Уэрэдыжьхэр: мэулид
Алыхьу гущIэгъубэ гущIэгъущIырейм и цIэкIэ соублэ
Ди хэщIапIэр ди мащэхэрщ – Ди упщIэхэр дигуащIэхэрщ
Ди гъуэгуанэри ди кIыхьхэращ – ДищытыкIэр дигъэщIэгъуэнщ
Нэхъуеиншэныр дикIыхьлIыхьщ – ДилIэныгъэхэр дигъунэгъущ
Ди былымхэр ди щIэинщи – Ди бынхэр ди зеинщэхэщ
Ди уэншэкури ди щIыщIагъращ – Дигъуэмылэр димащIэращ
Дижэщхэри дикIыхьхэращ – Ди щIегъуэжхэри ди куэдхэрщ
Ди хьэрэмхэр ди гьэзабщи – Дихьэлэлхэр дижэуапхэрщ
Ди Тхьэри ди иныращи – Ди Тхьэри ди ГъэгъуакIуэрщ
Ди фарзхэри ди нэмэзхэрщ – Ди къалэнхэр ди сэджытхэрщ
Ди щIэхьэпIэр ди жэнэтхэрщ – Ди Мухьэммэд псэм и Iэзэщ
Мухьэммэд хъэбарегъащIэщ – Мухьэммэд ди щхьэщыжакIуэщ
Мухьэммэд ди къегъэлакIуэщ – Ди Мухьэммэд ди нэхъыфIращ
Ди Мухьэммэдыр ди лIыкIуэщ – Ди Мухьэммэдыр ди пашэщ
Ди Мухьэммэд ди зиусхьэнщ – Ди Мухьэммэдыр ди фIылъагъущ.
Дыжьыныфэу нур щидз мазэм
Дыжьыныфэу нур щидз мазэм
Мухьэммэдыр къалъхугъащ,
Нуру къахэблэну цIыхухэм
Азалыхьым иухащ.
Мэрем жэщым сабийм и псэм
Щыхьэрибгъур къиплъыхьащ,
А пщэдджыжьым хьэрып къуажэм
Уэшх узынши къыщешхащ.
А псэ къабзэр къызэралъхуу
Гъаблэр щIыгум икIыжащ,
КъащыхуэкIуэм уэхьийр жэщу
Сабийр псоми къацIыхуащ!
Мэулид мазэр угъурлыуэ
Мухьэммэдым тыраIуащ,
Муслъымэну щыIэу хъуами
ЯгъэлъапIэу къэуващ!
Мухьэммэдыр ныбэм щилъым
И анэу дыщэр къэгуфIат,
Жэщ къэсыхукIэ уафэм къикIыу
МелыIычхэр къыхуэкIуат!
Мухьэммэдыр къыщалъху жэщым
Вагъуэу щыIэр зэхуэсащ,
Бзэ зимыIэу щыIэ псори
А жэщ лъапIэм зэпсэлъащ!