си къуэу хунэмысар зэкIэ
И щIалэгъуэм къэфэн, джэгун
Дауэ къэмыфэу, мыджэгуу
Къызэришэнур, къызжеIэт.
Уи псалъэ гуащIэ гъэхуахэм
Си мурадхэр пхаудами,
Сыт жыпIэми сыарэзыкъым,
Здэнукъым, сикIуэтынукъым.
ЛъакъуэкIэ ухэхьэу уеуэу
Бэрэбанэр зэгуэбудми,
ТIукIэ я макъыр нэхъ ину
Къыхэзгъэхьэнущ бэрбэнжьей.
Мэкъамэхэм дэжьуухэурэ
ИхъуреягъкIэ зэIэпахыу
Ди лъэпкъ уэрэдыр, - мыхъужмэ, -
Сэ къыхэздзэнущ си закъуэ.
Гонодэ дэс псори бгырыс
Уджым къытехьэнхэ хуэдэу
Хьэджияв и мэкъупIэшхуэм
ТхьэлъэIушхуэхэр щысщIынущ.
- Куэдщ, ди анэ, и чэзукъым,
Ебгъэлеину игъуэкъым,
Иджы уэ къэдаIуэ, кхъыIэ,
Мы жысIэнур нэзгъэсыхукIэ.
Пхъэ цIынэр зэщIэзыгъэстыфыр
Уэ уи псалъэм и закъуэкъым,
Сэ си псалъэхэр нэхъ пщтырыжщ.
ТIыси къызэдаIуэи, бжесIэнщ:
Я топхэмрэ, Iэщэхэмрэ
ЯIыгъыу къыдэбгъэрыкIуа
Урысхэм пэщIэту зауэу
Сэ ныбжьэгъухэр къэзгъэнахэщ.
Бийм удэIэпыкъури уэ
Уи унэ сыкъебджэжащи,
Ди анэ, къызэдаIуэ сэ
Си унафэр бжесIэнущи.
СыноупщIыххэкъым, хэт уэ
Сэр папщIэ улъыхъуа жысIэу,
ИреныбжьыщIэ, жьы, щIакъуэ -
Сикъабылщ узмыгъэкъуаншэу.
Уэ ухэдэу къысхухэпха
Хъыджэбз цIыкIу зэкIуж бгы псыгъуэм,
ГуакIуэу Алыхьым къигъэщIам
Сыарэзыщ сыбгъэдэсын.
Уи пагагъыр къэзгъэлъэхъшэн
Ныщхьэбэ Алыхьыр сиIэщ,
КъыздиIыгъынщ адэшхуэми,
ЗыкъысщIигъэкъуэнщ лъэкIымкIэ.
Уи IэштIымитIыр къэпкъузу
Зыкъызомыдз, ягъэ кIынкъым,
ФIэлIыкI ди адэшхуэ махуэу
Игъуэджэр зимыкъабылым.
Уэ ди анэу дэнэ щIыпIэи
Напэм, пщIэм щытепсалъэхьым,
Уэр дыдэми зыгъэхьэзыр
Уи къуаншагъ бгъэзакIуэжыну.
Уи къуэ, гукъанэ зэбгъэщIам
И жыIэ, и лъэIу утету,
Зэпэщ нысашэ дэпхыну
Мыхъупхъэ къыпомыдзыну.
Си еплъыкIэм и ягъэкIэ
Сищхьэ бэгу къытекIэнуми,
НобэкIэ сэ сыарэзынт
ЕкIурэ ещхьу Iуэху дэсхыну.
Нэчыхь езгъэтхынт зытхыпхъэм,
Унэм щIэсхунт пшынауэхэр,
Бэрбанауэри щIыгъуу,
АбадкIэ къамыгъэзэну.
Гъунэгъумрэ благъэхэмрэ
Зэхэс дахэм къезгъэблэгъэнт,
Молидаджэр есщIэкIынти
Абы арэзы сытехъуэнт.
Ауэ иджыпсту и чэзу?
ЗэрыпхъуакIуэм диубыдауэ,
Дэуэ-дэпщэ дыхэтыну,
Ди хабзэр дигу къэдгъэкIыжу.
Унафэщ ди Iимам Хэкум
Теуэ-тепкIэ щымыщIыныр,
Сэри абы и унафэм
Зы залэ себэкъуэнукъым.
Уэ жыпIэм седаIуэу сыжэу
ХьэгъуэлIыгъуэу зэхэлъэдам
Дунейм теткъым сызэрыхэхьэн
УощIэ хэт срикъуэми уэ.
ЩIыб къысхуэбгъазэу, ди Анэ
Сыдэпхужыну щытми,
И хьэтыр семыплъу хъункъым
Iимам Хэкуу лыгъейм хисхьэм.
Унафэр къысхуэзыгъэувыр
Сыкъэзылъхуа анэрами,
Зэзгъэдэну си мурадкъым
Ди Iимамым имыдэнур…
- Уэ бдэнумрэ умыдэмрэ
Зэпишэчу щысынукъым
Уэ уи анэу укъэзылъхуау
Мыбдеж къэувауэ щытым.
Iимамым имыдэнухэм
Апхуэдэу утемычыныхь.
ЗэгъащIэ, зэзэмызэи сэ
Сигу зыкъыдэпщIын зэрыхуейр.
Сэрщ и Iимамыр мы унэм
Мыбы сыщIэсыху сыпсэууэ,
Си унагъуэр – си къэралу
Си IэмыщIэ илъыжыну.
Уэ пхуэдэуэ пIащIэу, щIэхыу
Зи псалъэ зыхъуэжым емыщхь
ФIыгъуэ яхэлъщ си псалъэхэм
Захуагъэр, хабзэр я лъабжьэу.
Си мэкъупIэ си пшынэ макъ
ЩызмыгъэIуну Iимамым
Сэ зэгурыIуэныгъэ зэи
ЕзухылIакъым, дэстхакъым.
Пхуэмыбжын хуэдизу и дзэр
Къыздишэу Щамил къакIуэми,
Ар къытесшэу къэзгъэфэну
СхузэфIэкIынущ, зэгъащIэ.
Алыхь Лъэщым къигъэщIахэм
Ярит къарум щыщ лъэщыгъэ
Зыхуэзгъэщхьэпэу щызощIыж
Си нысашэ сэ си пщIантIэ.
Си къуэ нэхъыжьу си пажэм
И гъащIэр зэтезгъэувэну
Пшынэ макъыр щызгъэджэну
Хьэблэм зыщызогъэхьэзыр.
КъурIэн лъапIэм къигъэувкъым
ХьэгъуэлIыгъуэ умыщIыну,
Зэрыкъуажэу си гуфIэгъуэр
Ядэзуугуэшыну сыхуейщ.
Сыхуейщ си къуэри слъагъуну
НысащIэр утыку иришэу,
ДамитI къыстригъакIэнущ
СызщIэхъуэпсу гъащIэр къэсхьам.
Тхьэухуду, тхьэрыкъуэхуу
Нысэ Батули и бынхэр
ПIын, къэгъэхъун си гуращэщ
Фэ фызэрыспIам хуэдабзэу.
Япэ къэсыр хуэмыфащэу,
Къыцэм хуэдэщ а хъыджэбзыр,
ПхуэмыIуэтэну дахащэщ
Сэ нысэу пщащэм къахэсхар.
Абы ехъуапсэхэу Iэджэ
ЛIэн-къэнэну къигъэнахэщ.
Iэнэ абы хуэзукъуэдий
Iэсят-анэ жыхуаIэр сэрщ!
- Ирикъунщ ди анэ жыпIар,
ЖыпIам сигум щихъуэж’Iакъым.
Уэ узыхуей псор иджырещхь
ПщIэуэ гъащIэр пхуэхьынукъым.
Мы бэрэбанэ, мы пшынэ
Зи макъ зэхэсх сигу темыхуэр,
Джэрпэджэжыр щIэту къэIур
Цырыцу зэпкърызудынущ.
Мы хьэгъуэлIыгъуэ емыщхьыр,
И макъкIэ къуажэр къэзыгъачэр
ЩIэкIи къэгъэувыIэ псапэу,
Уэ си анэу сыкъэзылъхуа!
Лъэсу къежьау къэбгъэрыкIуэ
Царым и дзэхэр иджыри
Ведено къэмысхэ щIыкIэ
БыдапIэм сынэсыжын хуейщ.
Си гъусэ щIалэхэм сэрэ
Тхурикъун хуэдиз гъуэмылэ
Ди хъуржынхэм нытхуиплъхьэну
Зыщомыгъэгъупщэ, ди анэ.
Гъуэгу жыжьэ дытехьэжынущ,
ДыкIуэнущ шыхэр зэтхъуэкIыу.
Ныжэбэ нэхъ дымыгувэу
Дежьэжын хуейщ дызэгъусэу.
АрэзыхъупщIэ хуэфащэ
Си Дадэ къыхуэзгъэнащи,
Щхьэгъусэ схуэхъуа уи нысэр
Шэшэным уэ ныскIэлъышэ!
ФIыр къыбдэкIуэу ялъытэри Iимаму ухахащ…
***
И Хэкум и пщIэр иIэту
И щэныр езыгъэфIакIуэ
Iэсятыкъуэу и хэкумкIэ
ИIэ псори зыхъуэжыфа!
Iимамым и унафэкIэ
Благъэи Iэхьлыи зэринэкIыу
Гузэвэгъуэ зэрызехьэм
ЩIыпIэ жыжьэм щыхэува!
Шэшэнымрэ Дагъыстэнрэ
ЩызэтраIыгъэфа зауэм
И хахуагъ наIуэ щызыщIу
Мухьэммэд-Iэмину хэта!
Уи гур щыныкъуэ дакъикъэм
Iэхьлым улъэмыIэсыфу,
ЗыкъебгъэцIыхуфащ ахэм,
ФIыр зи нэрыгъыу цIыху къабзэ;
Iиманым и гъуэгур зэкIэ
Щыхамышыпа щIыналъэм
Пасэрей хабзэр зыхъуэжу
Iислъамым щыхуезыгъэджа;
Хьиса и диныр и лъабжьэм
ЩыщIэдзауэ зэрихъуэкIыу,
Муслъымэныгъэр къащтэным
ЦIыхур хуэзунэтIа ЛIыкIуэ!
ЛIыкIуэ хъун яхуигъэкIуэну
Адыгэхэр къыщелъэIум,
Щамил Iимамым къыхихыу
ЯхуигъэкIуа Iэсятыкъуэ!
Лъэпкъи благъэи упэIэщIэу,
Бийхэр гуащIэу щыхэбгъэщIа
Лъагъуэхэм телъ уи лъэужьхэр
ЩIыпIэ жыжьэм щыхэпшати!
***
ЛIакъуэи къуэпси щыуимыIэрэ
УзщыIэри хамэ щIыпIэу,
Адыгэ Шэрджэс хэгъуэгуу
ЩIыналъэ пхыдза мыцIыхум
Бгы лъагэшхуэхэр щызэхэтт
КъуэкIийхэм я зэхуакум дэж
Псыежэххэр щибыргъукIрэ
Ихъуреягъыр дэгу зэтращIэу.
Бгы задэхэр къеувэкIауэ
БыдапIэ нэхъыфIу уагъэпщкIу,
Апхуэдэу къигъэщIахэщи
Плъыру зэхэтщ къурш папцIэхэр.
Дагъыстэныр уигу къигъэкIыжу
Къуэхэр абдежыми щыкуут
Къуаргъхэр щемытIысэхыфу,
Бгъэхэрт щытIысыр а къуршхэм.
Абдеж зи псэупIэ лъэпкъхэм
Я къуажэхэр джабэм кIэрытт
Хэти и унэ щIэхьэпIэр
Къэблэ лъэныкъуэмкIэ гъэзат.
Зэрыджэ къудамэ хуэдэ
Iуащхьэхэр зэкIэщIэгъэсау
Къашыргъэ абгъуэхэм нэхъей
Лъагэу псэуалъэхэр къытетт.
Абгъуэхэм ещхь а унэхэу
Куэбжащхьэ хуэмазэ ныкъуэм
Бжьакъуэ абрагъуэхэр фIадзэ,
Псэущхьэхэр къэува хуэдэ.
Я щакIуэхэу гъэсау къалъхухэм
Я къуентхъыр къуршым къытырах
Мэз бжэну щыта къупщхьэхэм
ЯгъэбжьыфIэ щIэхьэпIэхэр.
***
Мылъкур къазэрекуэдэкIыр
И щхьэусыгъуэу зэзэуэж
Адыгэм я Iэхэлъахэм
Уи къалэнышхуэр щепхьэкIым,
Захуэбгъэзау щытащ ахэм
Хуеджэныгъэ нэгъэсакIэ:
«Зевгъасэ Хэку хъумэжынкIэ
Фи лIыгъэм зевгъэубгъуным!»
Ахэм яхэтт лIакъуэшхуэхэр
Я бжыгъэкIэ загъэщIагъуэу,
Зыми зыхуамыгъадэххэу,
Ямыдэу ар мылIыгъэуэ.
Iислъам телъыджэм гунэсу
И лъабжьэр щагурыбгъаIуэм,
Яку дэлъ зэщыхьэр увыIэри
Псори зэбгъэкIужат зэшу.
ЖьантIэм дэсын уищIасэныр
Зи къежьапIэ зэбииныр
Къырамыхьэжьэжыххэну
Ящыбгъэгъупщэжат ахэм.
Ахэр зыхуебгъэджа дерсхэр
Ягу пхыкIри зэкъуэш зэкъуэту,
Щалъхуа Хэкужьыр яхъумэу,
Бийм теуэным зыхуаузэдат.
Ижь хабзэ лъэпкъ зэныкъуэкъур
Къимгъэзэну бгъэкIуэдыжри
Я зэхуаку дэлъа гужьгъэжьыр
Цар губжьамкIэ ебгъэгъэзат.
Я лъапсэхэр зэхакъутэу
Гузэвэгъуэ хадза лъэпкъым
Ар ягу трамыгъэхуэну
Бэнэныгъэм хуэбущиящ.
ЗэпэIэщIэу зэгурымыIуэ
Жылэ зэхуэмыдэ Iэджэр
Зэкъуэтыным епшалIэри
Ныбжьэгъугъэри яхэплъхьащ.
Къуэ задэхэр зи гъунапкъэ
А къуэпс зэмыщхьхэм я зэхуаку
Къэмыкъутэжын лъэмыжу
Зэкъуэшыныр щызэпрыпшащ.
Зи дамэтелъхэр тхыпхъэкIэ
ГъэщIэрэщIа щхьэхуещэхэр
Я унэхэм щIахужыфу
Къару къызэбгъэпэщыфащ.
Бийм ткIийуэ пэщIэувэныр,
Захуагъэм зыщIэбгъэкъуэныр
Абы хабзэ дахэ щыпщIри
ТхыдэщIэу къэбгъэнахуащ.
Я нэщIи, я нэмэз щIыгъуэи
БлэзмыгъэкIхэм къахэпшурэ
Дзэшхуэхэр зэбгъэпэщыфащ
ЛIыгъэ нэсыр къэбгъэлъагъуэу.
Псы уэру къывэбгъэрыкIуэ
Джаурыдзэм пэлъэщыну
Бгъэгушхуэфащ уи зауэлIхэр,
КъаруущIэ зэкъуахыфу.
Шэсыну шы ямыгъуэту
Хьэблэм тхьэмыщкIэу дэсахэм
Гугъэн, гушхуэн уэ ептыжат
ПщIэгъуалэхэр къаIэрыхьэу.
Лъэпкъ зэдауэр бгъэувыIэри
Псори ныбжьэгъу зэхуэхъуахэт.
Я нэхъ быдэхэри хьэзырт
Ябгъэдэлъ мылъкур ятыну.
***
Адыг-Абазэм я щIыгум
Шэрджэсейуэ зи къурш щхьэкIэ
БжьэпэкIэрэ зэпыувэм
Iуащхьэхэр щызэхэухуэнам
Захуагъэр, зэхуэдэныгъэр
ПщIэ лъагэуэ щыпIэтыри
Быдэу иризупхащ лъэпкъхэр,
Iимам губзыгъэуэ гъуазэфI!
Зы Iэм КъурIэныр IэщIэлъу,
Адрей и Iэм - сэшхуэ къихар,-
Хуитыныгъэм ныщIэбэнхэм
Iэмин Iимамыр я пашэщ.
Къэблэр здэгъэзар зымыщIэр
Iислъамым иришалIэри
Алыхьталэм и пщылIхэмкIэ
И уэрхэр[1] нэхъ быдэ ищIащ.
ЛIакъуэ зыхэзыIэтыкIхэр
Абы щызэригъэкIужри
Псори нэхъ лъэщ щIэхъукIахэщ
Яку къыдэхъуа ныбжьэгъугъэм.
Абы я лъэпкъ къудамэхэм
ЗэгурыIуэ яку дэмылъыжу
Зэныкъуэкъур гуащIэу щекIуэкIт
Адыгэ-Шэрджэс щIыналъэм.
Псэемыблэж тегушхуэкIэу
Захуагъэр утыку щызепхьэу,
Къаруушхуэр уэ къыпкъуэкIащ
Iимам унафэр пхыбгъэкIыу.
УщиякIуэхэм Iимаму
Хаха Щамилыр уэ гъуазэу
Къыхэпхыри удэплъеурэ
Ахэм я гум удэхьэфащ.
Щамил Iимамым и дзыхьыр
Къызэрыуигъэзым ифIкIэ
Я дзыхь зрагъэз Iимаму
Адыгэхэми укъащтащ.
***
Сэшхуэр зыIыгъ уи Iэпщэхэр
Хуэш хэхьэху йомыхьэхыжу
УапэщIэтакъэ уэ, щихъ нэс,
Топ лъэщхэр зи Iэмэпсымэм.
А щIыналъэу зи лIакъуэ къэс
ЛIыгъэу хэлъым ирипагэм;
А лъэпкъыжьхэм я лъахэхэу
Ныпхэр уардэурэ щыхуарзэм;
Уэ уи хахуагъыр и лъабжьэу
Лъэщу ува бэнэныгъэр
ИгъащIэ псокIэ тхыдэнущ
IуэрыIуатэу кърахьэкIыу.
ИкъукIэ гугъут а къэлэнри
Зыми хузэфIэкIынтэкъым
Езы Алыхь Лъэщу Иныр
ЗыдэIэпыкъуахэм фIэкIа.
Шапсыгъ бын ахъырзэманхэу
ЛIыхъужь лъэрызехьэ гупым
Абэзэх щIалэ лъагэхэр,
ЗауэлI щыпкъэхэу ябгъурытщ.
Убых лъэщ икIий хахуэхэр
Епхъуэу шы жэр и сокумкIэ
Яубыду къэзгъэувыIэхэр
Зэкъуэшыныгъэм зэпещIэ.
КъикIуэт зымыщIэ бжьэдыгъухэр,
Иджыри садзхэр, мэхъуэшхэр -
Лъэпкъи, къуэпси, лIакъуэхэри
Псори зэгурыбгъэIуахэщ.
Бгырысхэми тафэтесми
Я зэхуаку дэлъ зэныкъуэкъур
Яхуумыдэу адыгэ псор
Зым хуэдэу, зэкъуэт пщIыфахэщ.
ХамэщI къикIа зэрыпхъуакIуэм
IэштIым къузам хуэдэу ткIийуэ
Хуэфащэр езыщIэжыфын
Iуммэт быдэ зэбгъэпэщащ.
Уи унафэхэр ягу нэсу
А лъэпкъ псори зэгурыIуэу
ФIЫР КЪЫБДЭКIУЭУ ЯЛЪЫТЭРИ
Я IИМАМУ УАГЪЭУВАЩ…
Шэрджэсейм япэу къэралыгъуэ щаухуам…
***
Щамил и лIыкIуэ нэIибым
Адыгэхэр къыкъуэувэу
Ар Iимаму зэрыхахар
Зэхахыу къащIа нэужькIэ;
Рэмэнхэмэ[2] къатепщIыкIау
Дунейр къапхъэнкIэ зыуфэбгъуа
Бий кIэуфIыцI зэрыпхъуакIуэхэм
Я нэгухэр губжьым иуфIыцIат.
Лейзехьэуэ, лъыгъажэ гуащIэу
ЩIыналъэхэр зэрызыпхъуэр,
- Урысей зыфIащ «лIыхъужьыр» -
ФIы дыдэу ецIыху Къэфкъазым.
ЦIыху хахуэхэм я нэхъыфIхэр
БэуапIэ ирамыт, яукI,
«Хабзэшхуэ Iей» яхэлъымкIэ
Дакъузэ зэпыт Къэфкъазыр.
Абы, - жаIэ,- а Къэфкъазым
Лъэпкъ жыIэмыдаIуэ щопсэу;
Кхъэ цIэимыIуэхэр щыкуэдщ
Кхъэщхьэдэсэ ямыIэххэу.
Абдежым, Адыгэ Хэкум
Япэу тепщэгъуэ щаухуэу,
Лъэпкъхэм зэдэарэзыуэ
Iимамым жиIэр къыщащтэм.
Урыс царым а хъыбарым
И акъылыр зэу щхьэщихуащ,
Зэпимыгъэужу къигъэхьт
Унафэ, и дзэзешэм деж.
ИгъэткIийуэ къариухылIащ
ЩIыналъэм исыр игъащтэу
БыдапIэхэр яухуэну
ЕбгъэрыкIуэр щIэхуабжьэну.
Лъэпкъ дэкъузэн гъэкIуэдынкIэ
Зи цIэ Iурейу щыта тетым
Унафэ ищIащ щIэгубжьау
Теуэн, хъунщIэн, гъэсыжынкIэ.
АзэнджапIэхэу махуэм тхуэ
«Аллахьу Акбар» дахэмкIэ
Къыщыджэхэр къакъутэну
Мурадыр унафэу къахуещI.
ГущIэгъу къытхуэфщIи дывмыукI
ЖаIэу лъаIуэ муслъымэнхэр
Я унэхэм щIэвубыдэи
Псэууэ щIевгъасхьэхэ жиIащ.
Алыхьыр зи щIэгъэкъуэну
ТекIуэныгъэр зыхь муридхэр
Унафэ ткIий къыдигъэкIащ
Жыг къэс щхьэпылъэ щащIыну.
***
ХамэщIхэр зэзыпхъуэрейуэ
Зауэ унафэхэм есам
И унафэм лъыр къыпыжу
Иджы Къэфкъазым къынэсащ.
Я гурейхэр щIагъэбыдэу
Зыхуейр пхагъэкIыным папщIэ,
Иужь иту къыкIэлъагъэс
Пащтыхьым и мылъку хьэрэмыр.
БыдапIэхэмкIэ къэфщIыхьыж
ЩIыгуу къатефхахэр жиIэу
КъыхаутIыпщхьа дзэ пашэхэм
Унафэ ткIийхэр къахуэкIуащ.
БгылъэхэмкIэ, къуэкIийхэмкIэ
ЗэпэщIэхау щыт щIыналъэм
Я блынхэр уафэм нэс дэкIыу
БыдапIэ щыфщI яжыриIащ.
Бгырыс щIалэ псэ емыблэ
Уафэм ит бгъэр зубыдыфхэм
Я къарур зырыщIахын Iуэху
Лэжьын унафэ къахуэкIуащ.
Чэщанэхэр, плъырыпIэхэр
Iэщэи топи зымыIыгъхэу
IэштIым къузау лIы гуащIэхэм
Ди нэгу щIокI къызэращтэфыр.
ЛIыгъэмкIэ зыдгъэщIэгъуэну
Лъагэу дэтщIей быдапIэхэр
Тхурытхуурэ къебгъэрыкIуэу
Къызэрагъауэри дощIэ.
***
- «Белэрэчэнсч»-ым и блынхэр
ХуэдищкIэ нэхъри бгъуэ фщIы,
ПсыдэтыпIэ куухэр ефIтIых
«Лэзэрэвсч» ихъуреягъкIэ!
«УэсыпскIэ»-м и блынхэм и щхьэм
ДэпщеипIэ къыщывмынэ,
А быдапIэм и блын лъагэм
Дэмэдазэу иIэр зэхуэфщI.
БдзапцIэ ткIуакIэ зи мывэхэр
ЗэтегъэпщIа «НикIуэлевскIэр»
ЩIэрыщIэу зэщIэвгъэбыди
Хъумэн Iуэхур щIэвгъэткIие.
ЩIэрыщIэу дыухуэжа къудей
«МыхейловскIэ»-уэ абыхэм
ЩIэх-щIэхыурэ зэтракъутэр,
Щыпхрахам мывэ щызтефлъхьэ.
ЗэрытщIыу занщIэу якъута
«КIэмынэмосткIэ» быдапIэр
Топхэр нэхъыбэу къефшалIи
Нэхъри нэхъ быдэжу фыухуэж.
Зэи зызмыту мыжыIэщIэ
Си унафэр зымыдэ гуп,
Зывгъэхьэзыр фэ си губжьым
И шабзэхэр къыфтехуэну».
***
Пащтыхь бзаджэм, царкIэ зэджэм,
КъатырищIыхьа унафэр
Къэфкъаз щIыналъэм къэсыхукIэ
Хэгъуэгум Iимаму къащтам,
Iимам Щамилыр зи щапхъэу
Зым пимыкIуэтын зигу илъым
ЛIакъуэхэр зэришалIэри
Лъэпкъхэри зэгуригъэIуат.
Iимам Щамилу пашэным
Хурагъаджэу хуагъэсам деж
ПсэкIэ лъатэт зэзэмызэ
Зауэхэм дыхэтыну хуейт.
Къэзэуат хуэпабгъэ лъэпкъхэм
Iимаму хаха Iэминыр
ЗэрыпхъуакIуэ бий сатырхэр
Я сэшхуэхэм щыхигъэщIкIэ
Я гъащIэу къагъэщIа лъандэ
Зэбия лъэпкъхэм я зэхуаку
ИгъащIэкIэи мыкIуэдыжын
Зэкъуэшыныр щигъэбыдэт.
Жырыр зи куэд цар залымым
Щымысхьыжыххэу яхуиутIыпщт
Хэкум мывэу илъым хуэдиз
Топышэрэ фочышэрэ
УмыщIэнт зигъэхьэзыр фIэкI
Уэгум ит бгъэшхуэр щымыхъуа
Зым и унафэ щыпхымыкI
Къуршхэм я щхьэкIэр фIихыну.
«Нэур», «Клухор» бгышхуэхэу
Зи щыгухэр уафэгум нэсхэр,
«Iуащхьэныкъуэ» бгы быдэуэ
ЦIыхубэм фIыуэ ялъагъур.
Дыгъэ бзийхэр зыдэмыпсэ
«Марыхъу», «Сэнчар» къуэкIийхэми
Урыс топышэр долъалъэ
Сытри зэтракъутэн гужькIэ.
ЯлъэкI къагъэнакъым ахэм
Езыхэм яубыдын папщIэ
Куэдыгъэрэ бзаджагъкIэ
Зейм къыIэщIагъэкIа щIыхэр.
БыдапIэм ебыдэкI къуршхэм,
Ажэ фIэкI зыдэмыкIыфхэм,
Адэжьхэм фIащар яхъуэжри
Я нейкIэ зыхуей цIэр фIащыж.
ЗыIэщIаубыда щIыпIэхэм
Я нэпкъыжьэ тырадзэрэ
Я икIагъым узэщитхъыу
БыдапIэхэр щагъэувау.
Я гъуэгур я занщIэращи,
Я лъэ зытеува щIыпIэм
Мывэ къалэр щыдыращIей,
Лъэпкъхэр гъэру яубыдауэ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ хэкур
ЗыгъэлъапIэу зыхъумахэр
Бэлыхь тIуащIэм хадзэри
КIуэдыжыпIэ щызэхуахус.
Япэу къыщIэкI дыгъэм и бзийм
ФIэхъус езых къурш лъагэхэм
Зэритепщэр ягъэIуну
Чэщанэ лъагэ яухуэ.
Мывэм, гъущIым хэщIыкIаурэ
Къурш къутахуэхэм я щIыIум
БыдапIэхэр щыдыращIей
Блынхэр лъагэу яIэтурэ.
***
Уеблэм ахъшэкIэ ягъапцIэу
Бийм ящэхуахэр нэгъунэ
ЩIегъуэжу къагъэзэжурэ
Iимамым щыкъуэувэжам,
Урысыдзэ бжыгъэншэри
Хьэш IэщIэкIа хьэIуцыдзу
Зыкъуадзыну хьэзырхэти
Гузэвэгъуэ гъэбагъуэхэт.
БгъэрыкIуэныр я жэуапу
Урыс полъкухэр щызтракъутэм,
Адыгэхэми ялъэгъуащ
Iимам зэфIэкIыр зынэсыр.
Абы Тхьэр щигъэлъапIэкIэ
Мыхейр фыгъуэм зэщIиубыдэу
Хейм гурыIуэти икIий пхыкIт
Iимамыр Тхьэм къазрыритар.
Бегъымбар лъагъуэм темыкIыу
Щалъхуа хэкум пэIэщIэми,
Щамил Iимам унафэкIэ
Ар захуагъэм щхьэщыжыми;
Абы и псэр унэм еIэт,
И гур зэв къыщыхъуи щыIэт,
Ауэ къигъэлъагъуэтэкъым
ЩIыпIэ жыжьэм щыбэшэчти.
Къарууэ иIэр зэхилъхьэу
Зауэ щысхьыншэм щыхэхьэм,
И гупсысэ тегъэщIапIэт
И хэку телъыджэр къелыныр.
***
Абы къыбгъурытт щIалэхэр,
Адыгэ-шэрджэсхэм щыщхэр,
Уи дзыхь зэбгъэз хъуну дэнэи
Укъыщызыгъэпэжынухэр.
И щIыбагъымкIэ къыщеуэу
ЯукIыну зыщашэщIым,
Ар къригъэлыну хьэзырт
Къыбгъэдэта Джырандыкъу-бэч.
Зэхэуэм щылъэрызехьэу,
Сэшхуэ гъэбзэным хуэIэзэт
Къады-бэчу IэкIуэлъакIуэр -
Дыгъужь-хьэжы лIы хахуэри.
Щыхуей сыхьэтым къагъуэту
Сытым дежи Iэпыкъуэгъуу
Къару хэмыщI, Iуэху куэд зэфIэхт
Хаджиявхэ Чэлэмэт-Бэч.
Чэбэ гъэбжьыфI мывэ фIыцIэм
Ебэури къару хагъэхъуау,
Сэшхуэм IэмпIэу ириджэгуф
РэIис хьэжыи, Сатыр Бэчи.
Нэкуыгъуэм щылыд я хэкур
Зезыпхъуэну къэкIуа уэрхэр[3]
Щысхьыншэу иупщIатэу зыхуыж
Исмел-Бэчурэ IэщафIэр.
ХьэщIэ емыгъэблэгъау дзэр
Хэкуэгъум хуэгущIэгъуншэр
ЗэхэзедзэкIэ зыгъаскIэ
Мущэууэлэт-Бэчу Хьэжы.
Уи хъуреягъ щызэрубыдат
Хьэж щIынкIэ зызукъэбзахэу
Зи IуэхущIафэр къэтыншэхэр
Сыт ищIыс фIыми хуэщIахэр.
Мэхъуэшыкъуэр, хьэтыкъуейхэр,
Мыпсалъабэ лабэдэсхэр
Iэщэм хуэIэзэ быныфIхэу
Бжьэдыгъухэр, абэзэхэхэр.
Я псалъэм хуэпэжу псэуа
Адыгэмрэ шэрджэсхэмрэ
Хамэм къагъэува къапхъэнхэм
Пэлъэщ гъалгъай, кIэмыргуейхэр.
Зи шы сокухэр телыдыкIрэ
УафэхъуэпскIым хуэдэу жэру,
Шым уанэ псынщIэу тезылъхьэ
Убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ.
Дэтхэнэ зы лъэпкъ хейрами
Зауэм Iухьэн къару езыт
Мухьэммэд-Iэмин Iимамым
ТекIуэм фIэщкIэ хуегъэхьэзыр.
Щамил хуэбгъэдэн Iимаму
А щIыпIэ жыжьэм щемышыж
Къатеуэ бийхэр псори хъым
Ириубыдэт щихъ щэджащэм.
Адыгэ цIыху щхьэхуитыжхэм
ЛъэныкъуиплIкIэ къебгъэрыкIуэу
ЗыукIыну зи гугъуа полъкухэр
Зырызу щызэтрикъутэм.
УпщIэтэнымрэ укIымрэ
Еса дзэ хьэщхьэрыIуэхэм
ЩагуригъаIуэм а щIыпIэр
Я лъэгу зэрыщIэмыувэнур;
Илъэс иджыри дэмыкIыу
ЦIыхум я дзыхь къырагъэзу
Щихъыр я Iимаму хахыу
А гъуэгу махуэм щытеувам;
Нэ жанкIэрэ абы зиплъыхьт
Лъагъупхъэ псори къилъагъуу,
Щигъувт къуэшын, ныбжьэгъуныр
Яку илъыну гъащIэ пIалъэу.
Зи хуитыныгъэм хъуэпсапIэу
ЩIэбэныфхэм я щIыналъэм
Япэ дыдэу лъэпкъ тепщэгъуэ
Щиухуат абы Шэрджэсейм.
ЦIыхубэм къыхишри лъэпкъ бын
Унафэ зыщIыф игъэуващ
Зэныкъуэкъумрэ зэбиймрэ
ЩиIэтыжащ абы я деж.
КъурIэным щапхъэ къыхихыу
Бэм еущиет зэхимыдзу,
Псэ къабзагъэу къызхуриджэм
ЦIыхур нигъэсат Iимамым.
Муслъымэн щIыналъэ Iэджэм
Хъуэхъухэр къыхурагъэхьт абы
Я Iимамым иригушхуэт
ЦIыхубэри лъэпкъхэр псори.
Ахэм хуитыным хуезыджэн
Iимам нэса ягъуэтати,
Шыкур-нэмэзкIэ фIыщIэ ящIт
ЩIыналъэм ис муслъымэным.
Iэсэнымрэ щхьэгъэщхъымрэ
Ижь лъандэрэ зымыщIэхэм
Иджы щихъым яригъащIэт
Абы щхьэкIэи ягъэлъапIэт.
ЦIыхубэр зэгурыIуэмэ,
Къуршхэри пхаудыфынущ.
ЯщIэжт зэрытекIуэнури
АбыкIэ ягу ящхьэ зэтелът.
ЦIыхубэр дэзыкъузэ ем,
Цар ябгэм пэщIэувэну
Къару къызэкъуахыфати
Ягухэр игъэмамырт абы.
ТегъэщIапIэу къищтэт, Щамил
И жыIэгъэ купщIафIэхэр
Тепщэгъуэ лъэ быдэ махуэ
Зыухуэфа хъэлиф пашэм.
Адыгэ щIыналъэм псоми
Iимам Хэкум щыхабзэмрэ
ЗэхэтыкIэ ефIэкIуарэ
Щызыгъэувыфа хьэфизым[4].
АдыгэщIу щIы дахащэм
Япэ дыдэу, зыщIэхъуэпса
Къэралыгъуэр щаухуэгъам
Лъэпкъхэр псори арэзыхэт.
Щамил къаIэщIэкIыжри къэкIуэжауэ къыдозауэ…
***
Сыту гуауэшхуэ мы къэIур!
И натIэ къыритхэ псоми
Бэшэчу пэщIэт Iимамым
Сэшхуэр сампIэм ирилъхьэжащ.
Зы напIэзыпIэм уафэгур
Зэгуэзыча уафэхъуэпскIыу
КъалъэIэсащ а хъыбарыр
Зэхэзыхыр дэгумэщIу.
КъаскIэри зиубыдыжащ, ар
Мухьэммэд- Iэмин къыщищIэм
И Iэхэр уафэмкIэ еший
ТхьэлъэIу къабзэхэр къеIущэщ:
«Уэ си Тхьэуэ лъапIэу лъагэ!
Сомыбгынэ сэшхуэр сIыгъыху,
Щамил арэзы зытехъуэн
ЛIэжыкIэ сэ натIэ схуэхъуху!»
***
Хъурыфэу и пыIэ фIыцIэм
ЩхьэешэкI хужьыр ешэкIащ
И бгъэм и бгъуагъкIэ хьэзырхэр
Гыныр ярызу ирокIуэ.
Iэщхьэлъащхьэхэр дэхьеяу
Къэзэуатым ар хуэузэдащ
Хужьу и Iэпщэ бланэхэр
Жыжьэу укъаплъэмэ уолъагъу.
Бзу хуэдэ зыIэтыгъуафIэу
И хуарэр жану мэпкIатэ,
Буракъыр уигу къигъэкIыжу
Уафэм дэлъэтеин къудейщ.
«Жыжьэщ, иджыри къэсакъым»,-
ЖаIэхэурэ бэлэрыгъа
Биидзэм хэта зауэлIхэр
Я псэ еджэу шы лъэгум щIэлъщ.
Шхуэм дзэщхьэлымкIэ йоныкъуэкъу,
Жьэм жьэдэлъ гъущIыр егъэныщкIу,
И дзэхэр зэригъэшхыурэ
И фIалъэхэр егъэдалъэ.
И бгым исщи шыуей хъыжьэ!
Зэхэуэр ежьэмэ, хахуэр
Зэрыримыгъэхуэхынум
ШыфIыри и фIэщу хуосакъ.
«Ура!» - хэр я уэрэдыпкъыу
КъыраутIыпщхьа джаурыжьхэм
Я пщэ хуэхэр ирибзэнкIэ
Пхуэмудзэгужын сэшхуэри…
Нэ фыгъуэхэр къэзыгъэушу
Зэ еуэгъуэм шыри шури
Зэгуэзгъэхуфын къарууэ
КъызэрыхэщхьэхукIари…
Тхьэ Иным къуимыпэсамэ
Уэ зумыгъэгъутыфыну
Дэнэ щызауэми текIуэн
Насыпу къылъагъэсари...
Щамил Iимамым и закъуэт
Къэзумысыфыр а щэхухэр,
Гимры щалъхуам и увыпIэм
Иджы Гонодэм щыщыр итщ.
Хъыбар хьэлъэр гущIэм пхидзу
УафэхъуэпскIыу псэр щилыгъуэм,
Зыкъэмынэм къагурыIуат
Зэрыхъунур Iэмин - Щамил.
Муршидым и къару лъэщу
Дэтхэнэ зыми къыкъуэтыр
Нэр зымыгъаплъэ гухэщIми
ДэIэпыкъуэгъуу щызыхащIэт.
Щыгъуазэхэт гузэвэгъуэм
КIуэ пэтми нэхъ лъэщ щIэхъукIыу
Бэнэныгъэр езыгъэфIакIуэ
Бгырыс къэс зэрыщамилми.
Илъэсым илъэс къыпыхъуэу
Джаурыдзэр зыгъэгумэщI
Iимамым и къаруушхуэр
НэIибыми зэрыхэлъыр...
ЩIылъэр дэзджызджу пщIэгъуалэ
ФIалъэкIэ мащэ къизытхъум
Ехь ди Мухьэммэд-Iэмину
Адыгэ хэгъуэгу Iимамыр.
Щамил Iэрыубыд зэрыхъуам
ЩыкIэ нэхъ бланэ ищIауэ
Сэшхуэр IэкIуэлъакIуэу мабзэ
Бий къэбгъэрыкIуэм холъэщыхь.
Къэзакъхэр зэкъуэлъэдэжау
Бжыгъэбэуэ къэпхъэрыми,
УпщIэтау щонэхэ щIыгум
Хуэбж яребж зыбжыну хуейхэм.
ЛIыгъэрэ хуэшэрыуагъыу
АпщIондэху зыми имыIа
Iимам Мухьэммэд-Iэминым
Зауэ губгъуэм къыщызэкъуех.
ЗауэлIхэр зэдожьу гъуагъуэу:
«Щамил къаIэщIэкIыжащи
Уинэр щызыпхъуэ и сэшхуэу
БлэмыIэбыкIыри IэщIэлъщ!»
Бийм «жэхьэнымэр» и Iэхьэу
Зэхэуэ гуащIэр иухри
Муридхэм къащта быдапIэм
И щхьэм бэракъыр къыфIащIащ.
Зауэ етам и дамыгъэу
Ислъамым и нып удзыфэр
БыдапIэ шынагъуэм хуарзэу
Лъагэрэ уардэу къыщхьэщытщ.
Бийм къырищIар ирищIэжу
Джаурым пэщIэт нэIибым
Сэшхуэу ирихьэх мыхабзэр
Иуыдзэгуху игъэдэлъащ.
А махуэм къыщыщIэдзауэ
ЗыкъамыщIэжу мазищкIэ
Гужьей зыгъуэта сэлэтхэм
Фэбжьышхуэ а теуэм хахащ.
Я джыназ зэфIэнэжахэм
НэкIэ ялъагъур щIахъуымэ,
Гузэвэгъуэу къатепсыхар
ХэIущIыIу ящIыну мэшынэ.
Нэхъыщхьэхэм щабзыщIынут
Зыхуамыгъэфащэу къэхъуар,
«Щамил къакIуэу къазэрытеуам»
Темыпсэлъыхьар укIуэдыж.
Адыгэ муридхэм ягухэр
КъекIуэкI хъыбарым хуэзагъэу
Мухьэммэд-Iэмин и сэшхуэм
ХуэIуар езым лъагъэIэсыж.
- Дакъикъэ закъуэ Щамилу
Закъыщызгъэхъун слъэкIамэ,
Си зэхуэдэщ сыт хуэдэкIэ
Си псэр си Тхьэм сIихыжми.
***
Бийр цырыцу зудыныщIа
Зэхэуэ гуащIэр щекIуэкIым,
Хы фIыцIэмкIэ щыIа Щамил
Зауэм хэтауэ щыжаIэм;
Инэралым а щэху бзыщIар
Царыжьым Iэригъэхьэжащ,
Модрейм ар и фIэщ хуэмыщIу
Тхар ичатхъэри къэлыбащ:
- Сыт хъыбар иджы къиIукIыр?
Адыгэ щIыналъэу зи лъэпкъ
Ныкъуэкъуэхыр зэрыкъуажэурэ
Хым щIэдгъэтIысыкIам я деж?
Дау, я унэхэм къыщIэтхуу
Зэрыунагъуэу етхужьахэр
Ди зауэлIхэр я нэщанэу
Хахуэу къызрытхэлъэщыхьыр?
Мэл гуартэм хэхьа дыгъужьу
КъыпэщIэхуэм фIы щIезмыгъэх
Сыт хуэдэ пашэ аргуэрым
А щIыналъэм къыщыунэхуар?
Гимры къуажэм къыдэкIауэ
Къэлугэ дэзубыдэххар
НытIэщIэкIау къыдэзауэу
Сыт гъэщIэгъуэн мы зэхэсхыр!!!
ПхуигъэкIуэтын уфIэмыщI зэикI
Телъыджэхэр къэзыгъэхъуфхэр…
Зэ къызэпыдудын хуейкъэ
Iимам Щамил и щытхъупсыр!!!
Ешахэщ, къару яIэжкъым,
Щыгъыныджэщ, мэжэщIалIэщ
Адыгэр идгъэкIуэтыну
И пIалъэр къэсакIэщ иджы.
Илъэс дапщэ хъуа зауэ мыр?
Нобэми дапэлъэщакъым!
Къэфкъазыр иджы IэмыщIэм
Изубыдэну игъуэ хъуащ.
Щамил дзыхь къыхуищIу абы
КъигъэкIуа Мухьэммэд-Iэмин
Къулыкъум къытегъэкIауэ
ЩIыналъэр егъэбгынапхъэщ.
Куэдщ! Апхуэдизрэ унафэр
КIыхьлъыхьу къыралъэфэкIкъым.
Сэ жысIэр зымыгъэзащIэр
Къызэлыным щыремыгугъ.
Адыгэр зыIэщIэслъхьэным
Сэ мылъкуу тезгъэкIуэдахэм
НэгъуэщI къэрал къэсщэхуну
Сыхуеями, къысхущIэкIынт.
Сыту пIэрэ фэ хуэмыхухэм
А лъэпкъхэр зэфIагъэнэфу
ТIасхъэщIэхи епцIыжакIуэи
Къэвгъуэту щIахэвымутIыпщхьэр?
Хузэтефкъутэ и уэрыр
Щамил къаубыда нэужьи
Къыдэзэуэныр щызмыгъэт
Мухьэммэд-Iэмин нэIибым!
ХэвгъащIэт а зызыгъэлIу
Адыгэ лъэпкъхэм я пашэу
Шапсыгъхэм я тхьэIухудхэм
Зэпеуэу гущIэм щагъафIэр.
КъыгурывгъаIуэжыт абы
Езым нэхърэ зыбжанэкIэ
Нэхъ лъэщу щыта Iимамыр
Дэ ди IэмыщIэ зэрилъыр.
Хы ФIыцIэ куейр зэрыщыту
IэпщэкIэ зыIыгъ нэIибыр
Ди лъабжьэ, хъужыххэнумэ,
ЗэрыщIэувэнум фелэжь.
IэщэкIэ гъэнщIа чэруанхэр
ФутIыпщ Адыгэ щIыналъэм
ДяпэкIэ Дагъыстэным
Дыщыхуеижкъым апхуэдиз.
Ажалыр къезыугуэшэкIыу
Щыта адырей «лIыхъужьыр»
«ХьэщIапIэ» къызэрыфшакIэу
Мы «лIыхъужьри» къысхуэвгъэс.
ФытеукIытыхьыж фэ къомыр
ЧэнджэщакIуэ фыкъысхуэкIуэн.
Фэ фи акъыл хунэсыпхъэщ
Абдеж къыщезэгъ амалхэм.
Абы адэкIэ мы Iуэхум
Къытезгъэзэн фи мыгугъэ
ФатекIуэпауэ фи хъыбар
ИкIэщIыпIэкIэ къысхуевгъэхь.
***
…Урысей царым и тхыгъэу
Нэ зытырамыгъэплъам
Итахэр, къанэ щымыIэу,
Адыгэхэм яхъумэжащ.
Муслъымэн псэемыблэжу
Мухьэммэд-Iэмин нэIибым
И фIыщIэр ящыгъупщакъым
НыбжькIэрэ зэIэпахыурэ.
ЦIыхухэм гъуазэ нэсу яIэщ
Къэхъуну щIэблэм я щапхъэу
ПщIэшхуэ иращIэкI, яхъумэ
ЩIыхь ин зыхуэфащэм и цIэр.
IуэрыIуатэм хуэкIуэж лIыгъэу
ЦIыхухэм ягухэм имыхужым
Нобэи ныжэбэи топсэлъыхь
ЛIэщIыгъуэхэм къыпхыIукIыу…
…Уеблэмэ Абазэ дадэм,
- И ныбжьыр Алыхьым ещIэ,-
Псэууэ уи нэгу къыщIигъэхьэу
И теплъэр къигъэлъэгъуапэт.
…ДэIэпыкъуэгъу къазэрылъэIэс
Гъуэгухэр царым зэпиупщIу,
Зэуэну къару зимыIэж
ЦIыхубэр тхьэмыщкIэ щыхъум;
Адэжь лъапсэу я къуажэжьхэр
Бий урысхэм зэтырагъасхьэу
Фэмрэ къупщхьэмрэ хуэкIуахэу
Лъэпкъ къомыр къыщырахужьэм;
Тыркум ягъэIэпхъуэн цIыхухэр
Iуву зэрыс кхъухьышхуэхэр
Цар ерум и унафэкIэ
Хы щIагъ щыщIырагъэлъафэм;
Алыхь лъапIэм гъэунэхупIэу
ЦIыхум къылъыкъуих гугъуехьхэр
ЦIыху бзэджагъкIэ бжыгъэншэ хъуау
Къуэпси лъапсэи щызэщIилъащIэм…
ЛIакъуэ хэгъэщхьэхукIахэр
Дуней къутэм и борэным
ЩыIаи ахэр - щымыIахэи -
Лъэужьыншэу щыхихьэжэм...
ЖаIэж а зэман гугъусыгъуу
ФIы гугъу щызэхамыхыжым,
Я гугъэр яфIэкIуэдауэ
ЦIыху цIыкIур щызэтекIуадэм
Топхэр къырашауэ хэкум
КъыдэбгъэрыкIуэ мыгъуэдзэм
Зи губжьыр ятезыкъутам
И хъыбарыр къызэрысар.
Гъуниб Ищхъэрэ Iимамым
Къэзэуатым хуиIэта сэр
Зэрырилъхьэжар иджыри
ЗымыщIэ Мухьэммэд-Iэмин
Ислъамым и бийхэм фэбжькIэ
ЯпэкъуэкI зэпыту жаIэт,
ХуищIэу яридза удынкIэ
ЩIыналъэр яригъэбгынэу.
Тхыдэтхыу, зэхаха псори
Тхылъ напэхэм щызгъэпсэухэм
Къэхъуа-къэщIам языхэзу
А хъэбарыри яхъумащ...
…ЩАМИЛЫР КЪАIЭЩIЭКIЫЖРИ
КЪИГЪЭЗЭЖАУЭ МЭЗАУЭ
ЖиIэу Iуа хъыбар щIэрыпсым
Къэфкъаз псор зэу зэлъищIысат...
«Iэмин Псы ЦIыкIу» йожэх, уэ зыращ гум къигъэкIыр
***
Щамил Iимамым хэт нэхъи
Дзыхь нэхъ зыхуищI и нэIибым
Зэрыбгъэпэжынур ищIэт
Пашэныр щыпхуигъэфащэм.
Ипэ дыдэм щыщIэдзауэ
Щамил и нэIибхэм щыщу
Хуэпэжахэм уефIэкIати
Уи дзыхьыми утетыжащ.
ЕбгъэрыкIуэу быдапIэхэр
ТеуэкIэ зыщтэ зауэлIхэм
Я нэхъ IэкIуэлъакIуэр уэрат,
Уисэшхуэрат жан зэпытыр.
ЗыгъэунэхужыпIэ фIащау
Къыфхэлъадэрей сэлэтхэм
Уэгум къеIэбыха щыблэу
Саблэр гуу ятебгъэзагъэт.
Фочышэ уIэгъэ куухэр
Уи Iэпкълъэпкъым тыранэми,
Уигулъытэншэу къэнакъым
Лей зырихьэну къежьа зыи.
Уи хахуагъыу нэрылъагъур
Тхьэр гъэлъапIэнкIэ щIэпхъумэу,
Муслъымэн щыпсэу щIыналъэу
ЩыIэр псори яхуэпхъумат.
Къэзэуатышхуэм и тхыдэр
Зытхыжа Мухьэммэд-ТIэхир
Щытхъушхуэ хэIэтыкIакIэ
Уи цIэ иреIуэ, муридышхуэ.
Нэгъэсаигъэу уэ пхэлъхэр
ЦIыхугъэм, фIыгъэм къиубыдыр
НаIуэ къыщыхъуат Шэрджэсейм
Жэуаплыныр щыин щIыпIэм
ХамэщI, хамэ Iэгъуэблагъэ
ЛъэпкъкIэ зэхуэмыдэ зыкъом…
Адыгэ-шэрджэс хэгъуэгухэм
ЛIыкIуэу ущагъэкIуам щыгъуэ
ФIыу плъагъу, ущалъхуа уи хэкур
Уи адэжь щIыналъэ дахэр
Уигу къэмыкIыххэу Iимамым
Хуэббгынэри укIуащ жыжьэм
Iимамым и унафэхэр
ЗыугуэщIа Мухьэммэд-Iэмин
И зэфIэкIыр а илъэсхэм
НаIуэ къыщыхъуащ хамэщIым
Гупщысэн зэрыщIэбдзэрэ
КъэзэуаткIэ пхьащ уи гъащIэр
Абы къыщыбгъэлъэгъуахэр
Псоми щапхъэ яхуэхъужащ.
ДэIэпыкъуэгъу пхуэмыхъужыф
Хэку нэIуасэм упэIэщIэу
Къыщыбгъэлъэгъуар телъыджэщ
Дзэ зешэнкIэ хамэ щIыпIэ
Быдэу зэкъуэт IэштIым лъэщу
Зэкъуэбгъэуващ адыгэр,
Бийр зэтепщIащ хьэбэсабэ
Уэ пхуэдэ ахэр мыхъуфа.
Уэ узипашэу зауэлIхэу
ЩIыналъэ псом къыхэпшахэм
БыдапIэр нимыгъэсыфу
ЗэрыпхъуакIуэр ирахужьэжт.
Хы фIыцIэ Iуфэ лъэныкъуэр
Зэтезыкъутэурэ екIуэкI
Бийм гузэвэгъуэ яриту
Апхуэдэ зауэ щымыIа.
Уи удыным, Iэсятыкъуэ,
Нэхърэ нэхъ лъэщ ятемыхуа
Къыхуэт щымыIэу узэдауэ
КъыраутIыпщхьа джаурыдзэм.
***
Уэ узыхэхьэ зэхэуэм
И хъыбар зэхихыжыхукIэ
И тахътэм темызэгъэжу
Техьэгъуэ къытехьэт царым.
Уэ уизакъуэщ тегушхуэфар
Пащтыхь щIыхькIэ быдапIэуэ
Къуршхэм къыхаIущIыкIахэр
ЯфIызэтырикъутэну.
УздэщыIа, ущызэуа
Уи лъэужь махуэ къыщына
ЩIыпIэ къэс уэ уи фэеплъхэр
Щагъэуващ адыгэхэм.
ФIыщIэ мыгъэкIуэд а лъэпкъым
Уишыр псы щебгъэфа щIыпIэм,
Зи Iуфэ нэмэз щыпщIа псым
ФIаща уицIэр къадекIуэкIащ.
Бланэм хуэдэу зыдэбдзеуэ
Узыщхьэдэха къуэ задэм
«Щихъым и къуэкIий» хужаIэ
Дэнэ щыIэ апхуэдэ лъэпкъ!
Къуршхэм ягъэпщкIу бгъуэнщIагъхэми
Уи цIэ абы щызэрехьэ.
«Аращ фыкъезыгъэлар» жаIэ
Урыс псэжьхэм къыщаувыхьам.
Уэ бдалъэгъуам, уи щIэныгъэм
Тобэм къыхуигъэушхэри
Ябгъэдэплъхьа диным фIэкIа
Зэрахьэну ядэжакъым.
Нобэми адыг-шэрджэсхэм
Я деж цIыхум къыщалъыхъуэ
Iэмин-щихъым и фэеплъу
Щыт гу къэгъэкIыжыпIэхэр.
Пэувау бэнэныгъэкIэ
ЛIыгъэ хэлъу къимыкIуэту
Импер ябгэм пэщIэт лъэпкъхэр
Iэпыкъум къыщыхураджэм.
А джэ макъым и жэуапу
Iимам Щамил уздигъэкIуа
ЩIыналъэм мыкIуэдыжыну
Уэр фIэкI зым и цIэр щыIуакъым.
Уэ уи фэеплъ гукъэкIыжхэр
Къыщыбнэу уэ щIыпIэ жыжьэ
УКIУЭЖАМИ, «IЭМИН ПСЫ ЦIЫКIУ»
ЙОЖ - УЭЗЫРАЩ ГУМ КЪИГЪЭКIЫР.
Лъэпкъхэм я гыбзэр ятелъу яхуэфащэр я ужьым итщ
***
Урысым Iэхьэ хьэрэмкIэ
Игъэшхахэр псалъэ ятам
Темытыжу Iимам Щамил
ИраухылIам щепцIыжам;
КIэ зимыIэж зауэ хьэлъэм
ЩIалэхэр зыпэрызэщIам
Къэпсэхужыным нэмысу
ЛIэныр натIэ къащыхуэхъум;
Алыхьышхуэм, лIыкIуэ лъапIэм
Гу хуэщIынкIэ гъэнщIа щIыпIэм
Мыухыжын зыхуэкIуа зауэм
И дыджагъыр щыпкъырыхьэм.
Къабзэу ислъамым ихъума
Зипсхэр хущхъуэгъуэ псынэхэр
Бийуэ зэтыраупщIэтахэм
Я лъыпсым къыщигъэутхъуэм;
Нэмысыр хъуэпсэгъуэу зыхэлъ
ЛIыхъужь хахуэхэм я хэкур
ГущIэгъуншэу зэхакъутэу
Напэ ягугъэу щызрапхъуэм;
Щамил и мурид мыланджэу
Хуитыныгъэм щIэбэнахэр
Я щIыхьыр яфIэмыкIуэду
Шэхид хейуэ псэр щыхалъхьэм;
Дуней гъащIэм хэтыхухэкIэ
Я ахърэтым телэжьахэр
Я плъапIэхэм лъэмыIэсу
Iэщэр ягъэтIылъын хуей хъуащ.
Урысей щIыналъэ иным
И къарур тыриунащIэри
ХузэфIэкIащ зэхикъутэн
Дэхуэха хъуа Iимам Хэкур.
Iимамым и лIыхъужь пэжхэр,
ХахуагъкIэ цIэрыIуэ хъуахэр
Къытеуват лъагэу Iэта
Гъуниб щаузэда быдапIэм.
Зэхэуэ псом Алыхь Иным
Къаруушхуэт къащыхилъхьэр
Иджы мыбдеж, къашыргъэгъуэхэм
Зауэ ухыр къащыхуиухт.
Я ехъулIэгъуэт шэхидхэу
Жэнэтым екIуэлIэжахэр
Зэрыхэмыплъар а гуауэм
Къэзэуат нэужь гухэщIым.
***
Зэрыхабзэу Рэмэн лъэпкъым
Царыгъэр щызэIэпахым,
И адэр дунейм ехыжу
Унафэр къуэм щыIэрыхьэм;
Амал бзаджэхэм хуекIуэнкIэ
Къэфкъаз зауэр щырахьэлIэм
Щэху цIыкIуурэ щIадзащ «нэгъуэщI»
ПлъапIэхэри къызэкъуахын.
Къару шынагъуэм хигъащIэу
Бгырыс хэкур щикIуэтыпэм
ЗэпхагъэIукIыу хуежьахэщ
Зэуэну ягу имылъыххау...
Къару защIэкIэ а цIыхухэм
Я хуитыныгъэр тырахри
Тхьэ яIуащ фIыуэ ялъагъуу
ТопкIэ зэхакъута хэкур.
Зи хэкум папщIэ зи сэшхуэ
ЗыIэтахэм ягъэгужьейт
Я псэр IукIауэ загъэпщкIухэт,
ИкIуэсыкIыжт зауэ губгъуэм.
Алыхь IэмыркIэ насыпым
И щIыб бгыхэм щахуигъазэм,
Алыхь Iущыгъэм и щэхуу
ТекIуэныгъэр бийхэм щахьым;
Я Iэрылъхьэ хъуат абыхэм
Ямыхэку Iузых «IункIыбзэр»
Ауэ IэпкълъэпкъкIэ икIуэтхэм
ГукIэ япэлъэщыфынут?
Адрей лъыгъажэ кIыхьлъыхьхэу
ЛIэщIыгъуэкIэ екIуэкIахэм
ХэкIуэдатэкъым мы зауэм
ЗауэлIу IукIуэдам хуэдиз.
Гъуниб ущыкIуэкIэ гъуэгум
Зи хьэдэ щипхъа сэлэтхэр
КъуэкIийхэмрэ къуакIэхэмрэ
Сыт хуэдэ щIыкIэу щыщIалъхьа?
ЗауэлIу хамэ щIыналъэм
Езыхэм щафIэкIуэдахэр
ХэIущIыIу ящIыну шынэри
Я цIыхубэм щабзыщIыжащ.
Къэрал абрагъуэм пэщIэтын
Гу зыхурикъуа Къэфкъазыр
Зэраубыдыфа къудеймкIэ
ЗагъэщIагъуэу зызыхуагъэкът.
Iэщэрэ дзэ бжыгъэншэкIэ
Зэбэна лъэпкъхэм я хэкум
ЩызэIэщIилъхьащ Урысейм
ТекIуэныгъэр бзаджагъэкIэ.
ЗэбгъэрыкIуахэм я хэкум
МафIэ лыгъейр ирадзыри
Къэувыжащ зыщытхъужу
Хуэфащэ етщIащ жыхуаIэу.
Илъэс къэс нэхъ гуащIэ хъууэ
ГущIэр елыпщI а уIэгъэм
Iимам Щамилыр Iэрубыд
ЩащIа махуэм къытхуагъэнам.
…Къэфкъаз лъэпкъхэм IэштIым быдэу
ФIэщкIэ якъузар ятехуау
ХэщIыныгъэшхуэ яIами
Ужь и ужьыжым текIуахэщ.
ЦIыху цIыкIум имыгъэунэхуа
Хьэзабыр езгъэшэчахэм
ЛЪЭПКЪХЭМ Я ГЫБЗЭР ЯТЕЛЪУ
ЯХУЭФАЩЭР Я УЖЬЫМ ИТЩ.
1) Къэщидэ – щытхъу усэ
2) Iимам Щамил.
3) Iэсятыкъуэ – Мухьэммэд –Iэмин.
4) Хьилмы – щIэныгъэ.
5) Инхо – авар къуажэ.
6) Муршид – ущиякIуэ, гъуазэ.
7) Шэфэхьэт: къыщхьэщыжын, дэIыгъын.
8) Сэид – бегъымбар щIэблэ.
9) Мутэхьэлим - зэгъэщIакIуэ.
10) Хьалим – щIэныгъэлI.
11) Мэхърэдж-къыжьэдэкIыкIэ, къэпсэлъыкIэ.
12) СугъралI-къуажэцIэ.
13) Гъазий – Iимам Гъази Мухьэммэд; къэзэуатылI.
14) Мэджлис – зэхэс.
15) НэIиб – Iимам Щамил игъэува дзэзешэ.
16) Уэр – дзэшхуэ (адыгэбзэжь).
17) Рэмэнхэ-Романовы.
18) Хьэфиз – къурIэныр гукIэ зыщIэ.